Сочинение на тему си хэку на кабардинском языке

На чтение 9 мин. Просмотров 176

Сочинение по родному (черкесскому) языку на тему: Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Раздел Другое
Класс
Тип Другие методич. материалы
Автор Лостанова Р.Х.
Дата 26.01.2016
Формат doc
Изображения Есть

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

Cи хэкууэ дыщэ губгъуэ,

Кавказым и щIы фIыгъуэ,

Уи теплъэм IэфI ещI псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Источник

Конкурсное сочинение 2 на тему: «Моё отношение к обычаям и традициям моего народа» ( на кабардинском языке)

Конкурсное сочинение 2 на тему: «Моё отношение к обычаям и традициям моего народа» ( на кабардинском языке)

«Зэманым ек1у. Арщхьэк1э урихьэжьэу,

УмышДэ зэик1 ушДышДегъуэжын,-

Сытыц1э ф1ащлли, ц1ыхур шДым щыхьэшДэщ,

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

ученика 8-го класса Муниципального казенного общеобразовательного учреждения СОШ №25 г.о. Нальчик,

Руководитель: учитель кабардинского языка и литературы МКОУ «СОШ №25»

Русфонд (Российский фонд помощи) создан осенью 1996 года для помощи авторам отчаянных писем в газету «Коммерсантъ». Проверив письма, мы размещаем их в газетах «Коммерсантъ» (Москва), в газетах «Ставропольская правда», «Ставропольский бизнес», на сайтах rusfond.ru, livejournal.com, «Эхо Москвы», Здоровье@mail.ru, в эфире «Первого канала», на телеканалах ГТРК «Ставрополье», «СТВ», а также в 51 печатном, телевизионном и интернет-СМИ в различных регионах РФ.

Мы организуем и акции помощи в дни национальных катастроф. Фонд – лауреат национальной премии «Серебряный лучник». Президент Русфонда – Лев Амбиндер, лауреат премии «Медиа-менеджер России» 2014 года в номинации «За социальную ответственность медиа-бизнеса».

Благотворительный фонд «РУСФОНД», ИНН 7743089883, КПП 774301001, р/с 40703810700001449489 в ЗАО «Райффайзенбанк» г. Москва, к/с 30101810200000000700, БИК 044525700.

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Адрес фонда: 125252, г. Москва, а/я 50; rusfond.ru; e-mail: rusfond@kommersant.ru.

Телефоны: в Москве 8-800-250-75-25 (звонок бесплатный, благотворительная линия МТС), факс 8-(495)- 926-35-63.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

Прийти с реквизитами фонда (см. ниже) в любой банк и сделать перевод. Внимание: Сбербанк не облагает переводы в Русфонд комиссией. В строчке «назначение платежа» обязательно укажите, какому ребенку конкретно вы хотите помочь (Например: Пожертвование на лечение Имя Фамилия (ребенка в данной публикации СМИ). НДС не облагается).

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

Выберите кнопку «Оплата услуг», затем «Другие», затем кнопку «Благотворительность» и Русфонд («Российский фонд помощи»). Введите свой номер телефона и внесите пожертвование. Внимание: эта помощь безадресная. Если вы хотите, чтобы пожертвование поступило именно детям из Ставропольского края или конкретному ребенку, то после перевода сообщите его имя и фамилию нам по телефону: +7 (928) 328-02-09.

Источник

Учебно-методическая разработка «Си Хэку»

учебно-методическая разработка по кабардинской литературе посвящается изображении в произведениии Б. Куашева родного края. в работе отражается красота и богатство родного края, его достопримечательности. отрывки из произведений народных поэтов, пословицы и поговорки помогут полностью раскрыть тему.

Просмотр содержимого документа
«учебно-методическая разработка «Си Хэку» »

МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны

Узолъагъур си псэм хуэдэу,

Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,

Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу

Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.

Къанкъул Ф I ыц I э.

Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.

Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;

Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;

Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;

Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.

2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».

Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.

3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.

КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ

Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.

БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.

Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,

Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ

Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.

Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».

Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.

«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.

«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.

Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.

Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.

4. Словарнэ лэжьыгъэ:

Гуэн – гъавэ хъумап1э.

Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ

Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.

1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.

Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.

5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:

Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.

Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.

Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.

Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.

Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.

Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!

Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.

Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.

Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.

Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!

Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!

6. Яджар егъэбыдыл1эн:

« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»

«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»

«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»

«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»

«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,

«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»

Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»

«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»

«Хы щхьэфэу мэбырыб»

«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»

«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»

«Уи ныджэм щопIейтей»

«Уи губгъуэр зэрахьащ»

«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»

«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».

«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»

«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»

«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»

«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».

Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

Источник

Слайд 1Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба

Учителя первой категории

Хамуковой Мадины Хабасовны

Учебно-методическая разработка

Учебно-методическая разработкаМОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба           Учителя


Слайд 3Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ

дахэр зи лъэпкъ напэу
АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.

Къанкъул ФIыцIэ.

Эпиграф Узолъагъур си псэм хуэдэу, Къэбэрдейуэ нартыжь хэку, Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.


Слайд 4Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и

беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ

лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.

Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.Мурадыр:Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;Усак1уэм и


Слайд 51. Литературнэ дакъикъэ.

Щомахуэ А. «Ди Хэкур».

Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.

1. Литературнэ дакъикъэ.


Слайд 62. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман

гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1

и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.

2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ


Слайд 73. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур

лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум

емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.

3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжьУи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.Хэти езым и Хэкур


Слайд 8Адыгэ литературэ
3 — нэ класс
КIуащ БетIал «СИ

ХЭКУ»

Адыгэ литературэ 3 - нэ классКIуащ  БетIал


Слайд 9 КIуащ БетIал

и хронологическэ таблицэ

КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ


Слайд 10 4. Словарнэ лэжьыгъэ:

Къыр таж

— жыр мывэ блын лъагэ
Къунан — илъэсищым

ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.

5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:

4. Словарнэ лэжьыгъэ:   Къыр таж - жыр мывэ блын лъагэ   Къунан


Слайд 11Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр,
Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр

птеплъэ нэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр!


Слайд 12Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу,
Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож

уи Есэнт1ыгу.

Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.


Слайд 13Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей,
Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ

турбинхэр пхуагъэхъей.

Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.


Слайд 14Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.


Слайд 15Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.


Слайд 16Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ,
К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм

щхьэщитхъащ.

Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.


Слайд 17Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,
Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр

убзэншэу уощ1 1эрып1.

Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,  Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.


Слайд 18Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у,
Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми

уопэк1у.

Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.


Слайд 19Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн!
Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи

щ1ым гуэн!

Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!


Слайд 20Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,
Аузхэм щыбэщ

мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.

Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,   Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.


Слайд 21Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт,
Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и

сурэт.

Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.


Слайд 22Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж,
Нарт лъэпкъыу уил1

жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.


Слайд 23Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф,
Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм

зэхотыф.

Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.


Слайд 24Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,
Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи

ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!

Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,  Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!


Слайд 25Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт.
1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым

къызыхуэт.

Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.


Слайд 26Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр!
Кавказым и щ1ы

ф1ыгъуэ,
Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ,   Уи теплъэм 1эф1 ещ1


Слайд 276. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ

къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.

6. Яджар егъэбыдыл1эн:Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;Дызыгъэгуф1эр;Дызэрыгушхуэр;Дызэрыпагэр.


Слайд 28« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ

из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ

бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»

Зэгъэпщэныгъэхэр:

« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»«Къэхъугъэм и епэр»«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ, «Жьак1ацэу щхьэмыж


Слайд 29«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм

щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр

гуфIэ блынхэм»

Къэгъэпсэуныгъэхэр:

«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»«Уи ныджэм щопIейтей»«Уи губгъуэр зэрахьащ» «ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».«1уащхьэмахуэ плъыр


Слайд 30«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».

Эпитетхэр:

«Дыщэ губгъуэ»«Псы 1элхэр»«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»«ЩIыпIэ дэгухэм»«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».		Эпитетхэр:


Слайд 31Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ,
ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.


Слайд 32Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.


Слайд 33Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.


Слайд 347. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун,

егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын

8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

7. Урокым и итог:Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.


^ Ди Хэкур.
Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди Хэкур кавказ жьэгум,
1уащхьэмахуэр къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу и нэгу щ1эту.
Хъугъуэф1ыгъуэу Кавказ бгъуэщ1ым
Щ1элъыр зыми хуэлъытэнкъым.
Щыщ1эу щытым къыщ1ах «гъущ1ым»,
Космос кхъухьри уэгу лъэтэнкъым.
Хущхъуэпс хуаби къыщ1ож уэру,
Уефэ пэтми зык1и хэщ1къым.
Тогъэзэжри уэ аргуэру
Уофэ, ауэ зыщыбгъэнщ1къым.
Къыдэк1ыжи къурш аузым,
Къэк1ухь, уеплъу уздынэсым, –
Щ1ыгулъ тафэщ, щ1эуэу мэзым,
Зэпаупщ1у ар къуршыпсым.
Хьэдзэу хэпсэр берычэту,
Щ1ыр хигъащ1эу уэру къок1ыр.
Мэкъумэшыщ1эм и хьэрычэту,
Гектар къэск1и щэ къыщ1ок1ыр.
Аркъудейкъым ди Хэку дахэр
Псоми ящ1эу зэрына1уэр.
Щ1ыхьк1э еблэ ц1ыхум лъахэр,
Аращ и ц1э къыщ1ыра1уэр.
Акъылщ, л1ыгъэщ зэрыпак1уэр.
Ахэр езым къыдалъхуауэ.
Л1ы жыхуа1эщ и лэжьак1уэр,
Ялъэгъуакъым хуэмыхуауэ.
Ди балъкъэрыр, ди адыгэр
Зэкъуэшит1у исщ зы хэкум.
Зэкъуэшыгъэр ягъэлъагэр,
Ныбжь дидзэнкъым а т1ум я кум!
^ Щомахуэ Амырхъан
Ди Хэкум сыт хуэдэ лъэпкъхэр иджыри ис?
Мы гъэм сыт хуэдэ махуэшхуэ дгъэлъэп1ар?
Же1э Хэкум уи уэрэд.
Еп1уэтыл1эу уи мурад,
Же1э Хэкум уи уэрэд.
Уи нэ, уи псэу ар уэ лъагъу,
Сытым щыгъуи абы щ1ыгъу!
Уи Хэку – анэр уи псэм пэщ1,
Уардэу дамэр уэри шэщ1,
Жи1э псалъэр т1у умыщ1,
Ц1ыху фэрыщ1ым дзыхь хуумыщ1!
Же1э Хэкум уи гурылъ,
Мамырыгъэр уигу игъэлъ.
Гъащ1э нэхум уэ щ1эхъуэж,
Уи гурыщ1эр ф1ым хуэгъэпс!
Щ1эблэм хуэпщ1у анэмэт,
Хэку бэракъыр лъагэу 1эт –
Къуэми бгыми ящхьэщых,
Уардэу хуарзэу уафэм дэх!
^ Гъубж Мухьэдин
Си Хэку лъап1э.
Зи насыпыр схуэдэу лъагэу
Къыщывгъуэтыт щ1ы хъурейм.
Сытоу1уэ си бгъэм пагэу –
Сэ срикъуэщ Къэбэрдейм.
Уэ уи щ1ыхьым къебж си уарсэр,
Адэжь лъапсэу Къэбэрдей.
Уи ц1ыхугъэрщ си шу гъусэр,
Сэ си гъащ1эр уэращ зейр.
Сок1ур гъуэгур лъэрытету,
Си пкъыр жану зэф1эбгъэтщ,
Сытым щыгъуи сыбгъэгъуэту,
Ф1ыгъуэ псоми сыхэбгъэтщ.
Тк1уэпс зырызу лъыуэ сщ1этыр
Уэ уи гъащ1эм хэзгъэтк1уам,
Схуэпшынкъым уэ уи ф1ыщ1эр,
Илъэс минк1э сыпсэуам.
Сэ си 1уэху, сощ1 тхьэлъапэ,
Ныпхуэхъуамэ, уэ сэбэп,
Къэбэрдейуэ, си Хэку – анэ,
Сыхуэмей нэгъуэщ1 насып!
Нэгумэ Умар
Сыт мы усэ сатырхэр зытеухуар? (Лъахэр, Хэкур арщ)
Лъахэм, Хэкум щхьэк1э сыт къыджи1эр усак1уэм?
Егъэджак1уэм. Щы1экъым ущалъхуа Хэкум хуэдэ зыри. Дэтхэнэ зы ц1ыхуми анэ быдзышэм хэту Хэкум хуи1эн хуей ф1ылъагъуныгъэр и псэм хэпщ1а мэхъу. А лъагъуныгъэм къару къытхелъхьэ, ди псэр къулей ещ1. Арауэ хъунщ пасэрейм щыжи1ар: «Хэку зимы1эм псори щ1ы1э къыщохъу».
Сыт Хэку, Лъахэ псалъэхэм ди нэгу къыщ1агъэхьэр? (Еджак1уэхэм кърабжэк1: ди губгъуэхэр, мэзхэр, 1уащхьэмахуэ, анэ, адэ, псыхэр…)
Егъэджак1уэм. Къыщалъхуа Хэкум теухуауэ адыгэ усак1уэхэм ятхахэм щыщ гук1э зэвгъэщ1эну унэ лэжьыгъэу фи1ащ. девгъэда1уэт абыхэм.
^

Адэжь щ1ыналъэ

Си адыгэщ1у си гъащ1э дамэ,
Дудей дахагъэр къызыдэуш,
Уэ узмылъагъуу махуэ дэк1амэ,
Къурш псынэ щ1ы1эу, сыныпхуозэш.
Анэш и бгъафэу, уи бгъэщ сыщ1элъмэ,
Жэнэтыр аркъэ, си адыгэщ1
Си гур пшыналъэу къызэрылъмэ,
Зи ф1ыщ1эр уэрщи, щхьэщэ пхузощ1.
Къурш къэрэгъулхэр из гущэ къуапэу,
Щ1ышхуэм и набдзэ, и дыщэ пшэплъ,
Макъ зэмыфэгъук1э къыпхуэбзэрабзэу,
Уэ къуалэбзуми урагухэлъщ.
Си адыгэщ1у си щ1ылъэ – анэ,
Насып уанэгум сызыгъэшэс,
Дыгъэ нэбзийхэр си шык1эпшынэу
Нобэ уэрэдхэр сэ пхузоус.
^ Джэдгъэф Борис
Бзу ц1ык1ухэр гъэбзэрэбзэн (магнитфон)
Си Хэку лъап1э.
Уэращ, природэм къинэмыщ1к1э,
Зи лъэпкъыр ину къэхъуфар,
И гур дэхуабэу дыгъэ бзийк1э
Тхьэмыщк1эм и нэм щ1эплъэфар,
Дыгъэм идз нурыр а зы махуэм
Щ1ы к1апэ псоми зэ нэмыс.
Ауэ уи л1ыгъэм къыпих нэхур
Зигу ф1ы илъ псоми я гум нос.
Лъэпкъ зэкъуэшыгъэм и быдагъыр
Уи гъащ1э гъуэгум щыбожыхь.
Уи щ1ыхь, нэмысым и инагъыр
Мэхъур щ1ыми уэгуми я къэухь.
Природэм гъащ1э щызэхилъхьэм
Къыхуэгъэщ1акъым мыкъутэж.
Уэ зырщ уахътыншэр дуней пащхьэм,
И щэнкъым дыгъэм игъэзэж.
^ Шорэ Хьэсин
Си Хэку.
Си Хэкууэ дыщэ губгъуэ,
Къэхъугъэм и епэр,
Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ,
Дохьэхыр птеплъэ нэр!
Акъужьыр, алъп сэхъуауэ,
Уи ныджэм щоп1ейтей,
Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ
Турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу 1уащхьэмахуэ
Плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ,
Аузхэм щызэрахуэ
1эщ бжыгъэр вагъуэ лъытщ.
Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр
Хы щхьэфэу мэбырыб,
Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр
Убзэншэу уощ1 1эрып1.
Уи ц1ыхухэр ф1ыщ1э хэлъу
Лэжьыгъэм гугъу дохьыф,
Уэрэдк1э зэрылъэлъу
Гуф1эгъуэм зэхотыф.
Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ
Щысщохъур уэ уи дей,
Узи1эщ – сымыфыгъуэ!
Уи ф1эщ щ1ы, Къэбэрдей!
К1уащ Бет1ал
Мамырыгъэр щрет тепщэу.
Щ1алэгъуалэм ди нэм, ди псэм
Ди Хэку – анэр упыдощ1ыр.
Дибгъэщащи япэ шыпсэм,
Мази вагъуи ныбжьэгъу дощ1ыр.
Щ1алэгъуалэм дыгъэ гъуазэу,
Ди Хэку дыщэ, уэращ ди1эр,
Дитщ уи щыгум, гъатхэ мазэу,
Ди гур здэплъэм нэсу ди 1эр.
Щ1алэгъуалэм дэ гухэхъуэ
Ди Хэку – анэрщ зыдэтлъагъур.
Ди щ1эныгъэм, гугъэм хохъуэ,
Сытри хуиту арщ щ1этлъагъур.
Щ1алэгъуалэм гъащ1э лъагъуэ
Хэтшынщ, Хэкур гум щыдгъаф1эу.
Насып гъуэгум тыдолъагъуэ,
Долъэбакъуэр дэ гуащ1аф1эу!
Щ1алэгъуалэм ди жьыр къепщэу,
Ди Хэку – анэм дитщ и куэщ1ым.
Мамырыгъэр щрет тепщэу,
Дыщихъумэу дэ гухэщ1ым.
^ Гъубж Мухьэдин
Сыт хуэдэ гупсысэ нэхъыщхьэ усэ фыкъызэджахэм хэлъ? (Ущалъхуа, укъыщыхъуа, узыщыпсэу Хэкум хуэдэ зыри щы1экъым)
Егъэджак1уэ. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна ф1ыгъуэ мылъытэхэм щыщщ псалъэжьхэр. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Псалъэжьхэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ.
Ди Хэкум, Лъахэм теухуа псалъэжьхэр дигу къэдвгъэк1ыжыт.
^

Хэкумрэ лъахэмрэ теухуахэр псалъэжьхэр

«Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж».
«Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу». (Мы псалъэжьым и псалъэхэр зыблэгъэувык1ын: Хахуэ, Хэкум, мэхъу, игъэгушхуэр)
«Хэкум емык1у къылъысмэ, псэемыблэжу къыщыж».
«Хэку зимы1эм псори щ1ы1э къыщохъу.»
«Хэкужьыхьэ лъэщщ».
«Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ си Хэкужь сыщыл1э».
«Хэкум емык1у къылъысмэ, ущымысу тэдж».
«Хэкур анэм хуэдэщ» (Мы псалъэжьым и мыхьэнэр дауэ къывгуры1уэрэ?)
Iэрыщ1 сурэтхэм тегъэпсэлъыхьын.
Яджар къызщ1экъуэжын.
Хэт сымэ нобэ зи гугъу тщ1а усак1уэхэр?
Сыт хуэдэ усэхэр дигу къэдгъэк1ыжа?
Вывод:
Сыт нобэ щ1эуэ къэтщ1ар? (Хэкур, ц1ыхухэр хъумэн зэрыхуейр)
Фэ сыт Хэкум иджыпсту хуэфщ1эфынур? (Ф1ыуэ еджэн)
Унэ лэжьыгъэ: Б/З. Сочиненэ «Си Хэку дахэ»
ХЪУЭХЪУХЭР
1) Ди нэхъыщ1и ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, гуф1э тхъэжу дызэдэпсэуну сохъуахъуэ.
2) Ди 1эр гуапэу къаубыду,
Демыблэжу ди гуащ1эм,
Гъащ1э дахэр нэхъ дахэж тщ1ыуэ,
Куэдрэ узыншэу
Дыпсэуну сохъуахъуэ!
Егъэджак1уэ. Нобэ къытхуеблэгъа, дызыгъэгушхуа ди хьэщ1э лъап1эхэм «Берычэт бесын!»
Урокыр адыгэ къафэк1э зэхуэщ1ыжын.

метки: Срибийщ, Срителъхьэщ, Мамырыгъэм, Хуемыiэ, Цiыхухэм, Куэдым, Гъащiэ, Ситмэ

Поделитесь с коллегами:

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

Cи хэкууэ дыщэ губгъуэ,

ГъащIэщIэм и епэр!

Кавказым и щIы фIыгъуэ,

Уи теплъэм IэфI ещI псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цiыхухэм я гъащiэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

22 стр., 10815 слов

КЪЭЖЭР ХЬЭМИД УЭРЭД ЩIАУСЫР Литературэ портретхэр НАЛШЫК «ЭЛЬБРУС» …

… нэхърэ нэхъ Iэзэу абы тетхыхьар игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Сокъур Мусэрбийщ. Тхьэгъэзит Зубер и творчствэр ди Хэкум щызэлъащIысам, … щытхъу псалъэ гуапэхэр. Тхьэгъэзит Зубер и творчествэр ди лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэрыхыхьэрэ куэд щIащ. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр хрестоматием … Иджырейри, КъэкIуэнури зыуэ щызэхэжабзэж Зэманыр, – а псори щызэхэхуэж «тенджызыр» дахэ къудейтэкъым. Ар икIи абрагъуэт. …

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уэгум сихьамэ,

щIылъэр си плъапIэщ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Уи къалэ щхьиблым

Зыкърагъэщхьу,

Вагъуэзэщиблыр

жэщкIэ зэщIоблэ.

А блым еянэу,

Нэхъ ябжьэфIэкIыу

Си гурыфIыгъуэр

Адыгэ хэкукъэ.

Уи нэр зыдэплъэм

Уи лъэр лъоIэсыр.

Къырым илъ дани

УлъэIэсакъэ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

«Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъу»

« Си Хэку,

Ппэсщ1ыни сгъуэтынкъым,

Хэт къыптек1уэну дахагък1э?

Сыпхуэусэнуи сешынкъым,

Си адэжь Хэку, гъэ минк1э!»

( Гъуэщокъуэ Хъусин.)

Сыту мыхьэнэ куэд и1э Хэку псалъэм! Дунейм ц1ыхуу тетым хьэуа къабзэр яшэн зэрыхуейм хуэдэу , Хэкуи я1эн хуейуэ сэ къызолъытэ.

Хэкур- анэщ , псэщ, дыкъыздалъхуа щ1ыналъэщ. Сабийр дунейм къызэрытехъуэу и анэ быдзышэм хэту зыхешэ Хэкум и лъагъуныгъэр. Дыкъыздалъхуа щ1ыналъэм пэжыжьэ дызэрыхъуу, дыхуезэшу щ1ыдодзэ. Дыхуэзэш къуажэ уардэм, ди ц1ыху щыпкъэхэм, ди къэк1ыгъэ дахэхэм, ди псы жьгъырум. Дыхуозэш , сыту жып1эмэ дэ абы дыщыщ 1ыхьэщ. Сэ си Хэкуу собж сыкъыщалъхуауэ сызыщыпсэу си къуажэ дахэу –Куэш-Хьэблэ. Си щ1ыналъэ дахэ, сыт хуэдэ лъагъуныгъэ пхузи1э сэ уэ! Дунейм и щ1ып1э нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ ди щ1ыналъэр. Хэт и1э ди къурш дахэхэм хуэдэ, ди псы уэрхэм я къабзагъэм хуэдэ?

Сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э Хэкум ц1ыхум и гъащ1эм? Сытым ищ1ыс ц1ыхур Хэку имы1эмэ? Гъащ1эр мыхьэнэншэ мэхъу. Анэншэ гъащ1эр к1ыф1 зэрыхъум хуэдэщ, Хэкур пф1эк1уэда нэужь.

Хэкур ди гъащ1эм и зэманым и илъэс нэхъыф1хэр здек1уэк1а здек1уэк1а щ1ыналъэщ, ар ди щ1алэгъуэр здэдгъэк1уа щ1ып1эщ. Нэхъыжьхэм дэ зыхыдагъэубыдэ дысабий щ1ык1э ди адыгэ хабзэф1хэр, игъащ1эк1э адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уахэр.

Гъуэщокъуэ Хъусин жи1ауэ щытащ: « Хэкум худи1э лъагъуныгъэр къыщ1едзэр унагъуэм и деж». Унагъуэм зэгуры1уэныгъэ илъмэ, нэмыс, пщ1э я1эмэ, бынри гъэса мэхъу. Сэ хуабжьу срогушхуэ сыкъызыхэк1а лъэпкъымрэ унагъуэмрэ. Сэ ди унагъуэм ис нэхъыжьхэм ядэслъэгъуащ хабзэф1 куэд, зыхэзубыдэмэ къысщхьэпэжынк1э къэслъытэу. Ныбжьыщ1эм и унагъуэм щ1эсым пщ1э яхуищ1мэ, и лъэпкъми, и Хэкуми пщ1э хуищ1ынущ. Дэнэ къыздыщ1идзэр Хэкур? Сэ сыщыщщ адыгэ лъэпкъым. Си Хэкумрэ лъэпкъымрэ гугъуехь куэд зышэчам ящыщщ, ауэ лъэгуажьэмыщхьэу зэи ягъэувыфакъым. Икъухьащ иджыпсту си лъэпкъэгъу куэд дунеишхуэм, ик1и сэ ар хуабжьу сигу къоуэ. Ауэ дэ псори догугъэ лъэпкъыр зы дыхъужыну, ди хэкуэгъухэми къагъэзэжыну.

Дэ иджыри дысабийщ, ик1и дунейм псори тыншу тет къытщохъур. Псом япэрауэ, ди Хэкум пщ1э хуэтщ1ын хуейщ, деджэу, абы и щ1ыхьыр ину зэрыт1этыным дыхущ1экъун хуейщ. Щ1эблэм зэдгъэщ1эну ди пщэ илъщ лъэпкъым и къек1уэк1ык1ар,

и блэк1ар. Дунейм тету къыщ1эк1ынкъым зы лъэпкъ ди хабзэф1хэм хуэдэ зи1э. Л1эщ1ыгъуэ куэдк1э къыдогъуэгурык1уэ ахэр лъэпкъым. Ди щ1эблэ къытщ1эхъуэнум хуэтхъумэн хуейщ ди хабзэ дахэхэр. Илъэс бжыгъэ куэдк1э щ1эбэнащ адыгэр и щхьэхуитыныгъэм ик1и хуэмыфащэу ирагъэбгынащ и Хэкур.

Ауэ дэ иджыпсту ди щ1эблэр хуиту допсэу, доджэ, долажьэ. Гукъеуэншэу дызэрыпсэум я ф1ыщ1э хэлъщ Хэку зауэшхуэм зи щхьэ зыгъэт1ылъа ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм я псэр ятащ, дэ тыншыгъуэр къытхуалъэщу. Зауэ дыджым и гуауэр здынэмыса щ1ыналъи, унагъуи къэнакъым. Илъэс бжыгъэ тек1ыжами , дэ а л1ыхъужьхэр тщыгъупщэжынукъым зэи , сыт щыгъуи дигу илъынущ. Сыт дунеим дыщ1ытетыр? Сыт хуэдэ мыхьэнэ и1э ц1ыху гъащ1эм? Сыт хуэдэ лъэужь къэдгъэнэфыну? Дэ куэдрэ дызоупщ1ыж. Упщ1эхэм жэуап еттмэ, жы1эпхъэщ: ди унагъуэм , 1ыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм ядэ1эпыкъун хуейщ. Ди Хэкур, къуажэр, дунейр хъумэн хуейщ. Ди къэралым и мылъкум хэгъэхъуэн хуейщ. Дэращ, щ1эблэрщ , абы хуитыр.

Сэ сыхуейщ щ1алэгъуалэр къыхуезджэну ди Хэкур зэрытхъумэжын хуейм. Хьэуар къабзэу, дунейр нэхуу щытыным папщ1э, тлъэк1 къэдмыгъэнэну. Дызэкъуэтмэ — дэ дылъэщщ! Дызэкъуэту ялъагъумэ, зыри къыттегушхуэфынукъым ик1и ди гугъу ящ1ынукъым.Псоми тхузэф1эк1 гуэрк1э ди Хэкум и сэбэп къэтхьмэ,ар хэлъхьэныгъэшхуэ хъунущ. Согугъэ ди Хэкум зиужьыну махуэ къэс, нэхъ дахэ, нэхъ лъэщ хъуну. Дэрк1э нэхъапэр – еджэнращи, тлъэк1 къэдмыгъанэу деджэнщи ди лъэпкъым, Хэкум сэбэп къыхуэтхьынщ.

Насыпышхуэу солъытэ Хэкум ухуэфащэу упсэуныр.

Хэхъуэ, зыузэнщ1, си Хэку дыщэ!

Кабардино – Балкарский 
государственный университет

им.Х.М. Бербекова

Конкурс эссе

«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»

«Напэр псэм япэщ»

https://vr-vyksa.ru/media/images/chronika_VOV_ANAxmFy.max-1200x800.jpgЛэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:

Бахъсэн къалэ дэт  етхуанэ
еджап1эм

и епщ1анэ классым щеджэ

Азычэ Ясминэ

 Егъэджак1уэр:

Л1эужь Залинэ

2021 гъ.

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса­кIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ­уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ­уатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр.  Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ.
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм  теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI…
ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм  – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.

Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр

Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!

Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,

ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!

ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,

КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,

Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ

ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.

Окопым
къокIри зы долъей,

И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.

ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,

Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.

Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.

ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:

«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,

Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»

1945 гъ.

(К1ыщокъуэ
Алим)

«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и псэр — бзэрщ. Бзэр зэрызэпсалъэ, зэрызэгуры1уэ, дунеир къозыгъащ1э 1эмэпсымэщ. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы гъащ1и и1энукъым. Бзэр имы1эмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж.

Зэрыжа1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Пэжщ, ипжк1э зэрыжыс1ащи, къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.

Адыгэбзэр бгъэлъэп1эн, бгъэбэгъуэн, бгъэбзэрэбзэн папщ1э, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщ1эту ущытын хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зы1эщ1эдгъэк1, 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым. Ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ, бзэм зедгъэужьыну дэрэжэгъуэу ди1эу дыщытын хуейщ. «Бзэр зэм нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъэгъун, егъэджын, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэм ЮНЕСКО – м мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. 

Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ.

— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Сыхуейт Тхьэгъэзит Зубер и усэк1э сыухыну:

Анэдэлъхубзэр ущымыIатэм

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

Понравилась статья? Поделить с друзьями:

Новое и интересное на сайте:

  • Сочинение на тему современная женщина семья или карьера
  • Сочинение на тему смех сквозь слезы в поэме гоголя мертвые души
  • Сочинение на тему сказка нужна не только детям
  • Сочинение на тему си анэ дыщэ
  • Сочинение на тему снег на ветвях

  • 0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии