Сочинение си бзэ си псэ

Всем привет.Помогите,пожалуйста,с сочинением🙈❤.Вот такая тема:»Си бзэ,си псэ,си дуней»Предложите свои варианты🙏 в коммах.

Анонимно

Астемир Кумыков

20.01.2018

5

Мой тебе совет завтра прогуляй этот урок😂😂😂😂😜

Рамазан Карачаев

20.01.2018

4

Уи бзэм утемыпсэлъыфыхьыну балыхьышхуэкъэ.🙄

Астемир Кумыков

20.01.2018

Умар, 😂

Астемир Кумыков

20.01.2018

Карина, да😂

Назират Абазова

20.01.2018

Си бзэр жы1и къегъажьи, атк1э п1ыт1 сыт1 зыгуэрхэр тхы🌚

Фатима Добагова

20.01.2018

1

Мама еупщ1🤷‍♀️ дымыщ1эм ара къыджезы1у щытар

Мариям Узденова

20.01.2018

2

😂😂😂 лучше прогуляй урок

Алёна Хатухова

20.01.2018

уи бзэм теухуауэ зыри пхужымы1эну пэжкъым

Астемир Кумыков

21.01.2018

Придумайте рассказ жари грустное жари къыджа1ат по литературе в 11 классе.СИ очередь мыгъуэр кьэсыри Кумыков к доске жари может не надо жыс1урэ сытмэ уей сыдашымэ давай Кумыков расскажи нам что ты там сочинил жари.😂Жила была одна семья было счастливо она и пришла к ним беда жыс1а къудейуэ т1ыс 2 жери сигъэт1ысыжат жэшу л1эным это музыка,а не рассказ жери иджыпсту уэду сощ1эж ааа урокыр😂😂😂Марьяна Хамедбиевна 6 школам ирегъа1э.Ар мыгъуэ зык1э сф1эф11ейуэ жыс1эти аа уэрэдыр жызы1эр лохурат аууэ пщ1э си нэ ц1ык1уит1ыр ехьэхауэ грустну.

Астемир Кумыков

21.01.2018

Диктант жари мыгъуэ дагъэт1ысымэ уей адыгэбзэмк1э,.къыщ1идзащ сытмэ жи1ын и 1ахъ жи1э жи1эт здэстхым красное линием сынэсауэ ааа ц1ык1ухэр пщык1ут хъут жери жи1а,Арати Жанна Сафарбиевна пщыр стхыуэ К1УТ1Р къесхьэк1 хъуну жыс1ати😂😂😂😂отвечаю вообще я не подумал о пошлом😂😜къехьэк1 Кумыков къехьэк1 50 лет хъуауэ къызохьэк1ри зыри къысщыщ1а1ымэ жи1эт😂😂😂😂😂😂😜сытми псори дыхьэшху щыст общу дызыхэсурат.😂дыщысурэ познакомитесь это Ваш новый ученик жари зы къыщ1ашэмэ уей си гьусу щыс девочкар 1уагъэк1ыри къагъэт1ысымэ уей😂😂😂и тетрадир кьещтэри къыщызы1уихым сщ1э1ымэ абы и унэц1эм сыщ1еплъар😂😂😂😂ГУДУЕВ Борист ээ😂😂😂😜удыхьэшхынумэ къеблагъэ😂😂😂😂и сол1апэ хахам сыпиуда псори мэдыхьэшх къызэплъурэ😂и сытмэ сагъовы1эжа😂дыщысурэ дытхурэ Борис и ручкар тхэтэ1ымэ и къызже1э ручка лишня п1ыгъу п1эрэ жери

Астемир Кумыков

21.01.2018

1

Жанна Сафарбиевна мы Гудыжь 😂Борис ручка лишня къет ка и ручках тхэ1ыми жыс1ати😂😂😂к директору вонннннн жери сегъак1уэмэ уей 😂😂директорым уей Астемир симыгугъэнт апхуэду укъыщ1идзыну жери😂😂😂эээ жыс1а 1ааа Гудуев Борис и унэц1эти ли адыгэбзэ дахэ сымыгъэк1уэдын щхьэ жес1ащ жыс1а ка мы Гудыжь Борис и ручкар тхэ1ыми ручка лишня кьефт жыс1ауращ жыс1эри аа директорыр зык1э хахати и 1уохур л1эн сигугъат 😂😂😂😂😂Сыщ1эсыжарэт иджыри 😜😂Аллыхьыр согъэпэж выпускноим гъыуэ къызигъэухащ😂😂😂😂😂😂😂😂😂

Астемир, уемызэшу дау птха мыр ау….

Астемир Кумыков

21.01.2018

1

Макар, уей стхам аплодисментхэр да1э или т1ыс 2?😂

December 15 2012, 13:43

Categories:

  • История
  • СССР
  • Cancel

«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
Зэрыжы1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Хэк1ащ апхудэу адыгэм ди зы къуэш лъэпкъым и псэр. Зи гугъу сщ1ыр убыххэрауэ зэрыщытыр дауи къывгур1уа хъунщ. Адыгэ 1уэхум иригузавэ дэтхэнэ зы ц1ыхуми игур щ1эмыузынк1э 1эмал и1экъым мы л1акъуэ уардэм и щхьэм къырик1уа насыпыншагъэм. Убых лъэпкъым и гум къеуэным щ1ыщигъэтам щхьэусыгъуэ куэд и1эщ. Абыхэм ящыщщ ахэр псори Уэсмэн империе бзаджэм 1эпхъуэн хуей зэрыхъуар, абы 1эпхъуа нэужь зэрызэк1эщ1ачар, тыркухэм я къэралыгъуэм щыпсэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм егъэщ1ыл1ауэ ирагъэк1уэк1а политикэ гущ1эгъуншэр. А псори зэхыхьэжри убыххэр к1уэдыпащ. Тевфик Эсенч иужьк1э зыри а бзэ жьгъырумк1э ирипсалъэжакъым. Абдеж ди къуэш лъэпкъым и псэр хэк1ауэ ябжын щ1адзащ. Убыххэр езыхэр къапщтэмэ нэхъ адыгэ л1акъуэ инхэм ящыщу щытащ. А псори к1уэдыжауэ ф1эщ щ1ыгъуейщ. Дауик1 абы зыгуэр къэнащ, Тыркуми иджыри щыпсэууэ жа1э, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр псоми я1эщ1эхуа хъуащ. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ. Сыхуейт Иуан Бубэ и усэк1э сыухыну:

Уи анэбзэр гъаф1э.
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.

Пхуахъумащ адэжьхэм
Бзэм я нэхъ къулейр.
Зи бзэ зымыджыжхэм
Зэи уадэмыплъей.

Зи бзэ хуэмеижыр —
Ар лъэпкъыншэ мэхъу.
Зи лъэпкъ 1уэху еижыр
Гъащ1эм къегъэщ1эхъу.

Бзэр 1эщ1ыбмэ — йобэ,
Мэхъу тэджыжыгъуей.
Ар тхъумэныр нобэ
1ущагъ псом я лейщ.

Адыгэбзэр гуапэщ,
Лант1эщ ик1и лъэчщ.
Дыгъэ налъэу хуабэщ,
Уи псэм и данлъэчщ.

Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.

КлассщIыб еджэныгъэ «Фестиваль родного языка, Бзэ лей щы1экъым» Зыгъэхьэзырар ТыIэщ З.К.

КлассщIыб еджэныгъэ

«Фестиваль родного языка, Бзэ лей щы1экъым»

Зыгъэхьэзырар

ТыIэщ З.К.

Си бзэ дахэу Адыгэбзэ, Си бзэ дахэу Псэм и нэху! Уэращ Си анэдэлъхубзэр ЗыпщызгъэнщIкъым Сыпсэлъэху!

Си бзэ дахэу

Адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу

Псэм и нэху!

Уэращ

Си анэдэлъхубзэр

ЗыпщызгъэнщIкъым

Сыпсэлъэху!

АБГЪУЭМ КЪИКIЫУ БГЪЭР ЛЪЭТЭНУМ ХУЕЙКЪЭ ДАМЭР ИШЭЩIЫН.  ЦIЫХУМ ЦIЫХУУ ЗИБЖЫЖЫНУМ ХУЕЙКЪЭ И БЗЭР ИЩIЭЖЫН.

АБГЪУЭМ КЪИКIЫУ БГЪЭР ЛЪЭТЭНУМ ХУЕЙКЪЭ ДАМЭР ИШЭЩIЫН. ЦIЫХУМ ЦIЫХУУ ЗИБЖЫЖЫНУМ ХУЕЙКЪЭ И БЗЭР ИЩIЭЖЫН.

УИ АНЭБЗЭР ГЪАФIЭ,   АР БГЪЭ ДАМЭУ ШЭЩI.  АДЭЖЬ И ЖЬЭГУ МАФIЭУ  ПХУАХЪУМАМ АР ПЭЩI.

УИ АНЭБЗЭР ГЪАФIЭ, АР БГЪЭ ДАМЭУ ШЭЩI. АДЭЖЬ И ЖЬЭГУ МАФIЭУ ПХУАХЪУМАМ АР ПЭЩI.

Я ФЭЕПЛЪЩ АДЭЖЬХЭМ  БЗЭМ Я НЭХЪ КЪУЛЕЙР.  ЗИ БЗЭ ЗЫМЫДЭЖХЭМ  ЗЭИ УАДЭМЫПЛЪЕЙ.

Я ФЭЕПЛЪЩ АДЭЖЬХЭМ БЗЭМ Я НЭХЪ КЪУЛЕЙР. ЗИ БЗЭ ЗЫМЫДЭЖХЭМ ЗЭИ УАДЭМЫПЛЪЕЙ.

ЗИ БЗЭ ХУЭМЕИЖЫР-  АР ЛЪЭПКЪЫНШЭ МЭХЪУ.  ЗИ ЛЪЭПКЪ IУЭХУ ЕИЖЫР  ГЪАЩIЭМ КЪЕГЪЭЩIЭХЪУ.

ЗИ БЗЭ ХУЭМЕИЖЫР- АР ЛЪЭПКЪЫНШЭ МЭХЪУ. ЗИ ЛЪЭПКЪ IУЭХУ ЕИЖЫР ГЪАЩIЭМ КЪЕГЪЭЩIЭХЪУ.

БЗЭР IЭЩIЫБМЭ – ЙОБЭ,  МЭХЪУ ТЭДЖЫЖЫГЪУЕЙ.  АР ХЪУМЭНЫР НОБЭ  IУЩАГЪ ПСОМ Я ЛЕЙЩ.

БЗЭР IЭЩIЫБМЭ – ЙОБЭ, МЭХЪУ ТЭДЖЫЖЫГЪУЕЙ. АР ХЪУМЭНЫР НОБЭ IУЩАГЪ ПСОМ Я ЛЕЙЩ.

АДЫГЭБЗЭР ГУАПЭЩ,  ЛАНТIЭЩ ИКIИ ЛЪЭЧЩ.  ДЫГЪЭ НАЛЪЭУ ХУАБЭЩ,  УИ ПСЭМ И ДЭНЛЪЭЧЩ.

АДЫГЭБЗЭР ГУАПЭЩ, ЛАНТIЭЩ ИКIИ ЛЪЭЧЩ. ДЫГЪЭ НАЛЪЭУ ХУАБЭЩ, УИ ПСЭМ И ДЭНЛЪЭЧЩ.

 ПСАЛЪЭЖЬХЭР

ПСАЛЪЭЖЬХЭР

АДЫГЭ ХАБЗЭР АДЭ ЩIЭИНЩ.

АДЫГЭ ХАБЗЭР АДЭ ЩIЭИНЩ.

НЭМЫС ЗДЭЩЫМЫIЭМ НАСЫП ЩЫIЭКЪЫМ.

НЭМЫС ЗДЭЩЫМЫIЭМ НАСЫП ЩЫIЭКЪЫМ.

УИ АДЭ-АНЭ ЯХУЭПЩI НЭМЫСЫР УИ БЫНМИ КЪЫПХУАЩIЫЖЫНЩ.

УИ АДЭ-АНЭ ЯХУЭПЩI НЭМЫСЫР УИ БЫНМИ КЪЫПХУАЩIЫЖЫНЩ.

АКЪЫЛЫМ И ЛЪАПСЭР ЧЭНДЖЭЩЩ.

АКЪЫЛЫМ И ЛЪАПСЭР ЧЭНДЖЭЩЩ.

АКЪЫЛЫР КЪАЛЭНКЪЫМ, ХАБЗЭР УБЗЭНКЪЫМ.

АКЪЫЛЫР КЪАЛЭНКЪЫМ, ХАБЗЭР УБЗЭНКЪЫМ.

ЗИ НЭХЪЫЖЬ ЕДАIУЭ И IУЭХУ МЭКIУАТЭ.

ЗИ НЭХЪЫЖЬ ЕДАIУЭ И IУЭХУ МЭКIУАТЭ.

КЪУАЖЭХЬХЭР.

КЪУАЖЭХЬХЭР.

ЖЭЩЫМ НЭХУ ЩЫХУ ХЪУМАКIУЭ,  И МАКЪЫМ УКЪЕГЪЭУШ.

ЖЭЩЫМ НЭХУ ЩЫХУ ХЪУМАКIУЭ, И МАКЪЫМ УКЪЕГЪЭУШ.

 БЭЛАЦЭ, ЦЫБЭ, ЩХЬЭХЫНЭЖЬ.

БЭЛАЦЭ, ЦЫБЭ, ЩХЬЭХЫНЭЖЬ.

ПЩIАНТIЭКУМ IЭТЭ ИТЩИ,  И ГУПЭКIЭ ГУАХЪУЭЩ,  И ЩIЫБКIЭ ЖЫХАПХЪЭЩ.

ПЩIАНТIЭКУМ IЭТЭ ИТЩИ, И ГУПЭКIЭ ГУАХЪУЭЩ, И ЩIЫБКIЭ ЖЫХАПХЪЭЩ.

ЕПТМЭ – КЪОЗЫТ,  КЪЫУИТМЭ – БЕРЫЧЭТ.

ЕПТМЭ – КЪОЗЫТ, КЪЫУИТМЭ – БЕРЫЧЭТ.

КIУЭМЭ, МЭЖЬЭГЪУАШХЭ,  ТIЫСМЭ, МЭДЫХЬЭШХЫПЦI,  ЩЫСМЭ, МЭДАIУЭ.

КIУЭМЭ, МЭЖЬЭГЪУАШХЭ, ТIЫСМЭ, МЭДЫХЬЭШХЫПЦI, ЩЫСМЭ, МЭДАIУЭ.

«ЖЬЫ ХЪУА ЦIЫХУХЭР ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУ, ЖЬЫМ ФЫМЫЩI И ЖАГЪУЭ!»

«ЖЬЫ ХЪУА ЦIЫХУХЭР ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУ, ЖЬЫМ ФЫМЫЩI И ЖАГЪУЭ!»

Зэпеуэ

КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм «Си бзэ — си псэ, си дуней-2020» республикэ зэпеуэм щытекIуахэр щагъэлъэпIащ. Илъэс 20-м щIигъуауэ екIуэкI зэпеуэм хэтащ цIыху мини 5 хуэдиз. Школхэм, еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я зэпеуэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшауэ щытащ. Ахэр бзэр хъумэным, щIэблэр лъэпкъ хабзэм, литературэм, гъуазджэм, тхыдэм щIэпыкIыным хуэунэтIат. Ныбжь зэхуэмыдэхэм ит куэд гупсысэкIэ зэришэлIащ абы.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор.
— Япэрауэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ мы Iуэхур къызэгъэпэщыным гуащIэшхуэ зэрыхэтлъхьар, гурэ псэкIэ дызэрыхэтар. ТекIуэныгъэ къахьауэ нобэ мыбдеж щыдгъэлъапIэ дэтхэнэми и щIыб къыдэтщ и лэжьэгъухэр — дэтхэнэри IуэхущIапIэ щхьэхуэм и лIыкIуэщ. Абыи мыхьэнэ етын хуейуэ къызолъытэ. Пэжщ, иджыпсту дызэрыт щытыкIэ гугъум и зэранкIэ, дызэрыхуей дыдэм хуэдэуи къызэгъэпэща хъуакъым гъэфIэж Iуэхур. Сыхуейщ щхьэж фызыбгъэдэт IэнатIэр пщIэ иIэу адэкIи ефхьэкIыну, фефIэкIуэну, — жиIащ министрым.
ЕджакIуэхэр лъэпкъ щэнхабзэм дегъэхьэхыным теухуауэ текIуэныгъэ къэзыхьа IуэхущIапIэхэм хуагъэфэща щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ абыхэм я лIыкIуэхэм яритыжащ Езауэм.
ЩIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ я унафэщIхэу, жылагъуэ лэжьакIуэхэу Iуэхум хэтахэм хуагъэфэща щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ яритыжащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы жиIащ лъэпкъ укъыхэкIын, лъэпкъым щыщу ущытыным мыхьэнэуэ иIэр нэсу къызыгурыIуэм и дежкIэ мы Iуэхум щIыхь зэрыпылъыр.
— Бзэ щыIэмэ, лъэпкъри щыIэщ, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Ди анэдэлъхубзэращ дэ пщIэ зиIэ лъэпкъ щхьэхуэу дыщызыгъэIэр. Нобэ бзэ IуэхукIэ дгъэлъапIэ дэтхэнэми лъэпкъым и пащхьэ жэуап гуэр щихьу аращ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ Урысей Федерацэм и Конституцэу, иджыблагъэ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхалъхьам, и 68-нэ, 69-нэ Iыхьэхэм бзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ хъумэным теухуауэ Iэмал хъарзынэхэр къызэрыдитыр, ар зэрыхъукIэ къэдгъэсэбэпын зэрыхуейр. Мы Iуэхум фIыкIэ зи цIэ къыщитIуэхэм фIыщIэ фхузощI егъэджэныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэревгъэкIуэкIым папщIэ, — захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
Министерствэм и IуэхущIапIэм щагъэлъэпIахэм яхэмытами, ехъулIэныгъэкIэ зэпеуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ еджакIуэхэми. 8 — 11-нэ классхэм щIэсхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэри къалъытащ.
— Щхьэж и IуэхущIапIэ деж щывгъэлъэпIэжмэ си гуапэщ тыгъэхэмрэ ЩIыхь тхылъхэмрэ зыхуэдгъэхьэзыра еджакIуэ цIыкIухэр, — яжриIащ министрым ныбжьыщIэхэм я егъэджакIуэхэм.
Iуэхум и кIэухыу «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдыр къеуащ, абы хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

Сурэтыр  Чучуевэ  Лейлэ  трихащ.

Синэнэ  1эш1оу  синэнэ  к1асэм

Сэ  къыс1уилъхьагъэр  сиадыгабз.

Сыдэу  тхьар  еуи  зыбзэ  к1осагъэм,

Лъэпкъым  ынапэр  иныдэлъфыбз.

Нэхэе Р.

Сыбзэ —  си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.

Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм  имэкъамэмэ дунаим хащэ.  Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз.   Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан.  Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр,  ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ  егъэбагъо,  ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ  лъэпкъым  фэ1орыш1э.                                                                                                                                                                        

Синыдэлъфыбзэу  сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у,    псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы,  жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу.  Сиадыгабзэ  дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр  къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.

   Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу  къырэк1офэ  къинэу  ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ  Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх.  Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан  хьылъэхэм  ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм  ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ.  Сэ насыпыгъэшхоу  сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу  тиадыгэ шъолъыр  дахэ къызэринагъэхэр.  Сафэраз сыфитэу  тыбзэк1э  дунаим  идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ  1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.

Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм  тыфещэ.  Синыдэлъфыбзэ  лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури  зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ.  Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э  адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.

Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп.  Емык1ушхуи  умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ,  дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы.  Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о.  Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау  яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.

Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э  адыгабзэр  къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.

Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр!  Сэ сыбзэ — сибаиныгъ!

Къущхьэ Нэдим

Ди псэ

Лъэпкъым и щIалэу зи бзэр кIуэда,
Щхьэ мыгъуэ пщIэншэу укъагъэна?
Щхьэ уянэ-уядэу уэ узыпIахэм
Уи адыгэбзэр къыпIуамылъхьа?
Щхьэ уи лъэпкъ дыщэм и бзэр пIурачу,
НэмыщI бзэ хьэхухэм укъыхуэна?
Iэджэ щхьэ нэщIхэм нобэ къыджаIэр:
«Сыт адыгэбзэ зи гугъу къытхуэфщIыр,
Ди щIакхъуэр зейхэрщ нобэ ди бзэр,
СыткIэ ди щхьэпэ анэдэлъхубзэр?»
Ар щызэхэсхым си гур къекIуащ,
Бзэр умыщIэжмэ, хамэ ухъуащ.
ЩIыхь яхузощIыр дэ дянэ-дядэм,
Ди адыгэбзэр къытIурызылъхьахэм,
Адыгэ напэу, дахэу, ди шыпхъухэ,
Фыпсэу ди нэхухэу Сэтэней бынхэ.
Ди цIыкIухэм я бзэр къызэтевгъанэ,
Вагъуэплъхэр бзагуэу къытхуэвмыгъанэ,
Анэдэлъхубзэр ящымыгъупщэм,
Къытхуэфхъумащи, быныфI тхуэхъунщ.
Сабийхэу зи бзэр зыIулъ ди нэхухэр
Ди жэнэт бзущи, Iэджэ я уасэщ.
Ди бзэр дэ ди псэщ, ар зыфIэкIуэдхэр
Мы хамэ щIыпIэм лIапIэ щихуахэщ.
Сирие, Дамаск къалэ

Бештокъуэ Хьэбас

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей,
КъыбгурыIуэу а тIэкIур
Утетыну дунейм.
Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,
Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.
Бзэр тхъумэну зымыдэр
Ди биям къагъэщIащ.
Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр,
ТIэщIэкIами дрикъунт.
КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым
Хипщэжар сыт хъужын?
Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр.
Лъы зыщIэтыр фысакъ.
Псы зыщIэтыр текIуэту,
ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ.

Бемырзэ Мухьэдин

Адыгэбзэ

Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж,
Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ,
Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт,
УзиIэу зыми семыфыгъуэ.
УзиIэу зыми семыиж —
АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр:
Сэ уи беягъкIи сыбеижщ.
Адрейхэр сщIэнуи сыхуопабгъэр.
Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут,
И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу,
Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут,
Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр.
ЖызыIэ щыIэщ псалъэгъэху
Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ,
И псалъэ кIапсэр зэрихъэху
УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу.
Сэ зы дакъикъи семыдэIу
Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм —
Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу
Абы зыгуэрым хидза мывэм.
Псыр тожри, мывэхэр къонэж,
Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр,
ЗэринэкIар абы гъунэжщ
Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу.
Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ,
Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ,
ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI,
Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу.
Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъыру,
Адыгэ пшынэу, уобзэрабзэ,
Зэм, къызыкъуохри уи къарур,
ХеящIэ джатэ ар уогъабзэ.
Анэ быдзышэу, уэ уIэфIщ,
УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм,
Гухэлъ уэрэди жыбоIэф,
ЗэригъэдзэкIыу пщащэ гущIэр.
Уэ, уафIэжьгъейми къэбгъэщIащ
Зэрыдунейуэ зэджэ «Нартхэр»,
Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ,
Иджыри мащIэкъым уи натIэр…
Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам
Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу,
Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам
УреIэ уэ, си адыгэбзэ!
КъШР, Хьэгъундыкъуей къуажэ

Къагъырмэс Борис

Си адыгэбзэ

IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъыр,
уи гуапагъэр
Куэд щIауэ псэкIэ зыхэсщIэу сопсэу.
СлъэкIамэ, ахэр минкIэрэ згъэбагъуэу,
Сыпхуэлэжьэнти, си бзэ, гъащIэ псом.
Уэрщ сытым щыгъуи си гур зыгъэнэхур,
СиIэту уэрщ сизыхьэр лIыгъэ уэгу.
Ди лъэпкъым щыщми,
бзэр зыфIэмыIуэхур
Адыгэу плъытэу, уиплъэ хъун и нэгу?!
ФIокIуэдыр и бзэр уэ узыфIэкIуэдым,
КъыпхужызыIэм:
«Бзэ лъэрымыхь цIыкIущ…»
Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащIафIэ куэдым
Я тхыгъэхэр ипхьащ къэрал утыку.
Уэ Iэщэ жану уриIащ Бэчмырзэ.
Ар закъуэныгъэм щиубыдам — уэ зырщ
Къыкъуэувар,
и щэху зрихьэлIа гъусэу, —
Урителъхьэну пэжым ухьэзырщ.
Алий и усэм дамэ лъэщ ухуэхъури,
ПIэтащ и псалъэр, налкъут зэщIэлыдэу.
Пэжыгъэм, лIыгъэм
ди бзэкIэ дехъуэхъури,
Дыщыуващ гъащIэщIэм, ди лъэр быдэу.
Сэ уи къэкIуэнум согупсысыр куэдрэ,
Сыхуейщ уи гъащIэр хъуну нэхъри кIыхь.
Насып иIэжкъым лъэпкъым,
и бзэр кIуэдмэ, —
ЗауэлI Iэщэншэу, мэхъу ар лъэрымыхь.
Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри
уэ бгъэбагъуэу,
Ди адыгэбзэ, куэдрэ утхуэпсэу!
IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъым,
уи гуапагъэм
Щыгъуазэ сщIынт, слъэкIамэ,
дуней псор.

Къэшэж Иннэ
* * *
Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ,
нэгъуэщI нэхъ мыхъуми
зэ сегъэпщIыхьыж,
бгъэджэгуупсысэм
и макъыбзэ шхуэIур
уздыщагъафIэ лъахэм дигъэхьэж.
Къызэпсэлъэж уиадэм и уэсятымкIэ,
Си адэу — узым бзэр зыIуриха!
Зэпычми шыныбэ пхыруэрэд хъэтымкIэ
Шым нихьэсынущ лъагъуэ хухахар.
КъысхуэIуэтэж, си адэ, уилъахэбзэр,
а тэмакъыщIэ псынэм
и фIыншэбзэр —
мэлыхъуэ пщыIэ жьэгухэм я IугъуэкIэм
уиузхэм щIэгъэуэну зырашэкIрэ
уэсукхъуэгъуагъуэмбгыр
щIэщхьэукъукIыу.
Къызэпсэлъэж, си адэ, къэпсэлъэж!
КъызэпсэлъэкI уз
бзаджэм къыпекIуэкIи —
узыпэмастэруи мэкъупIэ пхафэу
усхурикIуэжу а пшэкIэплъ дыгъафIэм…
А зырщиджы, си адэ, къэслъэIужыр:
къэгъэпсэлъэж а уахътыншагъэм
и бзэр,
къэгъэпсэлъэж уиадэм и лъахэбзэр.
1971.

ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ.

Щоджэн Аслъэнджэрий

Адыгэбзэ

Ди Iуащхьэмахуэ
Уафэм ныщIоуэ,
Бахъсэн уэрыжьыр
КъуакIэм щызоуэ,
Мы ди хэкужьыр
Дуней телъыджэщ,
Ди адыгэбзэр
Абы и гъуджэщ.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ,
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.
Ди адыгэбзэр
Мывэ джей быдэщ,
Илъэс мин куэдхэр
Абы и тхыдэщ,
Псыкъелъэм хуэдэу
Ар къарууфIэщ,
Ди лъэпкъ гъэфIэну,
ДызэрыгуфIэщ.
Зи бзэр зымыдэу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи хэку епцIыжу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи бзэр зыхъумэр
Мис ар лъэпкъ къабзэщ,
Бзэм пщIэ хуэщIыныр
Лъэпкъхэм я хабзэщ.
Мы дунеишхуэм
Лъэпкъ куэд щызокIуэ,
Зи бзэм хуэсакъхэр
Зэманым токIуэ,
ГъащIэ хъуэпсэгъуэр
ЩIылъэм щаухуэ.
Апхуэдэ щапхъэм
Дэ дегъэгушхуэ.
Ди адыгэбзэм
Лъэпкъыр зэпещIэ,
БлэкIа зэманхэр
Дэ къыдегъащIэ,
Ди нартыжь лъэпкъым
Уэрэд хуеусыр,
Ди лъэпкъ хъыбархэр
Дэни нехьэсыр.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ.
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.

Си бзэ – си псэ, си дуней

Псалъэхэр Джэдгъэф Борис ейщ
Макъамэр Молэ Владимиррэ
Щомахуэ Хьэсэнбийрэ ейщ

Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм
Хасэшхуэр щызэхуос.
ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм
Къайсэри щызэхох:
Ежьу: Си бзэ — си псэ, си дуней,
Анэбзэу си уэрэд,
Лъагъуныгъэу сигу мыжейм
Сигу мыжейм укъолъэт
Адыгэу тетым щIы хъурейм,
Ей, маржэ, жыфIэрей:
Си бзэ — си псэ, си дуней,
Си бзэ — си дуней.
Япхъуатэ си бзэр къуалэбзум.
Пшынэбзэу, зэIэпах.
Мэзкуу щIодэIур си макъ зум,
Аммани щызэхах.
Ежьу.
Йоубзэ си бзэр мы дунейм.
Ар, пшэплъу, кърекIут
Си Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм,
Тырку лъахэми лъоIэс.
Ежьу.

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Понравилась статья? Поделить с друзьями:

Новое и интересное на сайте:

  • Сочинение си анэ на кабардинском языке 5 класс
  • Сочинение сжатое мещерский край
  • Сочинение сестры ларины в чем красота человека
  • Сочинение сеспель мишши на чувашском языке
  • Сочинение серого цвета

  • 0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии