Заор — мэш1уае. Ц1ыфмэ ящы1эныгъэ заом зэщекъо. Нэпсыр , тхьамык1агъор , л1эныгъэр къыздехьых.
Гукъао щыт нахь мыш1эми , тэри тикъэралыгъо а тхьамык1агъор зынэсыгъэмэ ащыщ, 1941-рэ илъэсым июным и 22-м а гущы1э гуаор зэхэтхыгъ, къыднэсыгъ. Германиер ош1э- дэмыш1эу къыттебэнагъ. Къэбар гухэк1ыр зэк1эми алъы1эсыгъ. Зы унагъо мы тхьамык1агъом рэхьатэу къыгъэнагъэп. Ц1ыф лъэпкъ зэфэшъхьафэу исыр зэк1э пыим зэкъотэу пэуцугъэх.
Тэ тинасып къыхьыгъ ык1и мамыр къэралыгъом тыщэпсэу. Ау а мамырныгъэм икъыдэхын мак1эп ц1ыфэу хэлэжьагъэр, фэхыгъэхэри бэдэд. Заом икъэбар тэ тхылъхэмк1э ык1и фильмэхэмк1э тэш1э. Рассказхэу , повестхэу, романхэу титхак1омэ атхыгъэхэм тяджэзэ, л1ыгъэ зезыхьэгъэ л1ыхъужъхэм нэ1уасэ тафэхъу. Ахэмэ къинэу алъэгъугъэр, тэ тынэмэ къак1эуцо, зыхэтэш1э. Адыгэ лъэпкъым ишъэо к1асэхэу: Ш1уц1э Абубэчыр, Къош Алый , Андрыхъое Хъусен ык1и нэмык1хэр пыим пхъашэу пэуцугъэх. Щтэр амыш1эу , псэемыблэжьэу заом пэ1ууцуагъэх.Ныбжьык1э дэдэхэу ахэр мы тхьамык1агъом хиубытагъэх.Ау щыт нахь мыш1эми алъэк1 къагъэнагъэп, апсэ агъэт1ылъыфэ пыим езэуагъэх.Заом къыхьыгъэ тхьамык1агъор хэти щыгъупшэщтэп. Л1ыхъужъэу зыпсэ зыгъэт1ылъыгъэхэр, тэ ренэу тыгу илъыщтых.
Маим и 9-м гъэтхапэм идэхэгъум тек1оныгъэм и Мафэ хэтэугъэнэфык1ы.Л1ыхъужъхэм ягугъу тэш1ы, уасэ афэтэш1ы.
Тэ тызщыпсэурэ Республиэу Адыгеир тидзэхэм 1943- рэ илъэсым мэзаем 18-м шъхьафит аш1ыгъ. А хъугъэ-ш1агъэри лъэшэу тэгъэлъап1э. Зэо лъэхъанхэм къык1оц1 Адыгеим иц1ыфхэм ащыщхэу мин пш1ык1утфым ехъу ( ахэмэ ащыщэу минипш1ым ехъу адыгэхэу) орденхэмрэ медальхэмрэ къафагъэшъошагъэу щыт. Аужрэ илъэсхэм тиреспубликэ къыщыдагъэк1ыгъ « Ш1эжь тхылъыр».Ащ дэт 30543 лъэкъуац1эу, Адыгеим щыщхэу, заом хэк1одагъэу.
Хэтрэ ц1ыфи силъэ1у фэсэгъэхьы тидунай заор къыщемыжьэнэу. Ошъогур къабзэу , уцыр къашхъоу, дунаир мамырэу тыпсэунэу тыфэжъугъэбан!
Кабардино – Балкарский
государственный университет
им.Х.М. Бербекова
Конкурс эссе
«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»
«Напэр псэм япэщ»

зыгъэзэщ1ар:
Бахъсэн къалэ дэт етхуанэ
еджап1эм
и епщ1анэ классым щеджэ
Азычэ Ясминэ
Егъэджак1уэр:
Л1эужь Залинэ
2021 гъ.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар. ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.
Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр
Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!
Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,
ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!
ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,
КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,
Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ
ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.
Окопым
къокIри зы долъей,
И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.
ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,
Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.
Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.
ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:
«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,
Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»
1945 гъ.
(К1ыщокъуэ
Алим)
Къалэмым lэщэр
къыдэщтэн хуей щыхъум
Ди
цlыхухэм
Хэку зауэшхуэм
щызэрахьа
лlыгъэр
Кlыщокъуэ
Алим и
тхыгъэхэм
къызэрыхэщыр.
Хэку зауэшхуэр гъэунэхъуныгъэ ин дыдэу щытащ совет къэралыгъуэмрэ совет цIыхухэмрэ я дежкIэ. Ар зэриухынум
елъытат къэралым и къэкIуэнури, цIыхухэм яIэну псэукIэри. Ар фIыуэ
къызыгурыIуэ совет цIыхухэр а
зауэм хэтащ я гуащIи я гъащIи
щымысхьыжу. ТекIуэныгъэм
мылъкурэ цIыху гъащIэу
халъхьари жыпIэ пэтми
пуэмыIуэтэжыным
хуэдиз мэхъу. Аращ совет къэралыгъуэм иса лъэпкъ псори зэкъуэувэу бийр щыхагъэщIа, хуэдэ
къэмыхъуауэ гущIэгъуншэу
щыта зауэ зэманми, абы кърикIуа псэукIэ хьэлъэми тхылъ
мин бжыгъэхэр щIытраухуар.
ЦIыху
мелуанхэм я гум къинэжахэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Симонов
Константин и «Псэухэмрэ лIахэмрэ»,
Бондарев Юрий и «Уэс пщтыр», Чаковский Александр и «Блокада», Астафьев Виктор и
«Iэхъуэ щIалэхэмрэ Iэхъуэ
хъыджэбзхэмрэ», Быков Василий и «Обелиск» романхэр, нэгъуэщIхэри.
Зауэмрэ абы къиша тхьэмыщкIагъэхэмрэ теухуауэ тхыгъэ мымащIэ я
къалэмыпэм къыщIэкIащ адыгэ
тхакIуэхэмрэ
усакIуэхэмрэ.
Ауэ псом хуэмыдэжу мы темэр нэхъ куууэ зи творчествэм щызэпкърахыр Хэку
зауэшхуэм и япэ махуэхэм щыщIэдзауэ ар иухыхукIэ офицер
хахуэу абы хэта. Къэбэдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ,
М.Горькэм и цIэкIэ щыIэ Къэрал
саугъэтми ди республикэм и Къэрал саугъэтми я лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ
Алимщ. Абы и «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ» тхыгъэшхуэхэр адыгэ,
кавказ ищхъэрэ литературэм къыщымынэу, совет литературэкIэ зэджау
щытам и фIыпIэ дыдэхэм
ящыщ хъуат. И япэ тхылъхэми хуэдэу, мыбхэми К1ыщокъуэр зыкъомрэ къыщытекIащ
социалистическэ реализмэкIэ зэджэм къигъэув
хабзэхэм ящыщ куэдымикIи гъащIэм и IэфIри и
дыджри ди пащхьэ кърилъхьэжащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм тхакIуэр
игъэтыншауэ пхужыIэнукъым.
Куэдым зэращIэжщи,
псалъэмакъ ин къикIауэ щытащ
«Нал къута» романым. Мыбы льабжьэ хуэхъуар езы тхакIуэм и нэгу
щIэкIа Iуэхугъуэ
гуузырщ – нэхъыфI защIэу
къыхэщыпыкIауэ щIалэ
минитхум щIигъу хэту
къызэрагъэпэща ди шууей дивизэр губгъуэ джафэм танкхэм щыпэщIагъэувэу,
лIыгъэм щIапIыкIа, Хэкум и
пащхьэм щаIэ я
къэлэным хуэпэж, къикIуэт зымыщIэ шу
щхьэмыгъазэхэр Iисраф
къызэрырагъэщIарщ.
ЗэрыгуэрыIуэгъуэщи,
дэтхэнэ зы Iуэхугъуэ
мыхъумыщIэми и
льабжьэм нэгъуэщI Iуэху
мыхъумыщIагъэ гуэри
щIэлъщ.
Романыр щитхым апхуэдэ ныкъсаныгъэхэми зэрыблэмыкIарт КIыщокъуэм
парт унэфэщIхэм
къыхуамыдар. Ауэ, хаутэну сыт хуэдиз яужь имытами, тхакIуэр къикIуэтыжу и
нэкIэ илъэгъуа
пэжым, зэуапIэ губгъуэм
кърина и ныбжьэгъухэм я фэеплъым епцIыжакъым. Зауэл хуахэу щыта тхакIуэм а
зэманми къыкIуэкIащ и
щхьэр, и пщIэр лъахъшэ
зэримыщIын лIыгъэ.
«Нал къутар»
зытеухуар 115-нэ шууей дивизэм зауэм щызэрихьа лIыгъэмрэ абы ехьэлIауэ щыIа
щыуагъэхэмрэ я закъуэкъым. Уеблэмэ романым и лъабжьэ нэхъыщхьэу къэлъытапхъэр
нэмыцэ фашистхэр зэхэкъутэным теухуауэ цIыхубэм игъэIуэкIа бэнэныгъэр
арагъэнущ. А бэнэныгъэм пыщIэжащ романым къыщыхъу псори. КIыщокъуэм Iэзэу,
гукъинэжу, пэжыр и лъабжьэу къигъэлъэгъуэфащ зауэм Iутхэр
зэуэн, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ
къызэрагъэпэщын папщIэ фронтым
ямыгъэкIуахэм
зэрахьа лIыгъэм и
инагъыр. Народым и образыр тхакIуэм IэкIуэлъакIуэу ди
пащхьэ кърелъхьэ къуажэдэс къызэрыгуэкIхэу Бекъан, Хьэбибэ, Чока,
Аслъэныкъуэ, КIурацэ сымэ
хуэдэхэм я образхэм пкърилъхьа щытыкIэхэмрэ гупсысэхэмкIэ. КIыщокъуэм бгъэдэлъ
тхакIуэ Iэзагъэ
иным нэмыщIкIи мы
тхыгъэр абы апхуэдэу гунэсу къыщIехъулIа щхьэусыгъуэхэм
ящыщщ романым къыщыхъу псори езы тхакIуэм гурэ псэк1э зэригъэвар. Алим и
гукъэкIыжхэм къызэрыхэщыжщи,
усакIуэм мурад
ищIауэ щытащ
псэууэ къанэмэ, шууей дивизэм и щхьэ кърикIуар зэгуэр тхылъу итхыжыну. Ар абы
фIы дыдэу
къызэрехъулIам романыр
къызэрыдэкIрэ блэкIа зэманри
щыхьэт техъуэжащ.
Нал къутам»
хуэдэу, «Кхъужьыфэ» роанми щIыпIэшхуэ щеубыд зауэи Iумыт цIыху
къызэрыгуэкIхэм я IуэхущIафэхэр,
къуажэ гъащIэр, цIыхухэм я
гупсысэкIэм игъуэт
зэхъуэкIыныгъэхэр
къэгъэлъэгъуэным. Абы тэмэму гу лъитащ Москва щыщ критик цIэрыIуэ Огнев
Владимир: «Нал къута» романым хэта лIыхъужьхэм ящыщ зыбжанэм, псалъэм
папщIэ,
колхозым и председатель Апчарэ, абы и анэ Хьэбибэ, Къуэшрокъуэм, зи унагъуэр
полицайхэм ягъэса Наршу зеиншэм, чырбыш заводым и директор КIурацэ,
нэгъуэщIхэми
«Кхъужьыфэм» увыпIэ
нэхъыщхьэхэр щаубыдамэ, адрейхэр – Локотош, партым и обкомым и секретарь
Къулыр, НКВД-м и унафэщI Бахъуэр,
республикэм и нарком Сосмакъым – нэхъ лъэныкъуэкIэ тегъэкIуэта
хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэр къыщысам абы щыIа щытыкIэм тхакIуэр
зыубгъуауэ зэреплъу щытам зихъуэжащ, иджы ар лъэпкъ щхьэхуэ къэскIэ я лIыкIуэхэм
пыухыкIауэ я гъащIэр
къызэрекIуэкIам нэхъ хуэнабдзэгубдзаплъэщ.
Ахэращ зауае илъэсхэм я гугъуехь псори зи фэм дэкIар.
Къуэщрокъуэм е Апчарэ я
гукъэкIыжхэм я
гугъу умыщIмэ,
«Кхъужьыфэм» теплъэгъуэ зыубгъуахэр хэткъым. ТхакIуэм и гулъытэ
псори зыхуиунэтIыр
къуажэдэсхэм я псэукIэрщ,
республикэ зэхэкъутар зэфIэгъэувэжыным
ахэр зэрыхэлэжьыхьырщ.
Романым и зэхэлъыкIэм и джэлэсыр
Къуэшрокъуэ Дотищ. Ар гукъэкIыф псоми я узэщIакIуэщ, цIыхубэм насып
къахуэзылъыхъуэну хуейхэм я щапхъэщ. Малъхъэдисым хуэдэу абы зыщIещэ нэхъугъэр,
лIыхъужьыгъэр.
Къуэшрокъуэр къызыхэкIа лэпкъым и
къуэ пэжщ, цIыхубэ жыгым
и къудамэ быдэщ».
КIыщокъуэм и
творчествэм фIыуэ щыгъуазэхэм
зэращIэщи, усакIуэр зауэм Iухьауэ щытащяпэу
къыдигъэкIа и усэ тхылъыр
иIыгъыу. Iэщэм щIыгъуу къалэмри
зыгъэбзэн хуей хъуа усакIуэм зауэм здыIутми и творчествэм
пищащ. ЗэуапIэ губгъуэм
Алим щыIущIэжащ балъкъэр
усакIуэ, и ныбжьэгъуфI Кулиев
Къайсын. А зэманми иужькIи КIыщокъуэм дилъагъуу щыта цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ теухуауэ
Кулиевым итхыжащ: «Дон губгъуэ диту Алим зы усэ къысхуеджауэ щыта. ИгъащIэкIэ сщыгъупщэжынукъым
сэ а усэр, апхуэдизкIэ гукъинэ сщыхъуащи.
Зи гугъу сщIы усэр цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ
щытащ иужькIэ: уIэгъэ хьэлъэ
хъуа и ныбжьэгъур зэуапIэм кърех зауэлIым; сэлэтыр
абы къолъэIу: «Сэ укъызэлIалIэурэ, уэри
уаукIынущ, сэр щхьэкIэ зумыгъэукI, уи щхьэр
къегъэл – насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ».
ЗауэлIым и ныбжьэгъур
губгъуэм къринакъым, мафIэм къыхихащ,
езыр хэкIуэдэнкIэ зэрыхъунуми
еплъакъым…
Iэджэ щIащ а усэр Алим
и къалэмыпэмкъызэрыщIэкIрэ – зауэ гуащIэм щыхэта махуэ
хьэлъэрщ щитхар. А усэ телъыджэм къиIуэтар Алим хэлъ лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ я
закъуэкъым – ар усакIуэм и творчествэ
псом щапхъэ хуэхъуащ.
Зауэ гуащIэхэм я курыкIупсэм хэтащ
Алим, абы и мафIэ лыгъейр къыжьэхэлыдэурэ,
сэлэт хуахуэм и гъуэгуанэр иукIащ, и усэри езыри а зауэ гуащIэм и мафIэм ипсыхащ.
Абы къыщыщIидзэри, Алим
хъуащ къэрал псом къыщацIыху, зи цIэр жыжьэ щыIуа усакIуэшхуэ. ЦIыхугъэр, напэр,
лIыгъэр, захуагъэр,
щыпкъагъэр гъуазэ хуэхъуауэ, шу хахуэм и гъуэгур гъащIэми литературэми
щызэпичащ.
ЛIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ и
гъуазэмэ, усакIyэм и гъуэгум
кIуагъуафIэкъым. Ар зауэм
щыгъуи, иужькIи Алим езым
и щхьэкIэ игъэунэхуащ,
ауэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми къызэфIэщIауэ, шум и гъуэгум
текIуэтауэ ар зыми
илъэгъуакъым, и псалъэм щытумыгъуэтыж, ныбжьэгъур щимыгъэпэжа, абы и гукъеуэмрэ
и гузэвэгъуэмрэ къэхъуакъым. ИщхьэкIэ зи гугъу сщIа усэ телъыджэр
зи гущIэм къиIукIынкIэ хъунур апхуэдэ
цIыхущ.
Сэ дапщэщи згъэщIагъуэ зэпытщ
Алим хэлъ гъащIэмрэ къаруумрэ
– ар зытемыгушхуэрэ зэпэмылъэщрэ щыIэтэкъым. Iуэхум, лэжьыгъэм
къыхуалъхуа цIыхут Алим
– дэни кърихрэт апхуэдиз къарурэ гуащIэрэ!? И усыгъэхэри гъэнщIащ апхуэдэ
къарурэ гуащIэкIэ — а псор
щызэхыбощIэ Алим и къалэмыпэм
къыщIэкIа дэтхэнэ усэ
сатырми.
Къэзылъхуа лъэпкъращ усакIуэр зыхуэлажьэр
– абы нэгъуэщI плъапIэ иIэнкIэ хъунукъым.
Алим апхуэдэ усакIуэщ – абы и
гъащIэри и гуащIэри зы быдзышэ
ефа лъэпкъым и щхьэузыхьщ.
ТхакIуэм и пщIэр щалъытэкIэ, псом япэ
зэплъыр абы и лъэпкъым и литературэмрэ и щэнхабзэхэмрэ хилъхьа гуащIэрщ. Аращ зэлъытар
абы лъэпкъ тхыдэм къыщылъэс увыпIэр. Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм пщIэшхуэ зиIэ увыпIэ къыщылъос
Алим, ар абы езым и гуащIэдэкIкIэ къылэжьа
пщIэщ».
Зауэм щыIута лъэхъэнэм,
зэрыгурыIуэгъуэщи, КIыщокъуэм итхар
усэхэм я закъуэкъым. Ди зауэлI щхьэмызагъэхэм ди хэкур фашистхэм ирамыгъэубыдын
папщIэ абыхэм къагъэлъагъуэ
хахуагъэ иным теухуа рассказу, очеркыу, репортажу Алим и къалэмыпэм къыщIэкIахэр пщIы бжыгъэ Iэджэ мэхъу.
Ахэр щIэмычэу къытехуэрт
фронтым къыщыдэкI газетхэм,
езы КIыщокъуэр зи
редактору щыта «Хэкум папщIэ!» дивизэ газетри абы яхэту. Алим и IэдакъэщIэкIхэм занщIэу гу лъыптэрт
ахэр зи акъылыр жан, бзэ шэрыуэ зыIурылъ журналистым зэритхамкIэ.
ЛIыгъэ зэрыхэлъам
и щыхьэту, дамыгъэ лъапIэхэр и бгъэм
хэлъу, майору Хэку зауэшхуэм къикIыжа КIыщокъуэм и творческэ
лэжьыгъэр зеи зэпигъэуакъым. «Шум и гъуэгу» фIищу 1946 гъэм абы къыдигъэкIа усэ тхылъым
нэхъыбэу итыр зауэмрэ абы текIуэныгъэ къыщызыхьа ди зауэлIхэмрэ ятеухуа
усэхэрт. ЦIыхухэм занщIэу япхъуатэри
цIэрыIуэ хъуат «ТекIуэныгъэ»,
«Сэлэт сэлам», «Сэлэт шырыкъу», «Си фочым IэплIэ есшэкIауэ», «ЗэныбжьэгъуитI», «Жыр пыIэ», «Сэ сщIэркъым зауэм
никIыжу…», «Фэеплъ
бэлътоку» усэ телъыджэхэр. Ахэри, зауэм, лIыгъэм, цIыхугъэм теухуауэ
нэхъ иужьыIуэкIэ КIыщокъуэм итха
нэгъуэщI усэ
куэди ноби адыгэ тхылъеджэхэм яIурылъщ, цIыхугъэм хэлъын
хуей лъапIэныгъэхэр яIэту. КIыщокъуэм быдэу
и фIэщ хъурт, сыт
хуэдэ гъэунэхуныгъэ хуэмызами, и цIыхугъэр фIэмыкIуэду цIыхур абы къызэрикIыфынур, гъащIэр къэзыгъэувыфын
къару зэрыщымыIaр икIи зэрыщымыIэнур. А гупсысэр
IупщIу къыхощ «Жыр
пыIэ» усэ цIэрыIуэм:
Биишэ бзаджэр
техуати,
ЗауэлIыр уэсым хэхуат
Жэщ борэн щIыIэм щIилъхьати,
Теплъакъым
хьэдэм нэгъуэщI.
ТекIыжри уэсыр
зэуапIэм,
Хъуащ
гъатхэм губгъуэр щхъуэнтIагъэ,
Мес улъияуэ
жыр пыIэм
Иджы удзыщIэр щогъагъэ.
СРЫКЪУЭ Юлэ,
Адыгей
къэрал университетым и аспирант, егъэджакIуэ
Украинэм къыщыхъея зауэм илъэсий лъэужь иІэми, Іуэхухэм нэхъ тегъэчынауэ дакІэлъыплъ, хъыбархэр нэхъ къыднэс, дащыгъуазэ щыхъуар иужьрей зэманращ, е, нэхъ тегъэчынауэ жыпІэмэ, Урысейм и Президентым и унафэкІэ, Украинэм спецоперацэр щрагъэжьа нэужьщ.
Шэч хэлъкъым, лыуз зиІэ дэтхэнэми езым ейм хуэдэу зыхещІэ мамыру псэуныр зи хъуэпсапІэ цІыхухэм ирагъэхъылІэ леягъэр, ирагъэшэч хьэзабыр. КъинэмыщІауэ, дигухэр яхуэмыгъуэщ зэуапІэм Іут ди зауэлІхэм.
Иджыблагъэ и Іуэху еплъыкІэкІэ къыддэгуэшащ Адыгэ-Хьэблэ спортеджапІэм Іэхуитлъэхуит бэнэ
кІэмкІэ и унафэщІ, щІалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэным, Іэпкълъэпкъ быдэу къэгъэтэджыным зи гуащІэшхуэ хэзылъхьэ Борсэ Іэуес.
— Зауэр зыми фІэфІкъым. Зауэр — нэпсщ, хэщІыныгъэщ, гуауэщ. Ауэ щыІэщ урыс псалъэжь, зым дежкІэ зауэр гуІэ нэпсщ, адрейм дежкІэ анэбгъафэ пэлъытщ жэуэ. АтІэ, етІуанэхэм яхуэдэщ лІыжь-фызыжьхэр, сабийхэр, бзылъхугъэхэр, уеблэмэ сымаджэхэри лъэгущІэтын зыщІ украин нацистхэр. Зауэм дежи хабзэ гуэр къыщокІуэкІ. Ауэ мы иужьрейхэм уи цІыхугъи, уи зауэ хабзи яцІыхукъым. Абы и щыхьэтщ гъэр ящІа зауэлІхэм ирагъэхъылІэ хьэкІэкхъуэкІагъэхэр.
Жагъуэ зэрыхъущи, зэуапІэм нобэ Іутщ ди лъэпкъэгъу щІалэ куэд. Нэхъри нэхъ гуауэжыр аращи, ди къуажэхэм къыдашэж зауэм хэкІуэдахэри. Иджы дыдэщ дыуэщІ дыщыдэтар. ЯукІауэ къашэжа тхьэмыщкІэм и Іыхьлы-Іэулэдым, унагъуэм къагуІар плъэгъуа нэужь, щІэх зыкъыпхуэщІэжкъым. АтІэ, апхуэдэр илъэсий хъуауэ зылъагъухэр дауэ къэнэжрэ?! Абыи уемыгупсысынкІэ Іэмал иІэкъым.
Дауэ щымытми, пэжым гъуэгу игъуэтынущ, мамырыгъэр тепщэ хъужынущ. Нэхъыщхьэр, хъыбар нэпцІхэм зыдедмыгъэхьэхын, дигухэр пхъашэрэ щІыІэрэ дымыщІынращ, — жиІащ Іэуес.
Газета издается с 12 октября 1924 года
Граждан зауэмрэ адыгэхэмрэ
«Мы шли разомкнутою лавой,
Крича «Аллах» на всем скаку,
Покрыли полк бессмертной славой
-Хвала Черкесскому полку!»
Австрийскэ фронтым адыгэ дзэ къудамэхэм щауса уэрэд.

Совет властыщIэм пэщIэувахэр къызэрагъэлъэгъуэжыр мэзым щIыхьэжа бандэ гуп закъуэтIакъуэущ, къуажэхэм къыдыхьэмэ яхъунщIэу, мэкъумэшыщIэ насып къэунэхуам зэран хуэхъуну и ужь иту. Арами, кавказ лъэпкъхэм ящыщу, псом хуэмыдэу Совет властыщIэр зэрагъэува лъыгъажэм пэщIэувар, дзэ хужьым лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ хэлъэщыхьар адыгэхэращ. ДяпэкIэ къэкIуэну щIэблэм иджыри къапэщылъщ лъэпкъым и лъэужьхэр дзэ хужьым и тхыдэм къыхахутэжыну. Дэри, зэрытлъэкIкIэ, ди нобэрей тхыгъэмкIэ зы къэхутэныгъэ Iыхьэ хэтлъхьэнщ мы Iуэхум.
Мы тхыгъэр зытедухуар граждан зауэм къриубыдэу дзэ хужьым адыгэ зауэлIхэр зэрыхэтаращ. Япэ щIыкIэ гъэбелджылыпхъэщ а псом лъабжьэ хуэхъуа Iуэхугъуэхэмрэ щхьэусыгъуэмрэ. Тхыдэ жыжьэм уIэбэжмэ, 1917 гъэм и кIэм Тэрч, Псыжь, Ставрополь хэгъуэгухэм дэужьгъащ кавказыдзэм щыщу (псом хуэмыдэу 39-нэ пехотнэ дивизием) большевичхэм мурадыщIэхэм хуагъэуша дзэ Iыхьэхэр. И нэхъыбэм абыхэм яцIыхутэкъым зи ужь ихьа мурадым и пэжыпIэри, большевичхэм ирахьэжьа зэхъуэкIыныгъэхэм я купщIэри, атIэ а псор къагъэсэбэпу, зэманыщIэм «ириуэркъыну» арат. Дауэми, а дзэ Iыхьэхэращ революцэм и жьыр нэгъэсауэ къызынэмыса Кавказыр «къэзыгъэушар», хьэлэбэлыкъ хэзыдзар, лъы гъажэмрэ зауэ лыгъэмрэ лъэпкъхэм къахэзыхьар.
Тхыдэм къыхэнэжащ адыгэ къуажэхэу Аскъэлей, Нэщыкъуей, Пэнэжьыкъуей, Шэнжий, Хьалъэкъуей, нэгъуэщIхэми большевичыдзэхэм лъапсэрыхыр къызэрыхуахьар. Аскъэлей къуажэм большевичхэм щызэтраукIауэ щытащ нэрыбгэ 305-рэ (ар къуажэм щыпсэум и щIылъэныкъуэм щIигъут). Львов Николай и тхыгъэ «Свет во тьме» зи фIэщыгъэцIэм къыщыдгъуэтащ большевичыдзэм «яухъуэнщIа» адыгэ къуажэхэм я хъыбар: «Нэщыкъуей къуажэр большевичхэм яухъунщIат, зэбгырахат. Къуажэм дэса щIалэгъуалэр зэрыщыту – нэрыбгэ 200-м щIигъу зэхуахусри, зэтраукIащ. Былыми, джэд-къази къамыгъанэу дахуащ, лIыжь-фызыжьхэм бгылъэхэм илъэдэжын къахудэхуащ. Хьэ щхьэрыуэхэм мыхъумэ зыри дэтыжкъым къуажэм.
Апхуэдэ къабзэщ Пэнэжьыкъуей, Шэнжий къуажэхэри. Дэнэ дыкъыщымувыIами, зэхэтхыр дзэ плъыжьым зэрахъунщIа, зэраукIа, леягъэ зэрыраха хъыбарщ. Къуажэхэр апхуэдизкIэ яхъунщIащи, щIакхъуэ Iыхьэ дэбгъуэтэжынукъым. Большевичышэм къелахэр гъаблэм ехьыж…» Иужьрейуэ яхъунщIа Мансур и къуажэм къыщыдэкIыжым мафIэ щIадзэри зэтрагъэсыхьауэ щытащ уIэгъэу къыдэнахэри, езы къуажэри.

Врангелым итхыжауэ щытащ: «Адыгэ къуажэхэм большевичхэм лъапсэрыхыр къыхуахьат. Зы къуажэ закъуэм пщIы бжыгъэкIэ даукIыкIат цIыхухъу балигъхэр, иныкъуэхэри зэрыпсэууэ щIатIат. Къуажэм плъыжьхэр дэтхужа и ужь, къэдубыда гъэрхэр къуажэдэсхэм къахуэзгъанэри сыкъыдэкIыжащ. КонстаниновскэмкIэ дгъэзауэ дыздэкIуэм дыкъыщызэплъэкIым, тлъэгъуащ къуажэдэсхэм апхуэдиз къайзыщIылIа гъэрхэм зрадзыу, зэрызэпкъратхъар». (Врангель П.Н. «Записки Т.1.-Минск, 2002. С.124.»)

А зэманым Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм хэта дзэ хужьым и джэлэс хъуар Кавказ дивизием къулыкъу щызыщIахэращ, псом хуэмыдэу адыгэ полкхэращ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ революцэ мафIэр къызыщIэна Петроградыр ирагъэункIыфIыжыну, большевичхэм къадэщIыну зи мурад дзэ полкхэр «ирагъэсабырыжыну» яутIыпщауэ щытар черкес полкращ, арщхьэкIэ гъущI гъуэгум щылажьэхэм зыкъаIэтри, здрагъэжьам нэмысыфу полкым къигъэзэжауэ щытащ. Алыхьращ зыщIэр Петроград къыщыхъуа Iуэхугъуэхэм зэрызахъуэжыну щытар черкес полкыр абы нэсауэ щытамэ. А зэманым полкыр пхырыкIат Ипщэ-КъуэкIыпIэ, Румын фронтхэм щекIуэкIа зауэхэм, лIыгъэрэ щхьэмыгъазагърэкIэ псыхьат, абы хэт зауэлIхэри куэд зи нэгу щIэкIа, зэуэным хуэгъэщIа нэрыбгэхэт. Арами, ищхьэкIэ Къеплъыхым апхуэдэу зэригъэзахуэри, черкес полкым гъуэгу зэхуэдитIыр икIуауэ кърагъэгъэзэжри, Псыжь и ипщэ лъэныкъуэмкIэ ягъэкIуэжауэ щытащ.

Дзэ хужьым и телъхьэу, большевичхэм япэу пэщIэуахэм ящыщщ кIахэ адыгэхэм къахэкIа черкес шуудзэ полкыр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар революцэм и жьы гуауэр япэу абыхэм къазэрыщIихуаращ. 1917 гъэм и кIэхэм добровольческэ хужьыдзэ къызэрагъэпэщам куэду яхэтащ адыгэхэр: полковник Кърым-Джэрий СулътIанрэ (Дикая дивизием хэта Черкес полкым и командиру щытащ) ротмистыр Улагай Кушыку сымэ я нэIэ щIэт дзэ пакIэхэмрэ. Ахэращ лъабжьэ хуэхъуар Псыжь лъэныкъуэм япэу къыщызэрагъэпэща Черкес шуудзэ полкым. Ар и нэIэ щIэтащ полковник Къылыш-Джэрий СулътIан. А зэманыр къэзыхутэжа Волков С. зэрыхуигъэфащэмкIэ, полкыр къыщызэрагъэпэщар 1918 гъэм и гъатхэпэм (мартым) и 1-ращ. Апхуэдэ еплъыкIэр зытригъащIэр Шэнжий къуажэ и деж псыжьыдзэхэр щIэрыщIэу къыщызэрагъэпэщыжауэ зэрыщытаращ. Арами, нэгъуэщI тхыдэтх Венков А. зэритхыжымкIэ, черкес полкыр а зэманым хэтагъыхэт 1918 гъэм щIышылэм (январым) и 20-м Энем къуажэм деж советыдзэм иращIыла зауэм.

«Контрреволюционный мятеж» зыфIаща Iуэхугъуэхэр Ищхъэрэ Кавказым къыщыхъуа мазэхэм бгырыс лъэпкъхэр нэхъыбэу зыхэтар дзэ хужьращ. 1918 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) Тэрч деж къыщыхъуа «Терское восстание» зыфIаща Iуэхугъуэм хэлъэщыхьащ штабс-ротмистр Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч и нэIэ щIэта адыгэхэр. Абы и дзэм хузэфIэкIауэ щытащ Къэбэрдей щIыналъэр зэрыщыту и нэIэ щIигъэувэн. Даутокъуэращ а гъэ дыдэм шыщхьэIум (августым) Къэбэрдей полкитI къызэзыгъэпэщар: уэркъ полкрэ мэкъумэшыщIэ полкымрэ. ФокIадэ мазэм ахэр, нэгъуэщI тэрчыдзэхэми я гъусэу, Кубань областым и Баталпашинскэ отделым (иджырей Къэрэшей-Черкесым) зыкъыщызыIэта Шкуро и дзэхэм ягухьауэ щытащ.


Адыгэ дзэ къудамэм апхуэдиз пщIэ къыщIыхуащIым нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэт. А зэман зэхэтхъуам нэгъэсауэ зызытебгъащIэ хъуну, дзыхь зыхуэпщIыну зауэлIхэр мащIэт. Тепщэгъуэр зей властым елъытауэ, дзэ Iыхьэхэр щызэбгырыжыжыр нэхъыбэт, зэман хьэлъэ къызыхудэхуа дзэ хужьым и мащIэт зауэм лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ ипсыхьахэр. Абы папщIэ, и нэхъыбэм уэркъ-лIакъуэлIэшкIэ къызэгъэпэща, зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж, зи псалъэм тетыж, щхьэмыгъазэ адыгэдзэ къудамэхэр хужьыдзэм и дежкIэ тегъэщIапIэ лъэщт. Аращ 1918 гъэм и кIэм хуэкIуэу, адыгэдзэ къудамэхэм я зауэкIэр зылъэгъуа Деникин мурад щIищIар адыгэ шуудзэр дивизиеу 6-м, лъэсырыдзэ бригадэхэр 4-м нигъэсыну.

1918-1919 гъэхэм Ищхъэрэ Кавказ лъэныкъуэм щекIуэкIащ зауэ гуащIэхэр, Плъыжьыдзэм и е 10,11,12-нэ армэхэм пэщIэтт добровольческэ дзэр. А зэманращ е 11-нэ плъыжьыдзэ армэр щыщхьэпрадзар. Ищхъэрэ-Кавказ хэгъуэгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр зэрыщыту яубыдащ дзэ хужьым, плъыжьыдзэм и е 11,12-нэ армэхэм къахудэхуащ икIуэту къалмыкъ губгъуэхэм ихьэжын. Е 10-нэ армэми и ижь къудамэр тIасхъэ ящIат. Арами, дзэ хужьми уасэшхуэкIэ «къищэхуащ» а текIуэныгъэхэр, дивизиехэм я щIылъэныкъуэхэр хэкIуэдат зауэм. Зауэм и нэхъ гуащIапIэм Iуту, куэд зыхаукIыкIахэм ящыщт Черкес, Къэбэрдей дивизиехэр. Мазаем (февралым) и 10-м Ассиновскэ и деж щыта Черкес полки 4-м хэтахэр къыщапщытэжым ятхыжар зауэлI 1186-рэ пулемет 15-рэщ, Къэбэрдей дивизием къызэщIиубыдэу зауэлI 1200-мрэщ. Дгъэбелджылыну дыхуейщ нэгъуэщI лъэпкъ полкхэр, дзэ къудамэхэр мыбдеж къызэрыхэмыщыжыр. И кIэм нэгъунэ дзэ хужьым дэзауэу, сыт хуэдэ зауэ гуащIэми пхырыкIауэ къэнэжар зи цIэ итIуа черкес полки 4-мрэ къэбэрдей дивизиемрэщ.

Гъэмахуэм Къэбэрдей дивизием хэтым и бжыгъэр (е 5-нэ полкыр хэмыту) зауэлI 1500-м нэст, пулемет 13-рэ топ псынщIэу 4-рэ ящIыгъужу. ШыщхьэIу мазэм мы дивизиеращ Анзорхэ Мудар и унафэ щIэту, Врангель и Кавказыдзэм хэту Царицын лъэныкъуэмкIэ зэуар. ФокIадэ мазэм и 3-м унафэ къыдокI Къэбэрдей шуудзэ дивизиещIэ къызэрагъэпэщыну, а мазэ дыдэм и 27-м ар хагъыхьэ генерал-лейтенант Топорков С. и унафэ щIэт е 4-нэ шуудзэ корпусым. А зэман дыдэм къызэрагъэпэщауэ къыхощыж е 6-нэ Къэбэрдей шуудзэ полкыр. Абы хэтт зауэлI 360-рэ.

А зэман дыдэм, зэрыжытIауэ, Донбасс деж къару щызыгъуэта большевичхэм я е 1-нэ шуудзэ армэм щхьэзакъуэу пэщIадзащ зауэм ичэтхъа, нэгъэсауэ ирамыгъэкъужа, зэрамыгъэпэщыжа черкес дивизиер. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дапхуэдэу гуащIэу мызэуами, сыт и IуэхукIи зэгъэпэща е 1-нэ армэм къыхигъэщIащ дивизиер. Тхыдэм къыхэнэжащ дивизиер псэемыблэжу, къэгъазэ ямыцIыхуу зэрызэуар. Абы апхуэдизкIэ хэщIыныгъэ игъуэтати, Куржым ирагъэкIуэтыжу щыхэплъэжым, дзэ къудамэ къызыхахын дивизием хагъуэтэжакъым. 1920 гъэм и накъыгъэ мазэм и 6-м къыдэкIа зи № 3139 унафэм ипкъ иткIэ, дивизиер зэбгырагъэкIыжауэ щытащ. Абы и унафэщIу щыта Къылыш-Джэрий СулътIаныр кIуэжауэ щытащ Кърымым, абдежи и ужь итащ адыгэдзэр къызэригъэпэщыжыну, ауэ бжыгъэкIэ хуригъэкъужакъым. ГлавкомыщIэу ягъэува Врангелым ар къигъэкIуэжауэ щытащ Кавказым, гуп гуэрхэри къызэригъэпэщри зэуащ, ауэ плъыжьыдзэм къыщызэбгырахум, Хэкум икIыжын къыхудэхуащ. Черкес дивизиер зэрызэбгырагъэкIыжа унафэм и гъусэу къыдагъэкIащ хэщIыныгъэшхуэ зыгъуэтахэу, зэрагъэпэщыжын яхулъэмыкIыжа Къэбэрдей шуудзэ дивизиемрэ е 1,2,3,4,5-нэ Къэбэрдей полкхэмрэ зэрызэбграгъэкIыжа унафэр.

Адыгэ зауэлIхэм я хахуагъыр, лIыгъэр къацIыхут икIи абыхэм я дзыхьыр къыщрагъэзыр куэдт. Абы и щапхъэ куэд тхыдэм щыбогъуэтыж. Апхуэдэу, дзэ хужьым и нэхъыфIыр зи нэIэ щIэта генерал Марковым и хъумакIуэу къызэригъэпэщар «черкесский конвой» зыфIища адыгэ зауэлI гупращ. ГъэщIэгъуэнракъэ, офицерыдзэмрэ къэзакъыдзэмрэ я нэхъыфIым и унафэщIым зи дзыхь зригъэзар адыгэхэращ. Ар дыдэм къызэригъэпэщауэ щытащ Черкес шуудзэ полк щхьэхуэ, зыми дзыхь здыхуимыщI гуащIэгъуэм ахэр игъакIуэу щытащ.

Тхыгъэ къэттIэщIыжахэр щыхьэт тохъуэ, «русская смута» зыфIаща граждан зауэм адрей лъэпкъхэр гуэша зэрыхъуам хуэдэ дыдэу адыгэхэм зэрызамыгуэшар. Пэжщ, къэхъугъэ зырыз гуэрхэри щыIагъэнщ, ауэ совет тхыдэм къызэрыхэщыжым хуэдэ дыдэу, зэрылъэпкъыу зыкъаIэту революцэ плъыжьым пежьакъым, загуэшу зэзэуэжакъым. Советым и къарур лъэщу игъэува и ужьщ, «кто был ничем, тот станет всем» къыхуеджэныгъэм щIагъэувэу, мэкъумэшыщIэхэр ягъэгушхуэу, лъэпкъым и дахэгъуэр зыIыгъа уэркъ-лIакъуэлIэшхэр щыщхьэщаукIыкIауэ щытар. Дзэ хужьым ипщэ лъэныкъуэм деж щригъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм япэу къуэувэу, и кIэм нэс бгъурыту зэуари, зи щхьэ граждан зауэм щызыгъэтIылъари ар дыдэхэращ -адыгэ уэркъ-лIакъуэлIэшхэращ.
1
2
Урыс –Кавказ зауэ
3
Накъыгъэм и 21-м 2012 гъэм Урыс –Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 148 ирокъу.Накъыгъэм и 21-м 2012 гъэм Урыс –Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 148 ирокъу.
4
Лука Джовани итхыгъащ: «Тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ къащыхьэ зэпытщи, шэрджэсхэр зауэм хуэхьэзырщ сытым щыгъуи, абыхэм нэхъ шууей Iэзэ щыбгъуэтынукъым а лъэныкъуэмкIэ. Мэз щIагъым щызэрихьэлIэмэ, зы адыгэм бий тIощI хигъэщIыфынущ.» Мэз щIагъым щызэрихьэлIэмэ, зы адыгэм бий тIощI хигъэщIыфынущ.»
5
Покорение земель черкесов оказалось для царской власти более долгой задачей, чем покорение Чечни и Дагестана. Даже после пленения Шамиля черкесы еще в течение 5 лет продолжали ожесточенное сопротивление царским войскам. По этой причине наиболее масштабному истреблению и выселению подверглись именно непокорные племена. Вследствие демократического внутреннего уклада они вызывали особое неприятие у крепостнического царского режима. В качестве доказательства можно привести следующие данные по численности черкесского населения к началу русско- кавказской войны и через 5 лет после ее окончания: — шапсугов было – , осталось – 1983 человека; — абадзехов было , осталось – 14660; — натухайцев было – , осталось – 175; — темиргоевцев было – 80000, осталось – 3140; — бжедугов было – 60000, осталось – 15263; — махошевцев было – 8000, осталось – 1204; — адамиевцев было – 3000, осталось – 230; — убыхов было –74000, осталось – 0; — из почти ста тысяч жанеевцев и хакучей не осталось ни одного живого человека.
6
7
8
..в результате Русско-кавказской войны она оказалась вовлечённой …..в результате Русско-кавказской войны она оказалась вовлечённой …
9
Генерал Раевскэм итхыгъащ: «Испанцхэм Америкэм щызэрихьа лейм хуэдабзэщ дэ адыгэхэм як1элъызетхьар, абы л1ыгъэ зыри хэслъагъуэркъым»
10
11
Декабрист Бестужевым итхыгъащ: «Дэ зытедгъасхьэрт абыхэм я жылагъуэхэр,яжьэ пщтырт ди яужьым къинэр»
12
13
14
15
16
Генерал Вельяминовым зиумысыжыгъащ: «Маф1э еддзурэ дык1уэц1рок1, абы зэщ1ебзае къуажэхэр.Узэплъэк1ыжмэ, гужьеигъуэт…»
17
Истамбылак1уэ
18
…Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ. Фэрыншэм нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр.Фэрыншэм нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр. Фэрыншэу уэгум вагъуэ щипхъыхьарФэрыншэу уэгум вагъуэ щипхъыхьар Мэкъуауэ бадзэу, мафIэ нэпцкIэ мэсхэр.Мэкъуауэ бадзэу, мафIэ нэпцкIэ мэсхэр. Адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ пщыкIутI, Iэпкълъэпкъыу цIыхум фэ фхуэдизщи иIэр, Зыгуэр фыхэщIу и гур ивмыуд Фи псэуныгъэр гурыфIыгъуэу зиIэм…
19
20
Шинкубэ Баграт( ) «ЖылакIэ» романым лъабжьэ хуэхъуащ Кавказ адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым – убыххэм- я щхьэм кърикIуа насыпыншагъэр. «ЖылакIэ» романым лъабжьэ хуэхъуащ Кавказ адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым – убыххэм- я щхьэм кърикIуа насыпыншагъэр.
21
…Дапщэ фыхъурэ зи адэжь щ1ыналъэр Пщ1ыхьым хэту ф1эк1 зымылъэгъуар? 1уащхьэмахуэ и зы къурш уэс нэк1ур Илъэгъуну къызэмыхъул1ар?…
22
23
24
Памятник жертвам Русско-Кавказской войныПамятник жертвам Русско-Кавказской войны Памятник жертвам Русско-Кавказской войны Лъэпкъ щ1ыхьым и псэр шэпэ1удз хуэзыщ1у, Яук1ыхунк1э бийм хуимык1уэтахэм, Хьэжрэту мыжурэпэм ирихужьэу, Истамбылак1уэ гъуэгум тек1уэдахэм Щана псэ нэхухэм я фэеплъщ мы сынри, Ц1ыхуц1э зи1э, къэувы1и, хуэгумэщ1. Бемырзэ Мухьэдин
25
Адыгам жертвам военно политических событий на Кавказе
26
Псэр дэпсэхуу къреунэху зы махуэ! Псэр дэпсэхуу къреунэху зы махуэ! Маржэ, адыгэ лъэпкъ! Тхыдэм къыхэх дерс, Дывгъэхъумэж ди къуэпс!
