ОТВЕТЫ
И л1ыгъэрэ хахуагъэк1эрэ,1ущагърэ акъылк1э , ц1ыхугъэрэ нэмыск1э ди лъэпкъыр зыгъэбжьыф1эу л1эщ1ыгъуэ куэдым къак1уэц1рык1а ди лъэпкъым нобэми и мащ1экъым адыгэхэм и пщ1эр лъагэу зы1эта хэкул1хэр. «Ди лъэпкъым и л1ыхъужь» яхужып1э хъунущ апхуэдэхэм. Апхуэдэщ – Идар Темрыкъуэ. Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищ1ащ, тхыдэми литературэми увып1э ин щеубыд. Ар къэбэрдей пщыхэм я нэхъыбэм “пщышхуэу” е “пщы нэхъыщхьэу” ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы пэщ1эувэ. Темрыкъуэ хущ1экъурт Кавказ Ищхъэрэм щы1эщ1элъ хэкум абы и купщ1эм хуэфэщэн пщ1эрэ увып1эрэ Къэбэрдей псом зэкъуэту щи1ыгьыным. Абы и хэк1ып1эт Къэбэрдейм къэралыгъуэ унафэр зы пщышхуэм щы1эщ1элъыныр. Апхуэдэ зы къэралыгъуэ лъэщ къызэгъэпэщыныр Темрыкъуэ и мурад нэхъ ин дыдэт. Ар къехъул1эн папщ1э Урысейм и политикэр къигъэсэбэпурэ, Темрыкъуэ Кавказ Ищхъэрэм лъэщ щыхъуным, урысхэм я ипщэ — къуэк1ып1э къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным гулъытэ нэхъыбэ щыхуащ1ырт.Мы къэдгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ Темрыкъуэ и пхъур урысей пащтыхьым щритым, и мурадам щыщ зы 1уэхугъуэр — Къэбэрдейм зы пщыгъуэ унафэр щыгъэувыныр быдэу игу зэрилъар. Адэк1э Къэбэрдейм щек1уэк1а 1у
261
Отв. дан
2018-11-20 03:03:20
Виктор

Шыф1ыр л1ыгъэм и ныкъуэщ
Ц1ыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищ1ар ди лъэхъэнэм ипэк1э е 3-нэ илъэс минрауэ хуагьэфащэ.
Ди лъэпкъым и гушхуап1э нартхэр щыщы1а зэманым шымрэ ц1ыхумрэ пхузэк1эрымыхыжын зэхуэхъуагьэххэт. Шы лъэпкъ къэгъэщ1ынк1и, а псэущхъэ угъурлыр тэрэзу зехьэнк1и гъэсэнк1и 1эмалыф1э хъуагъэххэт.
Нартхэр щыпсэуар илъэс мин 3,5-м щ1игъужауэ къыщалъытэк1э, нэгу къыщ1эгъэхьэгъуейщ ди лъэпкъымрэ шымрэ къызэдак1уа гъуэгум и к1ыхьагъыр, ахэм бэлыхьуи гуф1эгъуэуи зэдагуэшар.
Адыгэхэм апхуэдизк1э я гумрэ я псэмрэ хыхьат а псэущхьэ дахэр, щхьэпэри, абы ф1ащащ я анэ къадилъхуахэм я ц1эр — «шы» (къуэш, шыпхъу, анэш). Адыгэхэм къинэмыщ1ауэ лъэпкъ дунейм тету къытхуэгъуэтакъым апхуэдэ гъэлъэп1эныгъэ а псэущхьэм хуищ1ауэ. Аращ иригушхуэу ди лъэпкьым жезыгъэ1ари: «Адыгэшрэ адыгэл1рэ».— жэуэ. А т1ур зэгуэпх мыхъуну ялъытэт, адыгэл1ым и шыр ф1эк1уэдамэ, — и щ1ыльэныкъуэр гуэхуауэ арат. Жа1эж адыгэл1ым и уанэшыр щыф1адыгъум и нэ лъэныкъуэр ирищ1ыжауэ, ар щащ1эм зэримылъэгъуам папщ1э.
Адыгэхэр апхуэдизк1э шым хуэсакъыу, хуэщабэу щытти, адыгэ щ1опщым и к1апэм, шым ил имыгъэузын папщ1э фэ щэбабзэ (банифэ) е щэк11ув падэт. Адыгэ шумк1э щ1опщыр зэраху 1эмэпсымэтэкъым, ат1э шу фащэ къудейт. Щууейм и шым щ1опц уэгьуэ ирихамэ, ар къызэрымык1уэ къэхъугъэ ящыхъут.
Нэхъапэ дыдэ адыгэ шууейхэм урыс офицерхэм я шырыкъухэм ф1элъ шыгъэц1ывыр щалъэгъуам, езыхэр ук1ытауэ щытащ яшхэм щхьэк1э, апхуэдизк1э ар ик1агъэ къащыхъуати.
Шым ехьэл1ауэ адыгэхэм хабзэшхуи зэрахьащ, къызэрымык1уэ щ1эныгъи ябгъэдэлъащ. Аращ л1акъуэ къэс езым и шы льэпкъ бжыгъэ и1эжу щ1ыщытари.
Шэч хэлъкъым, илъэс мин бжыгъэу адыгэхэмрэ шымрэ къызэдак1уам и к1уэц1к1э шы лъэпкъ куэди къызэрыхъуам, 1эджи щ1ым зэрытек1уэдык1ыжам.
Мифологием хыхьэжу нартхэм я1ащ шы лъэпкъ алъпыр. Зэкъуэшит1 Уэзырмэсрэ Хъымыщрэ я адэ Пызгьэщи, Къанж и адэ Дэбэчи, Щокъан и адэ Нэсрэн Жьак1и зытесахэр алъпщ. 1уэры1уатэм зэрыжи1эмк1э, Бадынокъуи, Къанж и къуэ Щэуеи, Бэтрэзи зытесахэр тхы 1упщ1э лейрэ дзажэналъэ лейрэ зыхэльа алъпхэт. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр чынт зауэл1ым къытрихат. Апхуэдэу щыщытк1э, а чынтхэри шы хъунрэ гьэсэнрэк1э армуакъым.
Нартхэм яшхэм ф1ащу щыта ц1эхэу эпосым кьыхощ мыпхуэдэхэр: Фэехъу, Пщ1эгъуалэ К1эупс, Ерк1агуэ, Ерк1уцэ, Пэхужь, 1ущэ, Тхъуэкъарапц1э, Блапц1э, Щхьэгъур, Джэмыдэжь, Пщ1эгъуалэ, Тхъуэжьей, Кьарапц1э, Пц1эгъуэплъ, Псыгъуэ, Бланащхъэ, К1ыхь, К1эщ1, Ц1ык1у, Гъуэ, нэгьуэщ1хэр.
Ди лъэпкъхэр (адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр) къызытек1ыжа хьэтит1хэм (хаттхэм) шыр щ1ащ1эу щытащ кьыутанхэм иту зэрызауэу щыта зауэ ry шэрхъит1хэм (боевая колесница). Ахэм щ1эщ1ат шит1, кьыутанми зауэл1у зы е т1у итт, зыр шабзэк1э бийм яхэуэу, адрейм шыхэр зэригъак!уэу.
Ауэ ди нарт эпосым зыщ1ып1и дыщрихьэл1акъым шы щ1ащ1эу щытауэ къыхэщу.
Илъэс бжыгъэ куэдк1э узэ1эбэк1ыжми, Синд къэралыгъуэр щыщы1ами, мыуэт1хэм, зиххэм, къуэсэгъухэм (касогхэм), нэгьуэщ1 адыгэ л1акъуэхэми я зэманхэм хэплъагъуэкъым шыр щ1ащ1эу щытауэ. Арагьэнщ ди лъэпкьым щ1имы1эр шыр зэрыщ1ащ1э 1эпслъэпсхэм я ц1эхэр езым ейуэ. Адыгэхэм шыр щ1ащ1эу щаублар урысхэм нэхъ яхыхьэ-яхэк1 щыхъуаращ.
Адыгэ Xэкyp ижь лъандэрэ къэзыухъуреихь ди гъунэгъу тэтэр-тырку лъэпкъхэм сыт щыгъуи шылыр яшх пэтми, шыщ1эр я нэхь хьэщ1эныш лъап1эу щытми, ди лъэпкъым зэи шыл ишхакъым, а псэущхьэр и къуэшу илъытэти.
Щы1ащ а шылышх лъэпкъхэм я гъунэгъуу псэууэ е яхэсыпэурэ ядэплъея адыгэ гуэрхэри шыл яшхыу, е тэтэр-тырку лъэпкъыу адыгэхэм яхэшыпсыхьыжахэм ящыщщ, (а я лъэпкъ хабзэжьыр я1эщ1эмыхуауэ).
Шы зехуэнымрэ зехьэнымрэ хуабжьу хуэ1эзэу щытащ ди лъэпкъыр. Абы щыхьэт тохъуэр ижь лъандэрэ адыгэхэм къак1элъыплъахэм я 1эдакъэщ1эк1ыу къызэранэк1а тхылъхэр. Ахэм зэратхымк1э, е 10-нэ л1ыщ1ыгъуэм къыщыщ1эдзауэ шыудзэ зауэк1э адыгэхэм къапэувыф щы1акъым.
3ауэ хуэ1ухуэщ1эк1э хьилмышхуэ зыбгъэдэлъхэм, абык1э ц1эры1уэхэм зэрыжа1амк1э, адыгэ шыудзэхэм бжьыпэр я1ыгьащ. Ик1и адыгэ шу зауэл1ыр щыблэм хуэдэу ялъытэг. Адыгэшым ищ1эт къытес л1ыр зыхуэдэр ик1и, ар л1ы хъуну къилъыта нэужь, зэи къигъэщ1эщхъутэкъым и псэр пыхунуми, хьэф1ым зыгъашхэр зэригъэпэжым хуэдэу. Адыгэшыр бэшэчт, зауэ 1уэхум хуэщ1ат, псыми, маф1эми щышынэтэкъым. Апхуэдэ дыдэу езы адыгэл1ри и шым хуэпэжт, зыхуэныкъуэншэу щигъэтт, и жагъуэ ищ1тэкъым, щытеск1э, лъэдакъэк1э к1уэц1ыт1ыхьтэкъым. Адыгэл1ым и шыр зэрызэригъак1уэр шхуэмылак1этэкъым, ат1э куэпкък1эт, шыр удынк1э бгъэшынэну, епхужьэну ц1ыхугъэншагъэт, абы шыр къарууншэ, бэшэчыншэ ищ1у ялъытэт. Уеблэмэ, адыгэл1ыр ныбэк1э и шым нэхъ егугъут къилъхуа и быным нэхърэ. Абы и щыхьэту Хьан-Джэрий мыпхуэдэ щапхъэ къехь: «… 1833 гъэм Кавказ псом гъаблэшхуэ щы1ат. Ц1ыхур хуабжьу гугъу ехьт. Ит1ани езыхэм зыкъагъанэурэ яшхэр ягъашхэт. Чэрчэнеипщым и шы хъупхъэхэр зэнтхъ, хьэ, хук1э игъашхэт, езыри и ц1ыхухэри ныбэк1э хуабжьу гугъу ехьми. Абы папщ1и пщым емык1у хуищ1ыну зыми ижьэ зэтрихатэкъым, ищ1эр тэрэзу къалъыта нэхъ.
Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ адыгэл1ым темылъами, иужьк1э шыуэ щыгугъыжмэ, зэи жэщ-махуэ зэпыту игъэмэжэл1энутэкъым, иджыри и шым ихьыпу щытми, къэувы1эти, жьы урыхьэгъуэ иритт, шы ныбэпххэр игъэлалэти. Шыр лъагэу епхауэрэ щ1эгъущыхьа нэужь уанэр трихт, уанап1эр удз 1уэнт1ак1э илъэщ1т, псы иригъафэти, ит1анэт щигьэхъуак1уэр. Щыгъуэгурык1уэм деж шыр псы иригъафэтэкъым гъуэгу ик1ужыну фоч yэгъуит1 къыхуэмьшэжауэ (фочым и шэр здынэсракъым, и макъыр здэ1урщ фоч уэгъуэ жыхуа1эр).
Жэщым зызыгъэпсэхуа шым шэсу зэуэ ирищ1эпхъуэтэкъым, зы фоч уэгъуэк1э лъэбакъуэ защ1эк1э к1уэт шым ишхар и льатэм ик1ыу и к1эт1ийхэм ихьэн папщ1э. Шур къэувы1эху и шыр епхъухыурэ удз ц1ынэм емы1эн папщ1э адыгэхэм къагупщысащ уанэ зытель шыр уанэ къуапэ къуаншэ ящ1урэ яут1ыпщу (шыр лъагэу здеппх хъун здимы1эхэм). Ар — шхуэмылак1эр зы лъэныкъуэмк1э ешэк1ауэ ик1эмк1э щы1э уанэкъуапэм ф1адзэти, шыр ик1и е1эбыхыфтэкъым, ик1и занщ1эуи к1уэфтэкъым и пщэр щ1э1уэнт1ати, зигъэджэрэз мыхъумэ жыжьэ 1ук1ыфынутэкъым. (Уанэкъуапэ пхэнжи жа1э).
«Ныкъуэлъахъэр шыгъэк1уэдщи, щэлъахъэр псэ гъэтыншщ,» — жызы1а адыгэм ар, дауи, куэдыф1рэ игъэунэхуагъэнщ. Адыгэл1ым и уанэшыр зыгъэсэжыр езырат, шым езым нэхъ зыри зримыгъэк1уал1эу, зыми зыкъримыгъэубыду игъасэт. Арат шэщми шыр емыпхауэ щ1ыщ1агъэтыр, шыдыгъу щ1ыхьэжыкъуэмэ, хуиту къезэуэн щхьэк1э. Ик1и куэдрэ къэхъут апхуэдэу мыщхьэхыу ягъэса шым и шэщым шыдыгъу къыщагъуэтыжу е имыук1ыпэми, ныкъуэдыкъуэ, игъащ1эм мыдыгъуэжын ищ1у. Ирахужьэу къурыкъук1э къамыубыд шы1эсэ уэнэшу ягъэсэну зэи къыхахтэкъым адыгэ шууейхэм.
Адыгэхэр шыбз шэс щыхъуар совет властыр зэф1эувэу хабзи-бзыпхъи зэхатхъуэжа нэужьщ. «Фыз утесу дауэ къэпк1ухьын’?» — жа1эти, шыбз ягъасэтэкъым, лъхуэп1эуэ зэрахуэ нэхъ.
Езым и шы лъэпкъ зи1э дэтхэнэ пщыри тк1ийуэ к1элъыплът и дамыгъэр зыхуэмыфащэ шы трамыдзэным е нэгъуэщ1ым къимыгъэсэбэпыным.
Адыгэхэм куэду шы ящэу щытащ, ауэ а ящэм зэи хагъахуэтэкъым шыбзи хак1уи, ящэр алащэ защ1эт. Адыгэшыр ящэхут ди гьунэгъу лъэпкъхэм къинэмыщ1у Урысейми, Кърымми, Молдавиеми, Польшэми. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыжу урысыдзэм хэт дэтхэнэ офицерми и шэщым адыгэш щ1этын хуейэ илъытэт.
Кърым бэзэрым адыгэшхэр (псом хуэмыдэу «щолэхъур», «бэчкъаныр», «къундетыр») езыхэм яйхэм нэхърэ хуэдэ 25-к1э щынэхъ лъап1эт. Уеблэмэ, апхуэдэ зы алащэ щхьэк1э унэ1уту 5 — 6 щыщ1ат хъут. Езыхэм яшхэр пиастр 15 — 20 и уасэмэ, адыгэшхэр и уасэт пиастр 200 — 500.
Адыгэхэм шыр шэщым ща1ыгъыу щытакъым. Хъуэт хъуми, жьыгъуаджэ гуэрхэр къыхуагъуэтурэ гъэмахуэми щ1ымахуэми хъуп1эм ща1ыгът, уэсыр кууми, ф1алъэ лъакъуэхэмк1э мылыф къыщ1агъэщурэ хъуак1уэт. Мэкъук1э щадэ1эпыкъур 1умылу щ1ы щхьэфэр щытещтык1ым дежт. Адыгэхэр урысыдзэм къимыкъузауэ я хъуп1эхэр хуиту ща1ыгьам бжьыхьэк1э, щ1ымахуэ мазэхэм шыхэр щагъэхъут ц1ыху здимыс, псы ежэххэр здэмащ1э тафэхэм. Шэщым ща1ыгъыу, 1ус зрату шыхэм яхэтыр уанэшхэмрэ хак1уэхэмрэт. Псом хуэмыдэу жэщк1и-махуэк1и зэрыжа1эу я 1э зык1эрымык1ыр я уанэшхэрат.
Адыгэхэм уанэшыпхъэу къыхаха хак1уэщ1эр щасэк1ыр гъатхэ епл1анэр зэпичмэт. У1эгъэр хъужа нэужь ягъасэт, шхуэмрэ уанэмрэ ирагъащ1эти, аргуэру зы илъэск1э хъушэм хагъэтыжт жагъын къимыщтэн папщ1э. Ит1анэт (гъитхур зэпичауэ) къаубыдыжу тэрэзу гъэсэн щыщ1адзэр, щагъэувыр.
Уанэшу ягъэсэну ягъзувар зыщ1агъэтыр шэщ зэщ1эуфат, лъапэнэху мащ1э нэхъ имы1эу. Абы зык1э шыр нэ жан ищ1т, ет1уанэу, гъудэ-бадзэ щ1ыхьэтэкъым. 1ус егъэшхыныр 1эбжьыб закъуэк1э къыщ1адзэти, махуэ къэс хагъахъуэурэ хуэшхым хуэдизым нагъэст. Зи пкъыфэл тэрэзу ит шым езым хурикъун нэхъыбэ ишхынукъым, 1усым хуит хуэпщ1ми. Абы папщ1э шыр зэрагъэуврэ мазэм щ1игъуа нэужь 1усыр чейм изу бгъэдагъэувэт. Шы ягъасэм (ягъэхъэзырым) 1уагъахуэтэкъым удз ц1ынэ, зэрагъашхэр мэкъу дыгъэлрэ 1усрэт, и цыр дахэ хъун папщ1э 1усым хак1утэт ху мыужьгьа т1эк1уи.
Адыгэ уанэшыр гъэсэным илъэс ныкъуэм щ1игъу ихьт, махуэ къэс абы елэжь щ1алэм ищ1апхъэхэр гъэнэхуауэ, махуэ псом абы ф1эк1аи 1уэху имыщ1эу. Шыри игъасэт, игъэхьэзырт, езыми къарук1э зипсыхьт. Апхуэдэ шы гъэсэк1эр шырэ 1эщрэ я 1эмал ф1ыуэ зыщ1э л1ыжьхэм я нэ1эм щ1этут зэращ1эр.
Илъэсихыр зэпызымыча алащам зек1уэ ирежьэтэкъым. Аращ псалъэжьуи къыщ1энар: «Гъэрихым уэркъ щауихыр дошэс»,— жоуэ. Хак1уэк1и зек1уэ ежьэтэкъым — шы илъагъуху щыщурэ уигъэнэ1уэнути, и зешэнри къэзэуатт. Ныбжь и лъэныкъуэк1э адыгэхэм шыхэр мыпхуэдэу зэхадзт: шыщ1э — илъэс ирикъуху, нэбгъэф — илъэсит1 ирикъуху, къунан (хъур), къунажын (бзыр) — илъэсищ хъуху. Илъэсищым ф1эк1мэ, хак1уэхэм йоджэ дунанк1э, бзыхэм — дунажынк1э. Гъатхипл1ыр зэпызыча хъур хак1уапхъэу къагъанэмэ, хак1уэщ1эщ ясэк1мэ, алащэщ, алащэщ1э зи гъэсэгъуэщ, бзым йоджэ шыбзыщ1эк1э, зи хак1уэ етыгъуэк1э. Япэ лъхуэху а ц1эр зэрехьэри, лъхуэмэ, псэуху шыбзщ. Шыхэм я шыщ1эдзэхэр зэхъуэк1ын щаухыр гъатхипл1 зэпачмэщ. Мис абы трагъахуэт хъухэм я сэк1ыгъуэри. Уанэшым и 1эпкъльэпкъ псор тыншу щызэрубыду ялъытэр илъэсибгъу хъумэщ. Абы нэсыху шыр гуэбэнук1 умыщ1у бгъэтыншмэ, ит1анэ леягъэ йомыхмэ. А ныбжьым нэса шым и нэщ1ащэм нэпс къежэхып1э хуэдэу лэдэх ц1ык1у кьещтэ лъэныкъуит1ымк1и. Зы 1эм тэрэзу зэрихьэмэ, нэсу гъэхьэзыра, гъэса шыр сэбэп къихъу зок1уэр илъэс 30-м нэсыху, нэхъыбэри. Сэбэп мыхъужу, хуиту ут1ыпщыжауэ щытмэ, мэпсэур илъэс 40-м щхьэдэхыу. Граждан зауэм и л1ыхъужь, л1ыгъэ къызэрымык1уэ зыхэлъа Котовский Григорий и шым куэдрэ тесащ, ф1ыщэуи илъагъут. Топышэ къутахуэ шым и щхьэкуц1ым къыщыхэхуэм, яримыгъэук1ыу врач 1эзэхэм къыхригьэхыжщ, щхьэкъупщхьэм жэз трабзэри, зауэр иухыху тесыжащ. Езыр зауэ нэужьым гъуанэдэууэ щаук1ым и шыр хуиту яут1ыпщыжри, илъэс 42 ирикъуауэ л1эжащ.
Я зэхэгъэтык1эк1э шыхэр мыпхуэдэу ягуэшт: шыбз 12-м зы хак1уэ къызэрык1уэ хэтмэ, хак1уапщ1эщ. Хак1уэр лъэрыхьмэ, шыбз 25-м нэс ещтэ.
Хак1уэпщ1ищ зэхагъэхьэмэ (зы хак1уэ лъэщыф1 яхэту), ар жэрыбэ гуэрэнщ. Жэрыбэ гуэрэнищыр (шыбзи 105 — 110) гуартэ мэхъу. Гуартищ зэхыхьэжмэ, табынщ. Абы гуартэбэк1и йоджэ.
Адыгэшхэр къызэрымык1уэу бэшэчт, зейм хуэщыпкъэт. Куэдрэ зауэхэм къыщыхъут тесыр къау1эу къехуэхамэ, шыр бгъэдэгъуалъхьэу, къарыуншэ хъуа зауэл1ым уанэгур иригъэгъуэтыжын папщ1э. У1эгъэм ар хузэф1эмык1мэ е дзапэк1э и бгырыпхыр къиубыдти къы1уихт, е жэщым к1элъигъэзэжт.
Урыс-Кавказ зауэм л1ыгъэ зэрихьэу хэта, хъыбар куэди, уэрэди зи1э Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэ 1812 гъэм Наполеон Урысейм къыщытеуам (Урысейм дэ1эпыкъуну адыгэхэм щуудзэ ягъэхьэзырат, ауэ пащтыхьыр шынэри зауэм хигъэхьатэкъым) урысыдзэм хыхьэри, а и зы адыгэш «бэчкъаныр» зэримыхъуэк1ыу, зауэм хэт зэпытурэ Париж нэс к1уэри, ар дыдэм кърик1уэжыгъат. (К1эрашэ Тембот. «Шапсыгъ пщащэ» повесть).
Я плъыфэ елъытак1э шыхэр мыпхуэдэу ягуэшт: Къарэ, Къарапц1э, Гъуэ, Гъуат1э, Къэбыфэ, Пц1эгъуэплъ, Брул, Къуэлэн, Тхъуэ, Щхъуант1э. (Адыгэшхэм ц1эуэ ф1ащыр нэхъыбэ дыдэм я плъыфэхэрат, аращ я теплъэхэри хьэрфышхуэк1э къыщ1едгъэжьар).
Шым и нат1эм хужьышхуэ исмэ, нат1э гъуджэщ, хужь мащ1э исмэ, нат1э вагъуэщ, и лъакъуэр лъэгуанжьэм нэс хужьмэ, лъэпэд щыгъщ, и лъэкъыцым нэхъ мыхужьмэ, лъапэхущ, шы къарэм и пэщъынхэм цы хужьыфэ къик1ухьмэ, пэхущ. Шым и ф1алъэ лъакъуэхэр лъэдийм деж щыкъуаншэмэ, шк1э лъакъуэщ.
Шым и лъатэм шхыну (псыуэ) ихуэр литрэ 15 — 20-щ, 1эщышхуэм ейм — литрэ 200-м нэс, мэл-бжэнхэм — 30. Ауэ шым и к1эт1ийхэм йохуэ литри — 150 — 160, 1эщышхуэм — 50, мэл-бжэнхэм — 5. Абы къыхэк1ыу шыр сыхьэт бжыгъэ куэдк1э зэпымууэ мэшхэф, 1эщхэм хуэдэу т1ысу гъуашхэкъым.
Шым и тхьэк1умит1ыр е зыр мытэрэзу щытмэ, дагуэ жа1э. Езы шыр быхъухэгуауэ щытмэ, лъагуэщ, шхуэ1ур жьэдэлъхьэгъуеймэ, жьэ быдэщ, шхуэ1ум ф1ыуэ имыгъэ1урыщ1эмэ,— щхьэ быдэ жа1э. Апхуэдэ шы 1умп1ей къэзэуатхэм, уанэ зытельхьэгъуейхэм и сокум е и к1эм щыщ тыкъыр къыпаупщ1ри, шхуэ1ум ищ1ауэ жьэдальхьэ, абы къимыгъэ1урыщ1э шы щы1экъым, къызыжьэдидзыжыну пылъурэ мыдэк1э зыхуейр иращ1э.
Шым и узыфэ зэмыл1эужьыгъуэхэу мыхэм щыгъуазэт адыгэхэр: сэкъау, пэгъубжэ, шынт1ы1у, ф1энт1ы1у1, мылъкусын, шытехьэгъуэ, сэрмэлыч, дзэмыхэ, гъэса (зэщ1эплъауэ псы ирагъафэу ягъэувыжмэ), лъы, шы хьэп1ац1э, уэлмэ, нэгъуэщ1 куэдми. Пэгъубжэмрэ (сап) сэрмэлычымрэ (сыбыр язвэ) мыхъумэ адрейхэр къанэ щ1агъуэ щымы1эу ягъэхъужыфу щытащ.
Мифологием хэт алъпым къинэмыщ1ауэ адыгэ-абазэхэм я шы лъэпкъыу щы1ащ мыпхуэдэхэр: Къэбэрдеймк1э — Абыкъу, Къандур, Къэбан, Къундет, Къуралей, Трамэ, Хьэгъундокъуэ, Щолэхъу, Шагъдий. Шэрджэсымк1э — Ачэтыр, Алъэсчыр, Хьэгъундокъуэ, Абыкъу. К1ахэмк1э — Бэлэтокъуэ, Бэчкъан, Еслъэней, Мэчарэ, Чэрчэней. Абазэшхэу — Лоутхъуэ, Трамэ, Иуан.
Л1акъуэу зейр къытхуэмыгъуэтыжауэ иджыри шы лъэпкъыц1э 1эджэ щы1эщ: Агъэн, Джэлыкъ, Джырынджыху, Жажэ, Жыращты, Къатлъэнжэн, Къураты, Хьэбэч, Чэбэхъан, нэгъуэщ1 куэд. Шэч хэмылъу ди деж къэса лъэпкъыц1эхэм къанэмыщIауэ иджыри куэдык1ей щы1ащ. Адыгэ лIакъуэхэр 30-м блэкIыу щыщытакIэ, лIакъуэ къэси шы лъэпкъ тIурыт1-щырыщ мынэхъ мащ1э яIащ. Ауэ ахэри, ахэр зеяхэри адыгэм и тхыдэ бзаджэм и къуэладжэхэм дэк1уэдэжащ. Уи гур игъэупщ1ыIуу къыщIетхъ мы зи цIэ къит1уа къомым ящыщу нэбэкIэ къэнэжар къэбэрдеиш-шагъдий закъуэр зэрыарам ущегупсыскIэ! Сыт къэнэжа дэ къыдамыщ1ауэ». Урыс-Кавказ зауэм, революции, Граждан зауэм, большевикхэм я дэкъузэныгъэм лъэпкъми, абы илъэс мин бжыгъэхэмкIэ зэфIигъэува щ1энгъуазэми, гъуазджэми, лъапсэрыхыр къыхуахьащ.
Ди нобэм къэсауэ дэ иджы дызэрыгушхуэр «адыгэ, адыгэ хабзэ, адыгэ нэмыс» жыхуаIэу щытахэм, адыгэр Кавказ псом и хабзэ-бзыпхъэкъэгъэщ1 зыщIыфауэ щытам и къутахуэ мащIэ дыдэш. Ари дымыгъэкIуэдыжыпэу зэрызетхьэн акъылрэ зэгурыIэныгъэрэ дяпэкIэ Тхьэм къыдит! ..
Щолэхъушым нал щIалъхьэу щытакъым. Абы и лъэдакъэмкIэ адрей шыхэм хуэдэу зэгуэх иIэтэкъым, и лъэкъуампIэр фалъэ1ум хуэдэу хъурейт, езы шыр хуабжьу ц1эрыIуэт, егъэлеяуэ шы быдэт, лъэщт.
ЗекIуэшкIэ бэчкъанышыр, нэхъыф1уи мыгъэлъыхъуэну, цIэрыIуэт, жэрыкIыхьт гъуэгу кIыхькIэ къылъэщIыхьэ щыIакъым, жэщым я нэхъ кIыфIым зэ нэхъ зэрымык1уа гъуэгур къигъуэтыжт, хуэкIыхь щ1ыкIэу зэхэзекIуэшхуэ зи1эт, и кIэбдз лъакъуэхэр фIалъэхэм щхьэпрыбэкъукIт лъэкьуампIэм щIигъукIэ.Трамышхэр лIэужьыгъуитIу щы1ащ: адыгэ трамрэ, абазэ траму. Абазэ трамхэращ иужь кьинэу 30 гъэхэм зэрапхъуэжар. Гум-Лоукъуажэ (Красный Восток) щыщ зэкъуэш Трамэхэм ягъафIэу зэрахьа шы лъэпкъ хъарзынэр «кулак» дощ1 жа1эри, зейхэр Хэкум ирахущ, яшхэри зэрапхъуэри, ахэм ящыщу къэрэшейхэм я1эрыхьахэрщ иужькIэ «къэрэшэIеишу» къыщIидзыжахэр. Ахэм хьэкъыпIэкIэ узэреджэн хуейр «абазэшщ».
Трамышыр щызек1уэк1э и лъэбакъуэм дэхъуу и тхьэкIумэхэри зэригъакIуэт лъэныкъуэ псомкIи игъазэу. Апхуэдэм папщ1э адыгэхэм жаIэт: «Шыр тхьэкIумэкIи маплъэ».
ЗекIуэлIхэм я хъуэпсапIэ шы лъэпкъ хъарзынэу щытащ абыкъушри. Уанэшк1э къыхуэт щы1этэкъым. Арагъэнщ уэркъыжьхэм щIыжаIар: «Зы абыкъурэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ»,— жэуэ. Нэхъ укъуэдияуэ мы псалъэжьыр зэрыщытар мырат: «Зы абыкъушрэ Лоухэ ягъэщауэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ», жэуэ. Лоухэ хуабжьу хуэIэзэу шыкIэ аркъэн ягъэщу щытати аращ псалъэжьым щ1ыхыхьар. Гъатхэ дамыгъэ тедзэгъуэм адыгэхэм къунанхэм, къунажынхэм я кIэ, я сокухэр паупщ1т, дахэу къащыхьт. Абы зэхуахьэс шыкIэхэр къанэ щIагъуэ щымы1эу Лоухэ къахьурэ шыкIэ аркъэн ирагъэщIт. ШыкIэ аркъэн имы1ыгъыу зекIуэл1 гъуэгу техьэнутэкъым, щыщIыIи щыхуаби зэхуэдэу ар Iэрыхуэт, щIэх кIуэдтэкъым. ЗекIуэл1ыр жэщым щ1ып1э мыцIыху къыщыувы1амэ, здэгъуэлъынур шыкIэ аркъэнкIэ къиухъуреихьти, абы хьэпщхупщи, бэджи ебакъуэтэкьым, щIакIуэ бэлацэр и дэIэпыкъуэгъуу зекIуэл1ыp щахьумэт уэми дзакъэми.
Адыгэшым утепсэлъыхьыныр кIыхь дыдэу букъуэдиифынущ, ауэ къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрыжыпIэфынур блэкIа зэманущ: щы1ащ, щытащ, ящIт, зэрахуэт… Ар гукъутэу зэрыримыкъу щыIэкъым.
Паллас зэхигъэувэу Броневский игъэтэрэзыжа тхылъым дамыгъэ щхьэхуэ-щхьэхуэ яIэу адыгэ-абазэш 30-м щIигъум я цIэхэр итт. Ар щызэхагъэувар е 19-нэ л1ыщIыгъуэм и пэщ1эдзэхэрат.
Дэ иджы «адыгэшкIэ» дызэджэ хъуну къытхуэнэжар къэбэрдеиш закъуэращ. Абы ящыщу лъы къабзэ зыщ1этхэращ «шагъдийкIэ» зэджэр.
Нобэ Урысейм щыпсэу цIыху лэжьакIуэжьхэм я щыIэкIэм ещхь дыдэщ адыгэшми, адрей шы лъэпкъыф1хэу къэралым иIэхэми я щыIэкIэр. Колхоз-совхозхэр хьэкъыпIэк1э лъэлъэжащ, нэхъ унафэщ1 акъылыфIэ зиIэу къызэтена мащ1эм къинэмыщIауэ. Гъащ1э зэхэтхъуар псом япэ зытегуплIахэм ящыщщ шыхэр. Псом хуэмыдэу, зэи пхуэмыгъэзэкIуэжын зэранышхуэ шымкIэ къэралым къыхуихьауэ щытащ Хрущев и хьэгъапхъэ политикэм. Абы и ужькIэ шым и Iуэхур ди кьэралым щехуэхыжыпяш к1уэ шы завод гуэрхэр къэнати псори абы къуэсащ
Иужьрей илъэсхэм шым имызакъуэу 1эщ псоми хуащ1эу щыта селекцэ (хъупхъэ) лэжьыгъэр к1ащхъэ хъупащ, 1эщ лъэпкъыф1у къэралышхуэм и1ауэ щытам и зэхуэдит1ым блэк1ыр щы1эжкъым. Ауэ апхуэдэурэ куэдрэ к1уэнукъым, къэралым и щы1эк1эм зыкъимы1этыжмэ, 1эщрэ шырэ дэнэ къэна, ц1ыхухэри ф1эк1уэдынк1э шынагъуэ къыщхьэщоувэ.
Т1эк1у уигу зыгъэф1ыну нобэк1э щы1эр адыгэшым и уней фермэхэр къызэрагъэпэщ зэрыхъуаращ. Абы ф1эщхъуныгъэ къыдет адрей адыгэш лъэпкъ к1уэдыжа псоми ф1ыгъэу яхэлъар зэхуэхьэсауэ зыхэль (шыгуш, уанэш, хьэлъэзехьэ) шагъдийр мы к1уэдыжыну.
1уэху псоми тегъэпсыхьауэ щытынымк1э нобэ дуней хъурейм деж шагъдийм лъэщ1эгъу къыхуэхъу шы лъэпкъ щы1экъым. Ар адыгэ лъэпкъым ди набдзэщ, зэрытхъумэн, дызэрыхуэсакъын хуейри набдзэм хуэдэукъым, нэм хуэдэущ!
Шэрджэс Алий – «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ»
Кабардино – Балкарский
государственный университет
им.Х.М. Бербекова
Конкурс эссе
«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»
«Напэр псэм япэщ»

зыгъэзэщ1ар:
Бахъсэн къалэ дэт етхуанэ
еджап1эм
и епщ1анэ классым щеджэ
Азычэ Ясминэ
Егъэджак1уэр:
Л1эужь Залинэ
2021 гъ.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар. ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.
Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр
Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!
Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,
ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!
ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,
КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,
Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ
ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.
Окопым
къокIри зы долъей,
И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.
ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,
Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.
Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.
ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:
«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,
Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»
1945 гъ.
(К1ыщокъуэ
Алим)
hakepowhe173
Вопрос:
Помогите написать сочинение на кабардинском на тему война
Трудности с пониманием предмета? Готовишься к экзаменам, ОГЭ или ЕГЭ?
Воспользуйся формой подбора репетитора и занимайся онлайн. Пробный урок — бесплатно!
Ответы и объяснения 1
ugrerim38
И л1ыгъэрэ хахуагъэк1эрэ,1ущагърэ акъылк1э , ц1ыхугъэрэ нэмыск1э ди лъэпкъыр зыгъэбжьыф1эу л1эщ1ыгъуэ куэдым къак1уэц1рык1а ди лъэпкъым нобэми и мащ1экъым адыгэхэм и пщ1эр лъагэу зы1эта хэкул1хэр. «Ди лъэпкъым и л1ыхъужь» яхужып1э хъунущ апхуэдэхэм. Апхуэдэщ – Идар Темрыкъуэ. Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищ1ащ, тхыдэми литературэми увып1э ин щеубыд. Ар къэбэрдей пщыхэм я нэхъыбэм “пщышхуэу” е “пщы нэхъыщхьэу” ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы пэщ1эувэ. Темрыкъуэ хущ1экъурт Кавказ Ищхъэрэм щы1эщ1элъ хэкум абы и купщ1эм хуэфэщэн пщ1эрэ увып1эрэ Къэбэрдей псом зэкъуэту щи1ыгьыным. Абы и хэк1ып1эт Къэбэрдейм къэралыгъуэ унафэр зы пщышхуэм щы1эщ1элъыныр. Апхуэдэ зы къэралыгъуэ лъэщ къызэгъэпэщыныр Темрыкъуэ и мурад нэхъ ин дыдэт. Ар къехъул1эн папщ1э Урысейм и политикэр къигъэсэбэпурэ, Темрыкъуэ Кавказ Ищхъэрэм лъэщ щыхъуным, урысхэм я ипщэ — къуэк1ып1э къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным гулъытэ нэхъыбэ щыхуащ1ырт.Мы къэдгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ Темрыкъуэ и пхъур урысей пащтыхьым щритым, и мурадам щыщ зы 1уэхугъуэр — Къэбэрдейм зы пщыгъуэ унафэр щыгъэувыныр быдэу игу зэрилъар. Адэк1э Къэбэрдейм щек1уэк1а 1у
Знаете ответ? Поделитесь им!
Гость ?
Как написать хороший ответ?
Как написать хороший ответ?
Чтобы добавить хороший ответ необходимо:
- Отвечать достоверно на те вопросы, на которые знаете
правильный ответ; - Писать подробно, чтобы ответ был исчерпывающий и не
побуждал на дополнительные вопросы к нему; - Писать без грамматических, орфографических и
пунктуационных ошибок.
Этого делать не стоит:
- Копировать ответы со сторонних ресурсов. Хорошо ценятся
уникальные и личные объяснения; - Отвечать не по сути: «Подумай сам(а)», «Легкотня», «Не
знаю» и так далее; - Использовать мат — это неуважительно по отношению к
пользователям; - Писать в ВЕРХНЕМ РЕГИСТРЕ.
Есть сомнения?
Не нашли подходящего ответа на вопрос или ответ отсутствует?
Воспользуйтесь поиском по сайту, чтобы найти все ответы на похожие
вопросы в разделе Другие предметы.
Трудности с домашними заданиями? Не стесняйтесь попросить о помощи —
смело задавайте вопросы!
В данном разделе публикуются вопросы и ответы на них к непопулярным предметам.
Среда, 8 мая 2013 г.
Тек1уэныгъэ лъап1э. Псом ди дежк1э зы…
«Зы зэман дигу къэк1ыжынущ, ик1и ди ф1эщ хъужынукъым ар…» итхауэ щытащ поэт ц1эры1уэ, Хэку захэшхуэм хэта Окуджава Булат. Дунейпсор маф1эм щисым, ик1и щык1ырахъуэм щыгъуэ, ди къэралым мамырыгъэ къихьэжын папщ1э куэдым я псэр ятащ. Абыхэм яхэтщ шэрджэсхэри.
Къэралыр щытык1э гугъым щитым щыгъуэ ар кърагъэлыну зыкъа1этащ урысхэм ик1и украинэм и ц1ыхухэм, Татархэм ик1и узбекхэм, къалмыкъхэм ик1и якутхэм…….Абыхэм къыщынэмыщ1а, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэри.
Адыгэхэм л1ыгъэ яхэлъыр, я хахуагъыр Хэку зауэшхуэ зэманым щ1ып1э куэдым къыщагъэлъэгъуащ. Псаъэм пащ1эу, Кавказымрэ Станинград деж щек1уэк1а зэхэуэмрэ, Курск деж, ик1и Берлиныр къыщащтэм щыгъуэ. Абы ипкъ итк1э Орденхэмрэ медал зэмыл1эужьыгъуэхэмрэ къратащ, Шэрджэс 17 –м Совет союзым и Л1ыхъужь ц1э лъап1эр хуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ Къардэнхэ я унэгъуэр: летчик зэкъуэшит1рэ, зы танкистрэ, Къубатийрэ Къабардырэ.
Апхуэдэу, ди къэралым тек1уэныгъэ иныр зы1эригъыхьэу Хэку зауэшхуэм, иухащ. Ди къэралым щыпсэу дэтхэнэ зы лъэпкъми абы и ф1ыщ1э хэлъщ.
Хэку зауэшхуэм тек1уэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьамк1э , Дынывохъуэхъухэ.
| Совет союзым и Л1ыхъужь ц1э лъап1э зыхуагъэфэща Шэрджэсхэр |
Андрухаев Хъусен Борэжь и къуэр
Аскаров Алексей Алексей и къуэр
Ачмизов Айдамир Ахьмэд и къуэр
Бжигаков Камчари Барокъуэ и къуэр
Иуан Хьэсэн Т1алиб и къуэр
Къэнкъуэш Ахъмэт-Хъан Талэ и къуэр
Къардэн Къабард Лукъмэн и къуэр
Къардэн Къубати Локъумэн и къуэр
Къардэн Мурат Асхъад и къуэр
Къаныкъуей Назир Тит1у и къуэр
Къуныжь Заманшяри Уэсмэн и къуэр
Къуэшей Алий Юсуф и къуэр
Нехай даут Ереждыбий и къуэр
Тхьэгъуш Исмаил Хьэлэл и къуэр
Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэр
Абубэчыр Баэрбий и къуэр
Яхогоев Михаил Ардашукович
Къалмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ Шэрджэс Фонд «Адыгэ»
