Сочинение бзэрабзэ си адыгэбзэ

Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ!

Мурадхэр: — ЦIыхум и анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр псэкIэ еджакIуэхэм зыхегъэщIэн;

— Я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу, ирипсалъэу, Iуэху иризэрахьэу, я гупсысэ хуиту къраIуатэу егъэсэн;

— «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри мэкIуэд» адыгэ псалъэжьым и гупсысэ куур ягурыгъэIуэн, абы къишэ гузэвэгъуэ иныр, апхуэдэ гузэвэгъуэ къызыщыщIа лъэпкъ адыгэм дызэриIэр зыхегъэщIыкIын.

Адыгэ макъамэ дахэ къеуэу композицэр езыгъэкIуэкIынум къыщIедзэ.

«Си адыгэ напэ»

Сэ соупщIыр, сэ соупщI дыгъуасэм,

Тхыдэм и дыгъуасэ гум и щIасэм:

— Яхъумахэр сыт ди адыгэлIхэм,

Я псэ IэфIыр мафIэм щыпэралъхьэм?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си махуэм,

Си нобэрей махуэ гум и нэхум:

— Зыхуэлажьэр сыт си гуащIэ мащIэр,

СыщIэпагэ мы си лъэпкъ гумащIэр?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си гъащIэм,

Си къэкIуэну гъащIэ нуру сфIэщIым:

— Къытезнэнур сыт си лъахэ дыщэм,

Сыпсэну сэ сащымыгъупщэу?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэ!

Джэдгъэф Борис.

Езыгъэк1уэк1ым: 1. Фи махуэ фIыуэ ди ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэрей ди литературно – макъамэ композицэ «Бзэрабзэ, си бзэ дахэу адыгэбзэ!» зыф1этщар зытеухуар дэтхэнэ зыми къыддалъхуа ди анэдэлъхубзэращ. Псоми зэрытщIэщи, бзэр цIыхуу дунейм тетыр зэрызэрыщIэ, зэрызэгурыIуэ, зэрызэпсалъэ Iэмалщ. Бзэр щымыIэмэ, цIыхум бзэр имыщIэмэ, гъащIэр гугъу хъунущ, цIыхухэр зэрыщIэнукъым, аращ «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри мэкIуэд» адыгэ псалъэжьым щIыжиIар.

Езыгъэк1уэк1ым: 2. Къыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ ц1ыхум зэхехыр анэм, адэм, адэшхуэ – анэшхуэхэм я макъ. Псалъэхэр имыщ1э щ1ык1э сабийм макък1э къиц1ыхуу хуожьэ махуэ къэс илъагъу, игъунэгъу ц1ыхухэр. Ауэрэ псэлъэфу, къэзыухъуреихь дунейр зыхищ1эу щ1едзэ. Щ1эныгъэл1хэм къызэрахутамк1э, сабийм илъэсибл ныбжьым щитым псалъэу нэхъыбэ дыдэ зэрегъащ1э, игу иреубыдэ, адэк1э къигъэщ1эну и гъащ1э псом нэхърэ. Аращи, абы щыщ1эдзауэ, ц1ыхум и бзэм лъагъуныгъэ хуи1эу къэгъэтэджын хуейщ. Ауэ сытми жа1эркъым, щ1эныгъэ уимы1эу упсэуфынущ, ауэ бзэр умыщ1эу упсэуфынукъым. Пэжщ ар иджыи.

Езыгъэк1уэк1ым: 3. Къызэрахутамк1э, бзэуэ миних (6 тыс.) щы1эщ. Абы и ныкъуэр хэк1уэдэжыным нэсауэ щытщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху ирипсалъэкъым, нобэр къыздэсым тхыгъэ зимы1э лъэпкъи хэтщ, псалъэм папщ1э, Африкэм и ц1ыхухэм щыщу процент 80% -м иджыри я1экъым тхыгъэ. Илъэс къэс бзэуэ пщ1ы (10) хок1уэдык1, мэк1уэдыж. Гуры1уэгъуэщ, бзэр к1уэдыным нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэ зэрыщымы1эр, сыт щхьэк1э жып1эмэ абы и гъусэуи лъэпкъри мэк1уэд.

Езыгъэк1уэк1ым: 4. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъагъун, егъэджын, егъэщ1эн, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэ лъандэрэ ЮНЕСКО –м, мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. Дэри мы тхьэмахуэм абы теухуауэ едгъэк1уэк1ащ 1уэхугъуэ зыбжанэ , ик1и ахэр псори къызэщ1эткъуэжу нэбэ, бзэм и махуэм, литературно – макъамэ композицэри, зэрыжыт1ащи, абы тедухуащ.

5. Анэдэлъхубзэу бзэм я лей!

Ди гущэ къуапэм и уэрэд,

Укъыддалъхуащи ди псэм ухуэдэщ.

Ди адыгэбзэ, уей!

6. – Дунейм щынэхъ дахэр сыт?

— Адыгэ хъыджэбзырщ!

— Абы нэхъ дахэжыр сыт?

— Адыгэ шу къабзэрщ!

— Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

— Адыгэл1 губзыгъэрщ!

— Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

— И бзэр – адыгэбзэрщ!

7. Щы1эщ жи1эу: «Ди бзэр мыхьэнэншэщ».

Щы1эщ жи1эу: «Ди бзэр къулейсызщ».

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Я щхьэ уи1эбэну «къыбдэмыбз».

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Уэрэд — « Си анэбзэ»

8. ЩытыкIэ куэдым ихуащ си лъэпкъыр Iэджэрэ, ауэ сыт хуэдиз гугъуехь ямышэчами я бзэ дахэр яхъумэжыфащ, лIыгъэ яхэлъу. Урыс – Кавказ зауэ закъуэр ирикъунт лъэпкъым и бзэри, и хабзэри, и лIыгъэри ирифIэкIуэдыну. Ирикъунут, ауэ ягъэкIуэдакъым, лъэпкъым зыфIигъэкIуэдакъым, ихъумэжыфащ и бзэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а бзэр цIыхум и гъащIэм къыпхухэхынутэкъым икIи къыпхухэчынутэкъым, ар гуэхыпIэ имыIэу гъащIэм епхащ, абы щыщ Iыхьэщ, зэрыпсэур аращ, ар шэч лъэпкъ зыхэмылъыжщ. Абы и щыхьэтщ абхъаз тхакIуэшхуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым щыщ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Зи быдзышэ уефа уи анэм и бзэр пщыгъупщэжынукъым, Шэрахъ, ар, хэт жиIэми, уи фIэщ умыщI. Уи анэр пщыгъупщэжын – апхуэдэщ, ар пхузэфIэмыкIынщ…».

9. «Узэгугъур къогугъуж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым, аращ анэдэлъхубзэри – уегугъумэ, урилажьэмэ, тэмэму ухущытмэ, абы зиужьынущ, нэхъри ефIэкIуэнущ, нэхъ къулей, шэрыуэ хъунущ.

Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

10. «Анэдэлъхубзэ»

Си анэдэлъхубзэ, зэкъым уэ губгъэну

ЗэрыпхужаIахэр нэху къыптемыщхьэну,

ЖаIэрт убзэхыну, жьым зэрихьэ бгъэну,

КъалэкIыхьым адкIи сыфIумышыфыну.

Ауэ, зыпIэтащи, бгъэхэм уохьэуохуэ.

Тэрчым и псыпыхуу мыкIуэщIыжщ уи псалъэр.

Шууейр и уанэгум нобэ щогъэхахуэ,

Тхуожумарт сыт IуэхукIи уэ Iущыгъэу пхэлъыр.

ЗашэщIащ уи гъуэгухэм, къэрал Iэджэм нэсу.

НэгъуэщIыбзэ жылэхэр зыхэплъхьащ бэвыгъэу.

Фыздопсэу бзэ Iэджэ нобэ зэнэзэпсэу.

Сэри сегъэусэ пхэлъ уи шэрыуагъэм.

Си анэдэлъхубзэ, узианэщ — ушэ,-

Анэр зэи хъуркъым гущэ уэрэдыншэ.

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.

Уэрэд«Анэдэлъхубзэ»

11. Бгы лъапэм къыщIэж нартсанэу къабзэ, анэ быдзышэу къэуат, хьэуа пэлъытэу узыпхыплъыф, налкъут – налмэсу гъэжа, дыщэ плъыжьым ефIэкI, Iущыгъэ инхэр къызэIузых, зи жылакIэр, кIуэдыж яфIэщIми, бэурэ къэкIыж, тенджызым имытхьэлэф, гурыщIэ куухэр зэрыIуах IункIыбзэ, бийм игу изых, анэ гущабэу къодэхэщIэф, пэж зэраIуатэ, лъагъуныгъэбзэкIэ дахащэ.

12. Уэ урибзэщ нарт Бэдынокъуэ, лIыгъэм сыт щыгъуи ухуэгъэпсащ, уэ урибзэщ Сэтэней гуащэ, хьэгъэщагъищи Iэзэу зыбохьэ, уэ урибзэщ ПащIэ Бэчмырзэ, Iущыгъэ инкIэ уэ упсыхьащ. УIурылъащ ЩоджэнцIыкIу Алий, уэрщ зэраIуэтар Лацэ, Мадинэ сымэ я лъагъуныгъэр!

13. Си адыгэбзэ, си адыгэпсэ, уэ усIурылъщи, сэ нэхъ бей щымыIэ, уэ узиIэщи, зеиншэ зыми сыхуэмыщIын, си лъахэм и гур уэращ, уэрщ и хъумакIуэр си лъэпкъым!

Сэ слъэкIыгъамэ, уи щIыхьыр уафэм нэсыхукIэ сIэтынт, илъэс мин къакIуэхэм упсэун хуэдэу, къулеигъэ псори уэстынт, ахэр уэ узэриIэр сымыщIэу щытамэ,Тхьэм сыпхуелъэIуурэ уэ къыпхуеIысхынт, си адыгэбзэ, си адыгэпсэ!

14. «Си анэбзэ, си адыгэбзэ!»

Си анэдэлъхубзэ, си лъэпкъыбзэ,

Анэбзэу си псэм къеубзэрабзэ,

Хэт и бзэ сэркIэ нэхъ щэбэн!?

Нэхъ къехуэбылIэ псэм згъуэтын!?

IущагъкIи хэт къыппэлъэщын!?

Хэт и бзэ упэсщIын слъэкIын!?

Уэрыншэу сыт схузэфIэкIын!?

Уэрыншэу сыпсэун слъэкIын!?

Си адыгэбзэ, си псэм и псэ,

Лъэпкъ гъащIэм лъыкIэ ухэпщащ.

Лъы защIэ лъэпкъыр куэдрэ хъурти,

Къытехуэр дэбгъэунэхуащ:

КIуэдыпIэ щихуэм –

УщIыгъуащ, хуэбусу гъыбзэ бын кIуэдахэм,

Къуэ къыщыпхуалъхум,

ДэпIэтащ бгъэпсалъэу пшынэр,

Ноби уэрщ.

Уэращ ди лъэпкъым и нэ вагъуэр

Уэ утхуэблэхукIэ,

ДиIэщ лъэпкъ

Лъэпкъ къыткъуэтыхукIэ

Дэ дыцIыхущ.

Мэмхэгъ Рая.

15. Адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэ хьэлъэм и Iэужьщ ди лъэпкъэгъухэр дуней псом щикъухьа зэрыхъуар. Ауэ дэнэ щымыпсэуами ахэм я гур я хэкужьымкIэ щыIэщ, я бзэри, я хабзэри зыщагъэгъупщэркъым.

«Фысакъ»

16. Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

Утетыну дунейм.

Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщ1ащ.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

Т1эщ1эк1амк1и дрикъунт.

К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

Хипщэжар сыт хъужын.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ.

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ дахэм и макъ.

Бештокъуэ Хьэбас.

17. Лъэпкъыр узыншэу щытын папщ1э, ар япэк1э к1уэтэн щхьэк1э щ1эблэ узыншэ и1эн хуейщ. Сабийр дунейм къыщытехьа махуэм щыщ1эдзауэ анэдэлъхубзэр дахэу зэрыбзэрабзэр зыхегъэщ1эн хуейщ. Сыт хуэдэу гухэхъуэ зи анэбзэр зыгъэбзэрабзэ щ1эблэм уедэ1уэну!

18. «Аращ адыгэр»

Сытми ар адыгэ?

И бзэр имыщ1эжым.

Мащ1эу зигъэпагэу,

Шыбгым имысыжым.

Сытми ар адыгэ?

Уджым хэмыхьэжым.

Бухъар пы1эр лъагэу

Нат1эм темысыжым!

Сытми ар адыгэ?

Хабзэр иубыжым,

Пэк1э кърашэк1ыу

Хэти и 1эдэжым.

Сытми ар адыгэ?

Жьым нэмыс хуимыщ1ым.

1энэм ягъэт1ысым –

Къэтэджыж зымыщ1эм!

Гупым яхыхьамэ,

И пщ1эр ф1эмык1уэдым,

1уэхук1э щытхъу къихьамэ,

Мис аращ адыгэр.

И ф1ыщ1агъэр щ1эблэм

Щапхъэ яхуэхъуамэ,

Игъэ1эсэм щыблэр –

Мис аращ адыгэр!

Лъэпкъыр иузэщ1у

Гъащ1эр игъэдахэм,

И гур ныбжьэгъу куэщ1мэ –

Мис аращ адыгэр!

Щоджэнц1ык1у Нурий.

19. «Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ»

Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ,

Хэкум уэ уриуэздыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ дахэ,

Дунейм уэ уринэхугъэщ.

Адыгэбзэу си псэм и псэ,

Сэ узиIэщ гъащIэ Iэнэу.

Адыгэбзэу си нэм и нэ,

Сэ узобжыр узианэу.

Адыгэбзэу си бзэ пагэ,

Лъэпкъым уэ урикъэбзагъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ гуапэ,

Дунейм уэ урипэжыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ нахуэр,

Уэ ди лъэпкъым уридыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ хахуэр,

Си лъэпкъ уардэм уримазэщ.

Адыгэбзэ, адыгэпсэ,

Уэрщ си лъэпкъым и хъумакIуэр.

УщыIухукIэ уэ ди лъахэм,

Ибэ хъункъым си лъэпкъ мащIэр.

Хьэрэдурэ М.

20. Си адыгэ лъэпкъри, си анэдэлъхубзэри зэи уэрэдыншэ хъунукъым, бзэрэбзэнущ, зи цIэр жыжьэ Iуа, зи хэкур, лъэпкъыр, бзэр зыгъэбжьыфIа е иджыри зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр хэмыкIуэдэжу дунейм тетыху. Дэ дрогушхуэ ди лъэпкъ уардэм Редадэ, Инал, Идар Темрыкъуэ, Нэгумэ Шорэ, Къардэн Къубатий, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, тхакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, Пащты Гермэн, дирижер Темыркъан Юрэ, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI К1унэ, олимп чемпионхэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудран Беслъэн, Джэду Аниуар сымэ, нэгъуэщI куэдхэри къызэрытхэкIам. Мыбыхэм хуэдэ адыгэ дунейм тетыху, ди лъэпкъри псэунущ, ди адыгэбзэри бзэрэбзэнущ.

21. Адыгэбзэр убзэрабзэм,

Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри,

Бзум усэныр ягу къокIыжыр.

Уэрэд«Си анэбзэ, си адыгэбзэ» Хъыбий Инал

22. ЦIыхум и псэм пищIыфынур, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы и гъунэгъу дыдэращ, фIыуэ илъагъуращ, къыдалъхуаращ. Апхуэдэщ анэдэлъхубзэри цIыхуу дунейм тетым я дежкIэ, ар анэм къыдделъху. Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

23. Щэхуми нахуэми ди зэманым цIыхухэм яIуатэу зэхыбох: «Адыгэбзэр къулейсызщ, къарууншэщ, ар бджыуэ зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым, ар дэ къытхуэсэбэпынукъым». Анэдэлъхубзэр къэмысэбэпыну, абы и зыужьыныгъэм мыхьэнэ имыIэу къэзылъытэхэр цIыху «къулейуэ» жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэ цIыхухэм къащохъу езыхэм я мыхъумыщIагъэр адыгэбзэм тралъхьэкIэрэ я бзэмыщIэныгъэр хагъэгъуэщэну. Апхуэдэ гупсысэ зиIэхэм къагурымыIуэр зыщ – бзэм и къарурщ. Уи бзэмкIэ цIыхум уегуэуэфынущ, и гур хэбгъэщIыфынущ, уеблэмэ пхуэукIынущ, сымаджэмэ – бгъэхъужыфынущ, и гур пхухэгъэхъуэнущ, гукъыдэжышхуэ ептыфынущ, гъащIэм гущыкI хуебгъэщIыфынущ, апхуэдэ дыдэуи гъащIэм хуэдэ щымыIэу къыщыбгъэхъуфынущ, дэрэжэгъуэ ин епту. АтIэ апхуэдиз лъэкIыныгъэ, къару зиIэ ди бзэр, ди адыгэбзэр, дауэ фIыуэ зэрыдмылъагъунур, псэм и хъуахуэу къызэрыдмыбжынур? ДымылъагъупIэр иIэкъым Iуащхьэмахуэу уардэ, къуршыпс уэру лъэщ, зэнзэныпсу къабзэ, тенджызыр зи кууагъ, дыгъэм хуэдэу хуабэу гур зыдэхуабэ, псэм и хъуахуэ, гъащIэр зыгъэнэху, налкъутналмэсу зэщIэблэ си бзэ лъапIэр!

Уэрэд – «Адыгэл1» Бэрэгъун Марианнэ. Уэрэдыр къеуэу усэр жа1э.

24. «Зэ уадыгэну сыт и уасэ

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,

Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,

Хъуэхъум я нэхъыфIхэр зэхыуагъэхыу

Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр

Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,

Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу –

Мо 1уащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм

Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,

Узэпсалъэр,

УщIэпсалъэр пщIэжу,

Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым

Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,

УщIэукIытэжыни къыпхуимыхуэу,

Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Хьэм уигу щIэгъуу –

Зэхэпхамэ пщIэууэ,

УзэрылIэжынур

Зэгуэр пщIэуэ,

Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,

ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

АфIэунэ Лиуан.

25. УсакIуэшхуэ АфIэунэ Лиуан зэрыжиIащи, уи хабзэкIэ, нэмыскIэ, лIыгъэкIэ, къарукIэ, цIыхугъэкIэ, псом я щхьэжыращи, уи бзэкIэ дуней псом ущыцIэрыIуэу зэ уадыгэну сыт и уасэ! Хуит дыкъэфщIмэ, а псалъэ купщIафIэхэмкIэ зэхуэтщIыжынщ ди литературно – макъамэ композицэ: «Бзэрабзэ, си бзэ дахэу адыгэбзэ!» зыф1этщар.

Уэрэд «Адыгэл1» Бэрэгъун Марианнэ. Уэрэдым и к1ыхьагък1э йода1уэ.

«Бзэрабзэ,

си
адыгэбзэ!»

Бзэм
и махуэм ирихьэл1эу Ботэщей къуажэм дэт ет1уанэ курыт еджап1эм  пэщ1эдзэ
классхэм щек1уэк1а пшыхь.

2019гъ.

Мурадхэр:

— Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым
къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу  

    хъуным, хъумэным елэжьын.

—  Я лъэпкъым, я бзэм хуа1э
ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Пшыхьым
и ек1уэк1ык1эр

1.      Хэзыщэ
псалъэмакъ.                     (Тхьэгъэлэдж Светэ и макъамэ «Бзэрабзэ си 

                                                                             
адыгэбзэ» къоуэ»)

Езыгъ.:- Хабзэ дахэу дэ ди лъэпкъым 1эджэ мэхъур къыдежьар.
           — Ди сэламырщ дэ а къомым
къыщ1эдзап1э яхуэтщ1ар.

          — Дыгуф1эжу нобэ «Фыузыншэм» дэ
вжыдо1э.

        — «Дыхъэрзынэщ», — ар жэуапмэ, нэхъ ди
гуапэ зы щымы1э.

       — Гъуэгурык1уэм ар къитамэ, Дыкъотэджри
къы1ыдохыр.

       — Нэхъыжьыф1хэм дахуэзамэ, щхьэр догъэщри
ар ядохыр.

       -Фэрыщ1 хэлъкъым ди сэламым,
       -Пэжк1э ди гум ар къегъэщ1.

К!эпхъ

Хъыбарегъащ1э,хъыбарегъащ1э,

 хъыбар
псоми фызогъащ1э.

 Нобэ
махуэ лъап1эщ,

Школым
ящ1 унафэ:

 Ди
еджап1эм щ1эсхэр дэ  къыдогъэблагъэ.

Тхьэк1умэк1ыхь:

Сыщымыуэм
зэхэсхащ,

 Нобэ
икъук1э махуэ лъап1эу.

Дэ
мы школым  дашэ хьэщ1эу.

Езыгъ.:             Фыкъеблагъэ,
Фыкъеблагъэ!

          
Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ кърихьэл1а псоми! Нобэрей ди пшыхьыр  зытеухуар ди бзэ
дахэ, ди бзэ 1эф1, ди бзэ шэрыуэращ.

 Адыгэм и хабзэщ сыт
хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1идзэуи, дэри а хабзэм тету щ1эддзэнщ.

— Ат1э дапщэщ къежьауэ
п1эрэ а хабзэ дахэр?

— Хъуэхъур ижь-ижьыж
лъандэрэ адыгэхэм къадок1уэк1. Хъуэхъуэныр хабзэ дахэщ. Абы пыщ1ар угъурлыгъэрэ
акъылыф1агъэрэщ. И ныбжьымрэ и акъылымрэ теухуауэ адыгэхэм мыхъуэхъуэф
яхэткъым.

— Адыгэм хьэщ1э и1эмэ,
япэ хъуэхъур абы тражы1ыхьу щытщи, девгъэхъуэхъут дэри ди хьэщ1эхэм.

Хъуэхъу.

-Ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Дынывохъуэхъу

Узыншагъэ быдэ фи1эну,

Фи лъэр здихьам  насып
здифхьэну.

Нобэ къэфк1уа гъуэгуанэм

Нэхъ гугъехь фымылъагъуу

Куэдрэ ц1ыхухэр
вгъэгуф1эу

Дунейм фытетыну.

    Усэ ц1ык1ухэр къоджэ

 Зджащ нэмыцэр, зэи

Дзы хуэсщ1акъым.

Урысыбзэр хъуащ си 1эщэ лъэщ

Ауэ ф1ыуэ слъагъуу адыгэбзэ макъым

И дахагък1э зыри пэмылъэщ

Налкъут щыгъэу ар къызэролъэлъыр.

Жэнэт бзууэ къо1ущащэр зэм…

Си лъэпкъ уардэ – Нобэ ф1ыуэ слъытэм

И къежьап1эр ди уахътыншэ бзэрщ.

Езыгъ: Дэ си1эщ анэдэлъхубзэ дахэ,
шэрыуэ, купщ1аф1э.Ар адыгэбзэщ. Ди адыгэбзэр бзэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ.

— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и
къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи,
къыдалъхуащи.

 Бзэр щымы1эм,
щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу.
Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Аращи
дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

Езыгъ: Упсэу уэ куэдрэ!

           Уэрщ
лъэпкъым и лъабжьэр.

          Упсэу
уэ куэдрэ!

         Уэ
дыбдэпсэунщ.

Удигуф1эгъуэщ.

Уэ уди1эщ шабзэу

Упсэу,

Упсэумэ, ди
лъэпкъыр псэунщ.

— Ди бзэм
тегузэвыхьхэр дэ ди закъуэкъым, ат1э мэзым щ1эс псэущхьэхэри егъэп1ейтей а
1уэхугъуэм. Ат1э девгъэплъыт абыхэм я зэ1ущ1эм. Теплъэгъуэм  зэреджэр «Зи
бзэр зымыщ1эж щхьэщытхъу».
(2-нэ классым зыкъагъэлъагъуэ)                          

                                                                                
(Мэзым и макъ къо1у)

Езыгъ.: Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди
адыгэхэр.  Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми,  зэрагъэузэщ1у
щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ,
псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри  ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ
шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ.
 Ауэ 
а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр  ди япэ  ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а
псалъэхэмрэщ. Ахэр ди адыгэ 1уэры1уатэм хыхьэ псалъэжьхэмрэ, жы1эгъуэхэмрэщ
. Псалъэжьхэм 
лъэпкъым и гупсысэк1эр, и дуней еплъык1эр л1эщ1ыгъуэк1э щызэхуэхьэсащ. Псалъэжьхэр
нобэми  ди  культурэм, ди гъащ1эм хэпщауэ, нэхъыщ1эр ягъэ1ущу, нэхъыжьыр
яущийуэ щытщ. Дэри нобэ  абы гъунэгъу зыхуэтщ1ынщ.  Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ
ди еджак1уэ ц1ык1ухэр. (сабийхэм псынщ1эрыпсалъэ, псалъэжьхэр жа1э)

Ц1ык1ухэм псалъэжьхэр жа1э

Бзэр
джатэм нэхърэ нэхъ жанщ

— Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ

— Адыгагъэр – нэмысщ, нэмысыр – насыпщ.

— Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ

— Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу
епсалъэ.


Хабзэмыщ1э емык1ухьщ.


Адыгагъэ мыщ1э адыгэбзэ щ1экуъщ.


Адыгагъэр къалэнщ, армыхъумэ 1уэхутхьэбзэкъым.

— Еблагъэ зи бэм и бын мэжал1экъым

— Псэм ф1э1эф1ыр, нэм ф1эдахэщ

— Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ

— 1ущыр щэ мэчэнджащэ

— Акъыл к1эщ1ыр бзэгу к1ыхьщ

— Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэныркъым.

— Пшынауэр бгъунлъэм, лъэпкъыр мэук1ытэ.

Ди анэбзэу-ди адыгэбзэр ф1ыуэ зэрытлъагъур, зэрыдгъэшэрыуэр
къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр
къута хъунымк1э сэбэпышхуэщ, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эщ.
Девгъээда1уэт – т1э абыхэм.

Псынщ1эрыпсалъэхэр

— Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм л1ыжь
жьак1эхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ

Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.

Пыжь пызу пыту щыту жыг.

— Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ
ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.

— Щ1алэ  щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри 
щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.

— Гъук1эр бгъук1э къалъэри пк1элъейм
дэлъеижащ

— Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ

Езыгъ.: 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу,
зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ.  Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и
гулъытэмрэ здынэсыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ ц1ыхухэм пщыхьэщхьэрэк1э лэжьыгъэ
нэужьым зыщагъэпсэхук1э къащ1эу щытащ а къуажэхьхэр. Ат1э къэфщ1эфыну п1эрэ
фэри ахэр. Девгъэплъыт, ди хьэщ1э лъап1эхэ.

— Сэ сыхуейт зыхуэзгъэзэну ди хьэщ1эхэм. Класс къэсыхук1э ц1ыху
т1урыт1 фыкъыдогъэблагъэ ди сценэм.  Дызэпеуэнщ класск1эрэ, тек1уэм саугъэт
къелэжь.

Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:

  1. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ.      (Набдзэ)
  2. Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у
    къап1ыт1.    (1эпхъуамбитху, пэ)
  3. Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут.         (Пхъэх)
  4. Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ.           (Аслъэн)
  5. Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ.               (Щ1акхъуэ)
  6. Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ.                   (Дзыгъуэ)
  7. Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей.     (1эжьэ)
  8. Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр
    къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ.                                              (Нартыху)
  9. Банэ топу зи пэр т1ей               
    (цыжьбанэ)
  10. Зи пэр папц1э, зи к1эр
    гъуанэ                 (мастэ)
  11. К1уэ пэтми бжьиз зымык1у     (гущэ)
  12. Вагъуит1 яку 1уащхьэ              (пэ)
  13. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ      (1эпхъуалъэ)

— Езыгъ: Фыпсэу, хъарзынэу фыкъыздэлэжьащ. Ик1и т1эк1у
зыдывгъэпсэху. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди пэщ1эдзэ классым  щеджэ ди еджак1уэ
ц1ык1ухэм я къафэр.  Къедывгъэблагъэ!

                                               (къафэ)        (Къул
Фат1имэ и макъамэ «Си адыгэбзэ»)

— Езыгъ: Адыгэбзэр бгъэлъэп1эн, бгъэбэгъуэн,
бгъэбзэрэбзэн папщ1э, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщ1эту ущытын
хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зы1эщ1эдгъэк1, 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым. Ди бзэр
ф1ыуэ тщ1эуэ, бзэм зедгъэужьыну  дэрэжэгъуэу ди1эу  дыщытын хуейщ.  «Бзэр зэм
нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э
псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ
мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъэгъун, егъэджын, хъума хъун
мурадк1э 2000 гъэм ЮНЕСКО – м мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ
ягъэлъап1э. Ди лъэпкъым и бзэ, ди анэдэлъхубзэм папщ1э адэк1э ц1ык1ухэм фэ
фхуагъэхьэзыращ ди 1уэры1уатэм хыхьэ сабий
джэгук1э къебжэк1 «Ди къаз ц1ык1у плъэгъуа?»

       
Хэт, ц1ык1ухэ,
фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?

Т1ум къебжэк1 жа1э:

       
Си къаз
пльэгъуа?                                                    —  Вындыр-щэ?

       
Слъэгъуащ.                                                              
—  Жыгым пысщ.

       
Дэнэ
к1уа?                                                                — 
Жыгыр-щэ?

       
Абгъуэм
исщ.                                                           —  Уэщым
иреупщ1э.

       
Сыт
къиук1эц1?                                                       —  Уэщыр-щ1э?

       
Джэдык1э.                                                                
—  Пщ1ащэм хэлъщ.

       
Хэт
ишх?                                                                   — 
Пщ1ащэр-щэ?

       
Мэлыхъуэм.                                                    
         — Лыгъэм ес.

       
Сыт
къыдит?                                                             — 
Лыгъэр-щэ?

       
Хъурыфэ.                                                                  
—  Псым егъэунк1ыф1.

       
Хэт
игъэтэдж?                                                           —  Псыр-щэ?

       
Тэджырей.                                                                 
—  Хьэм иреф.

       
Хэт
ибз?                                                                     —  
Хьэр-щэ?

       
Бзэрей.                                    
                                   —  Л1ым щ1ыгъущ. 

       
Хэт
ид?                                                                       — 
Л1ыр-щэ?  

       
Дэрей.                                                                        
—  Мэкъу йоуэ.

       
Хэт щит1агъэ? 
                                                         —  Мэкъур-щэ? 

       
Уи
шыпхъум.                                                              — 
Шхалъэм дэлъщ.

       
Дэнэ
ук1уэ?                                                                — 
Шхалъэр-щэ?

       
Хьэщ1ап1э.                                                                
—  Жэмыр бгъэдэтщ.

       
Сыт
къраугъэшх?                                                       —  Жэмыр-щэ?

       
Щыхь куц1рэ
фо                                                        —  П1ап1у къехь.

                        
ц1ынэнэ.                                                            — 
П1ап1ур-щэ?

       
Си
1ыхьэр-щэ?                                                            —  Джэдум
иреф.

       
Гъуанэм 
илъщ.                                                           —  Джэдур-щэ?

       
Илъыжкъым.                                                              
—  Гъуанэм исщ.

       
Дэнэ
к1уа?                                                                   — 
Гъуанэр-щэ?

       
Вындым
ишхащ.                                                         —  Уэ уисыжщ.

Ц1ык1ухэм жа1э:

       
Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?

       
-Адыгэ хъыджэбзырщ.

       
-Абы нэхъ дахэжыр сыт?

       
-Адыгэшу къабзэрщ.

       
-Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

       
-АдыгэлI  губзыгъэращ.

       
-Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

       
-И бзэрщ- адыгэбзэрщ.   

Езыгъ:
Адыгагъэр дэни къыщыхощыр, ди адыгэ уэрэдхэми, ди усак1уэ, тхак1уэ 1эзэхэм я
1эдакъэщ1эк1хэми. Девгъэда1уэт-т1э абыхэм.

(ц1ык1ухэр
усэ къоджэ)

Адыгэбзэ
– си анэбзэ

1.      Си
адыгэбзэу

Си
анэм и бзэр

Адыгэм
папщ1э

Тхьэм
къигъэщ!ащ.

Си
адыгэбзэу

Си
лъэпкъым и псэр

Сэри
ди Тхьэшхуэм къыс1урилъхьащ.

2.      Къыс1урилъхьащи,

Си
гуф1эгъуэшхуэщ,

Абы
сропсалъэр

Сырихъуу
ин.

А
бзэм нэхъ лъап1э

Сэрк1э
щымы1э!

Ар
си анэбзэщ-

Зым
пэзмыщ1ын.

3.      Щы1эщ
жи1эу: «Ди бзэр мыхьэнэншэщ».

Щы1эщ
жи1эу: «Ди бзэр къулейсызщ».

Бэзэр
1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Я
щхьэ уи1эбэну «къыбдэмыбз».

Ар
жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И
анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи
бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт
имыхъуэжыну къыхуэнэн?

4.     
«Анэдэлъхубзэ»        (Тхьэгъэзит Зубер)

Анэдэлъхубзэр ущымыIатэм

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Езыгъ:
Адэк1э ди пшыхьым уэрэдк1э къыпащэнщ ди езанэ
классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Езыгъ: Ди пшыхьым и пэм
деж зэрыжыт1ащи, адыгэм и сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1едзэ,хъуэхъук1и
еух. Дэри а хабзэм дытету дыхуейт ди пшыхьым ик1эм деж ди адыгэ лъэпкъым
дынывэхъуэхъуну.

 (ц1ык1ухэм хъуэхъу
жа1э)

Ди гур хуабэ
къысхуэфщ1ащ,

 Псалъэ дахи
зэхэтхащ,

Бзэми дэ
зедгъэужьащ,

Ныбжьэгъу куэди
къэдгъуэтащ.

Саугъэту дэ
хъуэхъу дахи нывжет1ыну дыхуежьащ.

Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

АдыгэщIхэм дыщытепщэу,

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Зыми зедмыгъэщхьрэ

Псоми зыкъыдагъэщхьыу,

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

ДыгуфIэгурэ дыгушхуэу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм
дигъэпсэу.

Езыгъ: Зыузэщ1,
еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

         Бзэрабзэ
си бзэу адыгэбзэ!

         Узыншэу,
ди щIэблэ Iумахуэ!          

         Еф1ак1уэ,
гъагъэ адэжь лъапсэ!

         Ет1энэгъэ
ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Езыгъ: « Бзэрабзэ си адыгэбзэ» зыф1этща ди пшыхьри  и к1эм нэсащ. Дыхуейт дэ ар зыхуэтщ1ыжыну  куэд дыдэ мыщ1эу
ди пэщ1эдзэ классым къыщ1эк1а иджы етхуанэ классым дгъэк1уа ди еджак1уэ
ц1ык1ухэм я къафэмк1э.Фыпсэу, ф1ык1э дызэхузэ!  (уэркъ пщащэ къафэ)

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Темэр: «Бзэрабзэ, бзэрабзэ,  си адыгэбзэ!»

«1уэры1уатэ» темэр
пэщ1эдзэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм щаджым  деж,  егъэджак1уэм  и  пащхьэм 
иригъэувэж  къалэнхэр  (мурадхэр):

1. 1уэры1уатэр зищ1ысыр
ц1ык1ухэм къагурыгъэ1уэн.

         2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын адыгэ
1уэры1уатэм и жанр нэхъыщхьэхэм (таурыхъхэм, псысэхэм, псалъэжьхэм,
джэгук1эхэм, усэрыбжэхэм, псынщ1эрыпсалъэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм).

3. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэм егъэлъагъун
1уэры1уатэм и лъэпкъыгъуэхэм ц1ыхухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ зэра1эр(абыхэмк1э
ц1ыхухэм дунейм и щэхухэр къызэрахутэр, емрэ ф1ымрэ зэхагъэк1ыфу зэрызагъасэр,
я акъылым, я бзэм зэрызрагъэужьыр, я зэф1эк1хэр нэхъ ин  зэращ1ыфыр).

4. Ц1ык1ухэр егъэсэн,
хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ жа1эжыфу, псалъэжь зэхахахэр щыпсалъэк1э къагъэсэбэпыфу,
джэгук1э зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э джэгуфу, нэщэнэхэмк1э ц1ыхум и хьэлыр, дунейм и
щытык1энур къахутэфу, хабзэ дахэ зыхэлъ я ныбжьэгъухэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.

           -Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ!

— Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей
зэIущэм.  Февралым и 21-м  анэдэлъхубзэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэр.
Дэри ди анэдэлъхубзэр, ди бзэ дахэу ди адыгэбзэр дгъэлъэпIэну фыкъедгъэблэгъащ.

       -Нобэ фи пащхьэм
къитлъхьэну дыхуейщ ди литературнэ хьэщ1эщ «Бзэрабзэ, бзэрабзэ- си адыгэбзэ!»
зыф1этщар.

                
Фыкъеблагъэ ,зи бзэр псэм  пэзыщ1у

                   Зи
тхыдэжьыр зыгъэлъап1э  псори,

                   Дэ 
ди гуапэщ ди анэбзэр,  хабзэр,

                   Щ1ыхь 
ин  хэлъу  къыддэвгъэлъэп1эну.

              
    Фыкъеблагъэ ,зи бзэр  зыф1э1эф1хэр,

                   Ар 
сыт  щыгъуи япэ изыгъэщхэр,

                   Бзэр
лъэпкъ напэу къэзыбж псори ,

                   Гуапэу
ди  зэ1ущ1эм  фыкъеблагъэ!       

               
    
Абгъуэм  къик1ыу  бзур лъэтэнум,

                   Хуейкъэ
дамэр  ишэщ1ын?

                   Ц1ыхум 
ц1ыхуу зилъытэнум ,

                   Хуейкъэ 
и  бзэр  ищ1эжын?

Си умм ещхьыркъабзэу,

Бзухэр мэбзэрабзэ.

Си умм телъу зы уэрэд

Фыщ1эдэ1у, ныбжьэгъухэ.

Фигу кърих уэрэдым

Дигухэр ещ1ыр махэ.

  Уэрэд «Анэдэлъхубзэ»

Егъэджак1уэ: (хэзышэ псалъэмакъ).

Ини ц1ык1уи, зыужьыныгъэ
хьэлэмэтхэр зы1эрызыгъэхьаи е къык1эрыхупаи иджык1э къэхутауэ щы1э лъэпкъхэм
зыри яхэткъым зи 1уэры1уатэ зэзымыгъэпэща, ар зимы1э, пасэхэми иужьк1и ар
зыубгъуауэ зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп.

Адыгэхэм я дежк1э
1уэры1уатэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Абы ехъумэ хабзэри, нэмысри, л1ыгъэри.
1уэры1уатэм ныбжьышхуэ и1эщ. Абы лъэпкъым и ныбжьыр и ныбжьщ.

1уэры1уатэ псалъэр езыр
къызэрыригъажьэ «1уэ» 1ыхьэм къик1ыр «жы1э» жыхуи1эу арщ. Нэгъуэщ1у жып1эмэ,
1уэры1уатэм къик1ыр жы1эры1уатэщ.

Адыгэ 1уэры1уатэм
къызэщ1еубыдэ нарт хьыбархэр, псысэхэр,  таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр,
уэрэдхэр, гъыбзэхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр нэгъуэщ1хэри.

Таурыхъхэмрэ
псысэхэмрэ гуп-гупу зэрызэщхьэщык1ыр.

Адыгэ 1уэры1уатэм и куэдщ
таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Ахэр хьэлэмэту зэхэлъщ, купщ1аф1эщ, на1уэщ, шэрыуэщ.

Еджак1уэ:Зытепсэлъыхь 1уэхугъуэ елъытак1э
таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп – гупу зэщхьэщок1. Абыхэм нэхъ щытепщэщ бажэ,
дыгъужь, мыщэ, адакъэ, бгъэ, пц1ащхъуэ нэгъуэщ1хэри. Мыпхуэдэ псысэхэр нэхъыбэу
щаусар ц1ыхум щак1уэныр нэхъ и 1эщ1агъэу щыщыта зэман жыжьэр арщ. Хьэк1э-кхъуэк1эхэм
теухуа псысэхэм щ1агъыбзэк1э къа1уатэр ц1ыхухэм я зэхущытык1эр, абыхэм я хьэл –
щэнхэр. Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ хьэлэлымрэ хьэрэмымрэ, бзаджэмрэ,
1эсэмрэ, пэжым и телъхьэмрэ пц1ыупсымрэ.

Еджак1уэ: Ет1уанэ гупым хыхьэхэр шыпсэу, удыгъэ
зыхэлъу щытщ. Мыпхуэдэ шыпсэхэм къыхэщ ц1ыхухэми, псэущхьэхэми къалъэтыхь: уд
фызыжьым куэд лъок1, благъуэм тенджызыр зы 1убыгъуэу иреф. Мыпхуэдэ псысэхэр
щок1уэк1 псы щ1агъым, щ1ы щ1агъым, губгъуэ, мэз пхыдзахэм.

Еджак1уэ: Ещанэ гупым хыхьэ таурыхъхэр л1ыхъужьхэм,
мылъку зэгъэпэщыным теухуащ.

Еджак1уэ: Епл1анэ гупым хыхьэхэр
къэхъукъащ1эхэмрэ тхыдэмрэ теухуахэщ. Мыбыхэм лъабжьэ яхуэхъур дунейм и зы
къэхъукъащ1э гуэрщ.

       Еджак1уэ: Етхуанэ гупым хыхьэхэр унагъуэм,
быным, лэжьыгъэм, хабзэм теухуахэрщ. Мыбыхэм къыхощ бейхэмрэ тхьэмыщк1эхэмрэ
яку дэлъа бэнэныгъэр.  Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ беймрэ тхьэмыщк1эмрэ,
быдэмрэ хьэлэлымрэ, пэжымрэ пц1ымрэ.

Еджак1уэ: Еханэ гупым хыхьэхэр ц1ыхумрэ
псэущхьэхэмрэ я зэхущытык1э къэзыгъэлъагъуэхэрщ. Мыбыхэм ц1ыхур гузэвэгъуэ ихуа
нэужь, ар абы къыхэзышыр, дэ1эпыкъуэгъу къыхуэхъур зы псэущхьэ гуэрщ. Мыхэр
къежьащ ц1ыхум псэущхьэхэр 1эрыгъасэ ищ1у щыхуежьа зэманым.

 («Зи бзэр зымыщ1эж
щхэщытхъу» сценкэ къэгъэлъэгъуэн).

Лъэпкъым и гупсысэри, и
дуней еплъык1эри, и акъылри на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Сабийм лэжьыгъэр ф1ыуэ
илъагъуу, нэхъыжьым пщ1эрэ нэмысрэ яхуищ1у, нэхъыщ1эм къыщхьэщыжу, л1ыгъэ,
хьэл-щэн дахэ хэлъу къэтэджынымк1э псалъэжьхэм я пщ1эр ин дыдэщ.

Псалъэжьхэр
зэщхьэщыбгъэк1 хъунущ мыпхуэдэ гупурэ:

1. Лэжьыгъэм ехьэл1ахэр.

2. Ц1ыхум и дуней
еплъык1эм епхахэр.

3. Хабзэм, нэмысым
ехьэл1ахэр.

4. Ц1ыхум и хьэл-щэныр
къэзыгъэлъагъуэхэр.

5. Гъэсэныгъэм, сабий
п1ыным ехьэл1ахэр.

 Адэк1э феда1уэ
псалъэжь зыкъом:

1. Зэхьэзэхуэр мэунэри
зэижит1ыр мэунэхъу.

2. Нэхъыжь
к1элъыджэркъым-к1элъок1уатэ.

3. Щ1эныгъэрэ 1эщ1агъэрэ
зэкъуэшщ.

4. Хамэ Хэку сыщытхъэ
нэхърэ, си Хэкужь сыщыл1э.

5. Куэд жызы1э нэхърэ,
куэд зылэжь.

Къафэ 

Еджак1уэ: Щ1эблэр щагъасэк1э адыгэхэм 1эмал
зэмыл1эужьыгъуэхэр къагъэсэбэпырт. Абыхэм ящыщ зыт джэгук1э зэмыл1эужьыгъуэхэр.
Сабийм и 1эпкълъэпкъым, акъылым, гупсысэк1эм зрагъэужьу, 1эрыхуэу, къарууф1эу
ирагъасэу адыгэхэм я1эщ джэгук1э куэдхэр. Абыхэм ящыщщ: «Гъуэргъуапщк1уэ»,
«К1эн джэгу», «Пы1э къуэдзэ», «Хэш», «Жьынду», нэгъуэщ1хэри.

(«Хэш» джэгук1эм
мэджэгу).

Къебжэк1хэр,
джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр.

Егъэджак1уэ: Сабий 1уэры1уатэм и жанр
гъэщ1эгъуэнхэм ящыщщ къебжэк1хэр, джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр.
Джэгузэхэшэхэр е зэрабж усэхэр хьэлэмэту зэгъэк1уауэ зэхэлъщ.

(зэрызабж
усэхэр).                                                                                             

           1. Инэмыкъуэ.

           2. Уэри-уэр.

           3. Зэк1.

           4. Унэку.

           5. Шэ фэндырэ.

           6. Инэ коп.

Джэгук1э.

Щхьэхынэм зэрыщ1энак1э
щ1ык1эм фрагъэдэ1уэнущ ди еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Уцэ щхьэц бапхъэ,
кхъуейжьапхъэ 1упэ.

Бжьыпэ убыд, къаубыдыр
зы1эщ1эк1.

К1элъэфыр зи дагъуэ,
шэджагъуэрытэдж.

Джак1уэр зи жагъуэ,
гъуагъуэр зи ныбэ.

Блэ шэрэз дыкъуакъуэ,
ныкъуакъуэ бырт1ым.

Т1ымыжь гурывэ, жьэрывэ
бзаджэ.

Къэудж адакъэ, къэдабэ
джанэ.

Анэ мыда1уэ, 1уэхуншэ
нат1э.

Т1энк1э мыщ1агъуэ,
гъуэншэдж лъэпахъуэ.

Еджак1уэ:Усэрыбжэ.

Инэ, инэ, инэ мыкъуэ.

Мыкъуэ щхьэл,

Щхьэл къутэ,

Къутэрауэ,

Щауэ мыхъу,

Щауэ хъурзэ. 

Хъурзэ нат1э

Хьэ нат1ищ.

Л1ищ зыук1,

Зызук1ыж,

Аныргъагъ,

Лъэрыгъыпс,

Хьэнтхъупсафэ,

Псафэ екъу,

Къурей нак1уэ,

Нак1уи т1ыс, т1ыс,
Аслъэн!

Еджак1уэ:Джэгузэхэшэ.

Уэ хъуромэ, хъуромэ,

— Уо, уо!

Уэ хъуроми токъу,

-Уо, уо!

Токъмакъ зи 1эщэ.

— У о, уо!

Зи 1эщэрилэ,

— У о, уо!

Елэн къэгъэши,

— У о, уо!

— Чышыр зи уанэ,

— Уо, уо!

Уанэ лъэгубгъуэ.

— У о, уо!

Хъан и губгъуэ дивгъэхьэ,

— У о, уо!
Девгъэджэгуажьэ!

— У о, уо! Девгъэжьэжыпэ!

— Уо, уо!

Еджак1уэ: Т1у зэзэуамэ
ауан зэращ1ыр.

Мыстрэ Мыстрэ зэзэуа,

Мыст и нак1эр щ1ауда,

 Мыстыр щтэри щ1эпхъуэжа,

 Мыстхэ дежк1э дэлъэда,

Мыстхэ я хьэр къыхуилъа,

Лъейуэ пщ1ант1эм дэжыжа.

Жэк1э унэм къэк1уэжа.

Дзыгъуэ гъуэмбым и1эба

Апэсит1 къриха,

К1энфетит1 къищэхуа,

Езым псори ишхыжа!

П1и, п1и ишхыжа!

Еджак1уэ: Пц1ыупсым
зэрыщ1энак1эр.

Мо щ1алэжьыр башыпэк1э
мавэ,

И вым уанэ трелъхьэ,

И хьэр псафэ ешэ,

И шым вакъэ щет1агъэ,

Гъэшым шыгъу хедзэ,

Шху – п1астэрывэ,

Бжэ1упэ вак1уэ!

И тутыныр къурыкъу,

Къэрэкъурэр и баш

Шыпхъум и щхьэр еупс,

Пц1ы иупсу къек1ухь!

Къафэ

Псынщ1эрыпсалъхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым
и бзэр псалъэк1эм нэхъ «хуэкъута» мэхъу, зеужь; къэпсэлъык1э гугъум и ужьк1э
къызэджэнур тынш къыщохъу. Псынщ1эрыпсалъэхэр щ1алэгъуалэм куэду ящ1эу щытащ.

Пщыхьэщхьэхэр абык1э
зэпеуэу ягъак1уэрт. Псынщ1эрыпсалъэхэр къытебгъэзэжурэ, т1эу-щэ жы1эн хуейт.

Еджак1уэ:

  1. Нанэрэ дадэрэ
зэблопсэлъык1-къызэблопсэлъык1ыж,

  зэблопсэлъык1-къызэблопсэлъык1ыж.

  2. Къепсыр къепсу

  Къепсыхыжри-

  Къепсыр, къепсри-

  Бзэхыжащ.

  3. Е семышу сезэша?

  Е сешауэ сызэша?

  4. Мо банапц1эм
сыкъелъэ-сынелъэ,

  Мо банапц1эм
сыкъепк1э-сынепк1э.

  5. Пылым пит1 пыт,

   Хьэмэрэ к1ит1 пыт?

  6. Мо бжэкъуагъым

  Къуэлъ жыхапхъэр

  Унащхьэмк1э

  Щхьэпрызут1ыпщык1,

  Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж,

  Щхьэпрызут1ыпщык1,

  Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж.

  7. Выжь къуагуэр

  Мэкъугум

  Гъуэгукум

  Щемыкъу.

  8. Сэралъп и алъпыр

  Мэлъэпэрапэ.

  Сэралъп и алъпыр

  Мэлъэпэрисэ.

  9. Джэдыгу гъуру

  Дыгъужьыжь,

  Ущыдыгъуэр дэнэ,
щхъуэжь?

  10. Хъэндыркъуакъуэ
щ1акъуэр,

  Къуанщ1э лъакъуэм
щ1окъур.       

 Къуажэхьхэм  къагъэлъагъуэ
ц1ыхум и губзыгъагъэр, и акъылыр и жанагъыр.

Еджак1уэ:

1. Вак1уэ дэк1ым
к1элъоджэ, къаджэ-наджэу къек1ухь.

2. К1уэ пэтми, бжьиз
зымык1у.

3. Бырыбыплъ, бырыб лъэщ,
зауэл1ищэм я напэ.

4. Цыпхыдзэр зи пащ1э,
хуэмып1ащ1эу дзыгъуащэ, гуащэ жьан т1эм дэмык1, зи к1э ц1ык1ур зыгъэджэгу.

5. Дэнэ ук1уэми
пк1эрымык1.

6. Башыпэ к1апсэ,
к1апсэпэ мастэ.

7. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ.

8. Хэт къак1уэми ф1эхъус
ирех.

9. Щабэрык1уэ, мэз
к1уэрей.

(Къехыу: Нашэ-къашэ, хьэ
лъакъуэжь, и нэр къопщ, и пщэр кумбщ, «жьгъумп1ыкъ» же1эри псым
хопк1эж).                                

(Къуажэхьхэр
къэщ1эн. Кроссвордым итхэн.)

Дунейм и п1алъэ зыщ1эу псэууэ щыта
пасэрейхэм къащ1энащ нэщэнэ куэд, 1эзагъэ, 1эмал, гурыхуагъэ.

Зэпеуэ: (Еджак1уэхэр)

1. Джэдынэ зышхыр
мастэнэк1э 1эзэ мэхъу, жа1э.

2. Дзэлыр пхъащхьэм
хэплъхьэну ф1ыкъым, жа1э.

3. Ежьам к1элъыджэркъым,
к1элъыгъыркъым, ар мыф1у ялъытэ.

4. Зыщ1ып1э 1уэхук1э
уежьауэ къэбгъэзэж хъунукъым-уздэк1уэр къомыхъул1эну ялъытэ.

5. Шур гъуэгу техьа
къудейуэ и шыр пырхъамэ, къигъэзэжырт,    гъуэгур къемыхъул1эну илъытэрти.

6. Зыгуэр ишхыну ептарэ
игъапсчэмэ, хьэлэл хуумыщ1ауэ къабж.

7. Ипщэк1э уафэр япэу
щыгъуагъуэмэ, гъэр гъэф1, бэв хъуну ялъытэ.

8. Гъатхэр гъэгъа нэгумэ,
бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ.

9. Щ1ым уэск1э
зимыгъэнщ1амэ, уэшк1э зигъэнщ1ыркъым, жа1э.

10. Хьэм удз ишхмэ,
гъавэр бэв хъунущ.

Псалъэ шэрыуэ  куэди, псалъэжь куэди къыщыхьащ ди
хьэщ1эщым. Ахэр дэ махуэ къэск1э къыддэгъуэгурык1уэу щытын хуейщ. Ит1анэ  ди
лъэпкъым  дыхуэфащэу, нэмыс тхэлъу, хабзэр тщ1эуэ, емык1у къэдмыхьу, ди
адэ-анэр  дгъэпэжу   дыкъэхъунщ.   

Ц1ыхугъэр, гуапагъэр ди адыгэ хабзэм
щыщщ. « Хабзэ» псалъэм адыгэхэм деж куэд къызэщ1еубыдэ. Ди хабзэм яхэткъым
жьгъейуэ къэплъытэ хъун, гулъытэ зыхуумыщ1ын. Ахэр ц1ык1уми инми ящ1апхъэщ.
Хабзэ здэщымы1эм нэмыс щы1экъым, нэмыс здэщымы1эм нэсыпи щы1экъым, жи1ащ пэсэрейм.
Абы къыхэк1к1э адыгэ хабзэм игугъу тщ1ырэ тщыгъупщэж мыхъуу сытым дежи
зэрывгъэзэщ1эным фыхуыщ1экъун хуейщ.Ди тхыдэм щыц1эры1уэ л1ы 1ущ Къэзэнокъуэ
Жэбагъы жи1эгъат: «Фиф1 фымыгъэпыуд, фи 1ей фымыгъэпщк1у». Мы псалъэхэм
дыхуеущий ижьк1эрэ адыгэм къыдек1уэк1 хабзэф1 зетхьэну. Псом нэхъыщхьэр илъэс
минхэм я уэсят лъэпкъыбзэращи, дыхуэвгъэсакъ, дывгъэхъумэ.  Нобэрей ди
хьэщ1эщыр зэхуэтщ1ыжыну ди гуапэщ хъуэхъук1э.

                 ХЪУЭХЪУХЭР

1) Ди
нэхъыщ1и ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, гуф1э
тхъэжу дызэдэпсэуну сохъуахъуэ.

2) Ди 1эр гуапэу къаубыду,

Демыблэжу ди гуащ1эм,

Гъащ1э дахэр нэхъ дахэж тщ1ыуэ,

Куэдрэ узыншэу

Дыпсэуну сохъуахъуэ!

Егъэджак1уэ. Нобэ къытхуеблэгъа, дызыгъэгушхуа ди хьэщ1э лъап1эхэм «Берычэт бесын!»

Хьэщ1эщыр адыгэ къафэк1э зэхудощ1ыж.

Си анэбзэ, си адыгэбзэ

Узэрымыпсалъэ бзэм уригупсысэкъым, узэрымыгупсысэ бзэр щымыIэ палъэщ – зэрызепхьэм, зэрыбгъэпсэуалъэм елъытащ лъэпкъым пщэдейм щиубыдыну увыпIэр. Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ, айтIур зэпэIэщIэ хъумэ, зэмыгъусэу щытмэ, бзэм ихьын щыIэкъым. Ар гъащIэм къихьа зы пэжщи, жьабзэри тхыбзэри зэдгъэкIун хуейщ; щIэблэм анэдэлъхубзэр ищIэнымкIэ мыкъутэж шэсыпIэ дыщиувэфынур абдежщ. Адыгэбзэ псэлъэкIэмрэ тхыгъэмрэ щызэлъэIэскIэ, щызэкIэлъыщIыхьэкIэ, бзэм иджыри ущыгугъ мэхъу, щIэблэри абы хуэшэрыуэу къызэрытэджынумкIэ

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэ

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ «Си анэбзэ, си адыгэбзэ» зи фIэщыгъэцIэ Тхыгъэ Зэпеуэри абы теухуащ. 9-11 классхэм хэс еджакIуэхэр мы зэхьэзэхуэм хэтыну, анэдэлъхубзэр зэращIэр, я гупсысэр тхыгъэм зэрырагъэзэгъыр, адыгэ тхыбзэ хабзэхэм зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуэну ди гуапэу къыдогъэблагъэ.

Зэхьэзэхуэм кърихьэлIэну ныбжьыщIэхэм я пащхьэ итлъхьэнущ зытеухуарэ къаIуатэкIэ зэмыщхь псалъэ гуп. ЕджакIуэм и гупыжкIэ къыхиха псалъэр е зэгъусэ ищIа псалъитI-щыр зы гупсысэм иришалIэу и гурылъ-гурыщIэхэр, и Iуэху еплъыкIэхэр, и дуней лъэгъукIэр къызыхэщ тхыгъэ игъэхьэзырын хуейуэ аращ.

Дэтхэнэ зы классми 1, 2, 3-нэ увыпIэхэр щаугуэшынущ. Тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкI еджакIуэхэм фIыщIэхуэщIэ тхылърэ ахъшэ тынкIэ яхуэупсэнущ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIа дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и лэжьыгъэр щытхъу тхылъкIэ къыхагъэщынущ. Абы щыфIэкIауэ Адыгэбзэ Хасэм игъэува ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер япэ увыпIэр къэзыхьыну 11-нэ классым хэс еджакIуэм хуигъэфэщэнущ. Стипендиер гъэ еджэгъуэр икIыхункIэ еджакIуэм мазэ къэс иратынущ.

Зэпеуэм хэтахэм щыщу адыгэбзэм хуеджэн гухэлъкIэ ЕджапIэ Нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну еджакIуищми ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер хуагъэувынущ.

Адыгэбзэ Хасэм и гугъэщ зэхьэзэхуэм къыхэкIыну лэжьыгъэхэр, зытхахэм я цIэ-унэцIэр хэмыгъуащэу, зэхуихьэсыжу тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIынуи.

2014 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м ирихьэлIэу зэхыхьэну «Си анэбзэ, си адыгэбзэ» Тхыгъэ Зэпеуэр щекIуэкIынур Налшык къалэ дэт Мэлбахъуэ Темборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ Библиотекэрщ.

ЩыщIидзэнур сыхьэтыр 14.00

December 15 2012, 13:43

Categories:

  • История
  • СССР
  • Cancel

«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
Зэрыжы1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Хэк1ащ апхудэу адыгэм ди зы къуэш лъэпкъым и псэр. Зи гугъу сщ1ыр убыххэрауэ зэрыщытыр дауи къывгур1уа хъунщ. Адыгэ 1уэхум иригузавэ дэтхэнэ зы ц1ыхуми игур щ1эмыузынк1э 1эмал и1экъым мы л1акъуэ уардэм и щхьэм къырик1уа насыпыншагъэм. Убых лъэпкъым и гум къеуэным щ1ыщигъэтам щхьэусыгъуэ куэд и1эщ. Абыхэм ящыщщ ахэр псори Уэсмэн империе бзаджэм 1эпхъуэн хуей зэрыхъуар, абы 1эпхъуа нэужь зэрызэк1эщ1ачар, тыркухэм я къэралыгъуэм щыпсэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм егъэщ1ыл1ауэ ирагъэк1уэк1а политикэ гущ1эгъуншэр. А псори зэхыхьэжри убыххэр к1уэдыпащ. Тевфик Эсенч иужьк1э зыри а бзэ жьгъырумк1э ирипсалъэжакъым. Абдеж ди къуэш лъэпкъым и псэр хэк1ауэ ябжын щ1адзащ. Убыххэр езыхэр къапщтэмэ нэхъ адыгэ л1акъуэ инхэм ящыщу щытащ. А псори к1уэдыжауэ ф1эщ щ1ыгъуейщ. Дауик1 абы зыгуэр къэнащ, Тыркуми иджыри щыпсэууэ жа1э, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр псоми я1эщ1эхуа хъуащ. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ. Сыхуейт Иуан Бубэ и усэк1э сыухыну:

Уи анэбзэр гъаф1э.
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.

Пхуахъумащ адэжьхэм
Бзэм я нэхъ къулейр.
Зи бзэ зымыджыжхэм
Зэи уадэмыплъей.

Зи бзэ хуэмеижыр —
Ар лъэпкъыншэ мэхъу.
Зи лъэпкъ 1уэху еижыр
Гъащ1эм къегъэщ1эхъу.

Бзэр 1эщ1ыбмэ — йобэ,
Мэхъу тэджыжыгъуей.
Ар тхъумэныр нобэ
1ущагъ псом я лейщ.

Адыгэбзэр гуапэщ,
Лант1эщ ик1и лъэчщ.
Дыгъэ налъэу хуабэщ,
Уи псэм и данлъэчщ.

Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.

Обновлено: 11.03.2023

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.

C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,

Гъащ I эщ I эм и епэр!

Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,

Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .

Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Нур Гуащэ

Адыгэ лъэпкъыр зэ шъукъэдаIо!
Ти АдыгабзэкIэ тыжьугъэгущыIэ
Ти бзэ нахь дахэ зэрэщымыIэ
Сабийхэр шъуиIэмэ агурыжьугъаIо!

Адыгэ лъэпкъоу зыбзэ зымышIэрэм
Мыри Адыг пIоу таущтэу уеджэщт?
Янэмэ-ятэмэ арымыгъэшIагъэмэ
Шэныхэр хабзэхэр таущтэу ашIэщт?

Адыгэ унагъом сабыир къихъуагъэмэ
ТинэдэлъфыбзэкIэ шъудэгущыIэ
ГущыIэ дахэ сабыим ебгъашIэмэ
ГущыIэ дахи уигъэшIэжьыщт.

Тибзэ тымышIэу тыкъэжьугъэтэджымэ
Уахътэу блэкIыгъэу шъукIэгъожьыщт
Тэщфэдэу Адыгэ цIыфмэ тахахьэмэ
Ти бзэ тымышIэмэ къытшIокъиныщт.

УАдыгэба, уибзэ умышIэ къытаIомэ
Ар гу къауэшхоба зэ шъуегупщыс
Тыгу кIодыгъоу унэм тыгъэзэжьымэ
Джэуап къэшъутыщтыри къэшъугупщыс.

Тилъэпкъ бае игъэкIодынэу
боу цIыф аджи таужь къихьагъ.
Хэкужьы чIыгум тыкъырыфыгъэми
Хымэжьы чIыгум тыщыбэгъуагъ.

Къухьам изыхэу цIыфхэр къыращызэ
Тянэжьхэр тятэжьхэр ащ щылIыхьагъ
Шхыни тэрэз ящамыгъотоу
Шырамыгъэтоу зэтелIыхьагъ.

Псаоу чIыгу хымэм къэсыгъэхэр
Зы чIыпIэ горэм щыратэкъохьыгъ
Коцыри былыми къыщымыхъунэу
ЧIыгу лIагъэр тэ къытатыгъ.

Тилъэпкъ къинэу тищэкIыгъэр
Сабийхэр жьугъэтIыси шъыпкъэр яшъуIуат
Тэ непэ азапэу тызхэтыр имышIэмэ
ШIу лъэгъуныгъэр фыримыIэщт.

Илъэпкъ ашIугъэр непэ имышIэмэ
Неущ Тыркум, Арапым дэкIони ар хэхьажьыщт
Илъэс пшIырэ пшIыкIутфырэ блэкIымэ
Ар Адыгагъэми шигъупшэжьыщт.

Тянэхэр тятэхэр тыкъэжьугъэтэджи
ЩыIэныгъоу тызфакIорэм тежьугъэгупщыс
Хымэжьы чIыгум тыщымыунэхъузэ
Тыкъэжьугъэтэджи тихэкум тэжьугъэзэжь.

* Мыр къэзытхыгъэр зы кIэлэ егъаджакIо шъуз горэм. Ежьыр зэгорэм Тыркум къэкIуагъэу ныбжьымэ АдыгабзэкIэ аригъэшIэным пылъыгъагъ. Зы кассет ежь имакъэкIэ еджагъэу седэIугъагъ мы поэмыр. ар сэрыкIэ ихэкум пае фэзаорэмэ, фэлажьрэмэ ащыщ.

hello_html_m5a9b7b44.jpg

Бзэм и махуэм ирихьэл1эу Хьэтуей къуажэм курыт еджап1эм _____ классым щек1уэк1а пшыхь.

hello_html_m5a9b7b44.jpg

— Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу

хъуным, хъумэным елэжьын.

— Я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Пшыхьым и ек1уэк1ык1эр

  1. Хэзыщэ псалъэмакъ. (Тхьэгъэлэдж Светэ и макъамэ «Бзэрабзэ си

хъыбар псоми фызогъащ1э.

Нобэ махуэ лъап1эщ,

Школым ящ1 унафэ:

Ди еджап1эм щ1эсхэр дэ къыдогъэблагъэ.

Нобэ икъук1э махуэ лъап1эу.

Дэ мы школым дашэ хьэщ1эу.

Езыгъ.: Фыкъеблагъэ, Фыкъеблагъэ!

— Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ кърихьэл1а псоми! Нобэрей ди пшыхьыр зытеухуар ди бзэ дахэ, ди бзэ 1эф1, ди бзэ шэрыуэращ.

Адыгэм и хабзэщ сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1идзэуи, дэри а хабзэм тету щ1эддзэнщ.

— Ат1э дапщэщ къежьауэ п1эрэ а хабзэ дахэр?

— Хъуэхъур ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадок1уэк1. Хъуэхъуэныр хабзэ дахэщ. Абы пыщ1ар угъурлыгъэрэ акъылыф1агъэрэщ. И ныбжьымрэ и акъылымрэ теухуауэ адыгэхэм мыхъуэхъуэф яхэткъым.

— Адыгэм хьэщ1э и1эмэ, япэ хъуэхъур абы тражы1ыхьу щытщи, девгъэхъуэхъут дэри ди хьэщ1эхэм.

-Ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Узыншагъэ быдэ фи1эну,

Фи лъэр здихьам насып здифхьэну.

Нобэ къэфк1уа гъуэгуанэм

Нэхъ гугъехь фымылъагъуу

Куэдрэ ц1ыхухэр вгъэгуф1эу

Усэ ц1ык1ухэр къоджэ

Зджащ нэмыцэр, зэи

Урысыбзэр хъуащ си 1эщэ лъэщ

Ауэ ф1ыуэ слъагъуу адыгэбзэ макъым

И дахагък1э зыри пэмылъэщ

Налкъут щыгъэу ар къызэролъэлъыр.

Жэнэт бзууэ къо1ущащэр зэм…

Си лъэпкъ уардэ – Нобэ ф1ыуэ слъытэм

И къежьап1эр ди уахътыншэ бзэрщ.

Езыгъ: Дэ си1эщ анэдэлъхубзэ дахэ, шэрыуэ, купщ1аф1э.Ар адыгэбзэщ. Ди адыгэбзэр бзэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ.

— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

Езыгъ : Упсэу уэ куэдрэ!

Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр.

Упсэу уэ куэдрэ!

Уэ уди1эщ шабзэу

Упсэумэ, ди лъэпкъыр псэунщ.

(Мэзым и макъ къо1у)

Езыгъ.: Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ. Ахэр ди адыгэ 1уэры1уатэм хыхьэ псалъэжьхэмрэ, жы1эгъуэхэмрэщ . Псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэк1эр, и дуней еплъык1эр л1эщ1ыгъуэк1э щызэхуэхьэсащ. Псалъэжьхэр нобэми ди культурэм, ди гъащ1эм хэпщауэ, нэхъыщ1эр ягъэ1ущу, нэхъыжьыр яущийуэ щытщ. Дэри нобэ абы гъунэгъу зыхуэтщ1ынщ. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди еджак1уэ ц1ык1ухэр. (сабийхэм псынщ1эрыпсалъэ, псалъэжьхэр жа1э)

Ц1ык1ухэм псалъэжьхэр жа1э

— Бзэр джатэм нэхърэ нэхъ жанщ

— Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ

— Адыгагъэр – нэмысщ, нэмысыр – насыпщ.

— Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ

— Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.

— Адыгагъэ мыщ1э адыгэбзэ щ1экуъщ.

— Адыгагъэр къалэнщ, армыхъумэ 1уэхутхьэбзэкъым.

— Еблагъэ зи бэм и бын мэжал1экъым

— Псэм ф1э1эф1ыр, нэм ф1эдахэщ

— Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ

— 1ущыр щэ мэчэнджащэ

— Акъыл к1эщ1ыр бзэгу к1ыхьщ

— Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэныркъым.

— Пшынауэр бгъунлъэм, лъэпкъыр мэук1ытэ.

Ди анэбзэу-ди адыгэбзэр ф1ыуэ зэрытлъагъур, зэрыдгъэшэрыуэр къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр къута хъунымк1э сэбэпышхуэщ, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эщ. Девгъээда1уэт – т1э абыхэм.

— Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм л1ыжь жьак1эхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ

— Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.

— Пыжь пызу пыту щыту жыг.

— Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.

— Щ1алэ щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.

— Гъук1эр бгъук1э къалъэри пк1элъейм дэлъеижащ

— Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ

Езыгъ.: 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу, зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ. Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и гулъытэмрэ здынэсыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ ц1ыхухэм пщыхьэщхьэрэк1э лэжьыгъэ нэужьым зыщагъэпсэхук1э къащ1эу щытащ а къуажэхьхэр. Ат1э къэфщ1эфыну п1эрэ фэри ахэр. Девгъэплъыт, ди хьэщ1э лъап1эхэ.

— Сэ сыхуейт зыхуэзгъэзэну ди хьэщ1эхэм. Класс къэсыхук1э ц1ыху т1урыт1 фыкъыдогъэблагъэ ди сценэм. Дызэпеуэнщ класск1эрэ, тек1уэм саугъэт къелэжь.

Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:

  1. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. ( Набдзэ)
  2. Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1 . ( 1эпхъуамбитху, пэ)
  3. Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. ( Пхъэх)
  4. Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. ( Аслъэн)
  5. Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. ( Щ1акхъуэ)
  6. Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. ( Дзыгъуэ)
  7. Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. ( 1эжьэ)
  8. Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ. ( Нартыху)
  9. Банэ топу зи пэр т1ей (цыжьбанэ)
  10. Зи пэр папц1э, зи к1эр гъуанэ (мастэ)
  11. К1уэ пэтми бжьиз зымык1у (гущэ)
  12. Вагъуит1 яку 1уащхьэ (пэ)
  13. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ (1эпхъуалъэ)

— Езыгъ : Фыпсэу, хъарзынэу фыкъыздэлэжьащ. Ик1и т1эк1у зыдывгъэпсэху. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди пэщ1эдзэ классым щеджэ ди еджак1уэ ц1ык1ухэм я къафэр. Къедывгъэблагъэ!

  • Хэт, ц1ык1ухэ, фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?

Т1ум къебжэк1 жа1э:

  • Си къаз пльэгъуа? — Вындыр-щэ?
  • Слъэгъуащ. — Жыгым пысщ.
  • Дэнэ к1уа? — Жыгыр-щэ?
  • Абгъуэм исщ. — Уэщым иреупщ1э.
  • Сыт къиук1эц1? — Уэщыр-щ1э?
  • Джэдык1э. — Пщ1ащэм хэлъщ.
  • Хэт ишх? — Пщ1ащэр-щэ?
  • Мэлыхъуэм. — Лыгъэм ес.
  • Сыт къыдит? — Лыгъэр-щэ?
  • Хъурыфэ. — Псым егъэунк1ыф1.
  • Хэт игъэтэдж? — Псыр-щэ?
  • Тэджырей. — Хьэм иреф.
  • Хэт ибз? — Хьэр-щэ?
  • Бзэрей. — Л1ым щ1ыгъущ.
  • Хэт ид? — Л1ыр-щэ?
  • Дэрей. — Мэкъу йоуэ.
  • Хэт щит1агъэ? — Мэкъур-щэ?
  • Уи шыпхъум. — Шхалъэм дэлъщ.
  • Дэнэ ук1уэ? — Шхалъэр-щэ?
  • Хьэщ1ап1э. — Жэмыр бгъэдэтщ.
  • Сыт къраугъэшх? — Жэмыр-щэ?
  • Щыхь куц1рэ фо — П1ап1у къехь.
  • Си 1ыхьэр-щэ? — Джэдум иреф.
  • Гъуанэм илъщ. — Джэдур-щэ?
  • Илъыжкъым. — Гъуанэм исщ.
  • Дэнэ к1уа? — Гъуанэр-щэ?
  • Вындым ишхащ. — Уэ уисыжщ.
  • Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?
  • -Адыгэ хъыджэбзырщ.
  • -Абы нэхъ дахэжыр сыт?
  • -Адыгэшу къабзэрщ.
  • -Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
  • -АдыгэлI губзыгъэращ.
  • -Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
  • -И бзэрщ- адыгэбзэрщ.

Езыгъ: Адыгагъэр дэни къыщыхощыр, ди адыгэ уэрэдхэми, ди усак1уэ, тхак1уэ 1эзэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэми. Девгъэда1уэт-т1э абыхэм.

(ц1ык1ухэр усэ къоджэ)

Адыгэбзэ – си анэбзэ

Си лъэпкъым и псэр

Сэри ди Тхьэшхуэм къыс1урилъхьащ.

А бзэм нэхъ лъап1э

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Езыгъ: Адэк1э ди пшыхьым уэрэдк1э къыпащэнщ ди езанэ классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Езыгъ: Ди пшыхьым и пэм деж зэрыжыт1ащи, адыгэм и сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1едзэ,хъуэхъук1и еух. Дэри а хабзэм дытету дыхуейт ди пшыхьым ик1эм деж ди адыгэ лъэпкъым дынывэхъуэхъуну.

(ц1ык1ухэм хъуэхъу жа1э)

Ди гур хуабэ къысхуэфщ1ащ,

Псалъэ дахи зэхэтхащ,

Бзэми дэ зедгъэужьащ,

Ныбжьэгъу куэди къэдгъуэтащ.

Саугъэту дэ хъуэхъу дахи нывжет1ыну дыхуежьащ.

Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.

Езыгъ : Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Нажмите, чтобы узнать подробности

Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ!

Мурадхэр: — ЦIыхум и анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр псэкIэ еджакIуэхэм зыхегъэщIэн;

— Я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу, ирипсалъэу, Iуэху иризэрахьэу, я гупсысэ хуиту къраIуатэу егъэсэн;

Адыгэ макъамэ дахэ къеуэу композицэр езыгъэкIуэкIынум къыщIедзэ.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI дыгъуасэм,

Тхыдэм и дыгъуасэ гум и щIасэм:

— Яхъумахэр сыт ди адыгэлIхэм,

Я псэ IэфIыр мафIэм щыпэралъхьэм?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си махуэм,

Си нобэрей махуэ гум и нэхум:

— Зыхуэлажьэр сыт си гуащIэ мащIэр,

СыщIэпагэ мы си лъэпкъ гумащIэр?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си гъащIэм,

Си къэкIуэну гъащIэ нуру сфIэщIым:

— Къытезнэнур сыт си лъахэ дыщэм,

Сыпсэну сэ сащымыгъупщэу?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэ!

Джэдгъэф Борис.

Езыгъэк1уэк1ым: 2. Къыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ ц1ыхум зэхехыр анэм, адэм, адэшхуэ – анэшхуэхэм я макъ. Псалъэхэр имыщ1э щ1ык1э сабийм макък1э къиц1ыхуу хуожьэ махуэ къэс илъагъу, игъунэгъу ц1ыхухэр. Ауэрэ псэлъэфу, къэзыухъуреихь дунейр зыхищ1эу щ1едзэ. Щ1эныгъэл1хэм къызэрахутамк1э, сабийм илъэсибл ныбжьым щитым псалъэу нэхъыбэ дыдэ зэрегъащ1э, игу иреубыдэ, адэк1э къигъэщ1эну и гъащ1э псом нэхърэ. Аращи, абы щыщ1эдзауэ, ц1ыхум и бзэм лъагъуныгъэ хуи1эу къэгъэтэджын хуейщ. Ауэ сытми жа1эркъым, щ1эныгъэ уимы1эу упсэуфынущ, ауэ бзэр умыщ1эу упсэуфынукъым. Пэжщ ар иджыи.

Езыгъэк1уэк1ым: 3. Къызэрахутамк1э, бзэуэ миних (6 тыс.) щы1эщ. Абы и ныкъуэр хэк1уэдэжыным нэсауэ щытщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху ирипсалъэкъым, нобэр къыздэсым тхыгъэ зимы1э лъэпкъи хэтщ, псалъэм папщ1э, Африкэм и ц1ыхухэм щыщу процент 80% -м иджыри я1экъым тхыгъэ. Илъэс къэс бзэуэ пщ1ы (10) хок1уэдык1, мэк1уэдыж. Гуры1уэгъуэщ, бзэр к1уэдыным нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэ зэрыщымы1эр, сыт щхьэк1э жып1эмэ абы и гъусэуи лъэпкъри мэк1уэд.

Езыгъэк1уэк1ым: 4. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъагъун, егъэджын, егъэщ1эн, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэ лъандэрэ ЮНЕСКО –м, мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. Дэри мы тхьэмахуэм абы теухуауэ едгъэк1уэк1ащ 1уэхугъуэ зыбжанэ , ик1и ахэр псори къызэщ1эткъуэжу нэбэ, бзэм и махуэм, литературно – макъамэ композицэри, зэрыжыт1ащи, абы тедухуащ.

5. Анэдэлъхубзэу бзэм я лей!

Ди гущэ къуапэм и уэрэд,

Укъыддалъхуащи ди псэм ухуэдэщ.

Ди адыгэбзэ, уей!

6. – Дунейм щынэхъ дахэр сыт?

— Абы нэхъ дахэжыр сыт?

— Адыгэ шу къабзэрщ!

— Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

— Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

— И бзэр – адыгэбзэрщ!

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

Си анэдэлъхубзэ, зэкъым уэ губгъэну

ЗэрыпхужаIахэр нэху къыптемыщхьэну,

ЖаIэрт убзэхыну, жьым зэрихьэ бгъэну,

КъалэкIыхьым адкIи сыфIумышыфыну.

Ауэ, зыпIэтащи, бгъэхэм уохьэуохуэ.

Тэрчым и псыпыхуу мыкIуэщIыжщ уи псалъэр.

Шууейр и уанэгум нобэ щогъэхахуэ,

Тхуожумарт сыт IуэхукIи уэ Iущыгъэу пхэлъыр.

ЗашэщIащ уи гъуэгухэм, къэрал Iэджэм нэсу.

НэгъуэщIыбзэ жылэхэр зыхэплъхьащ бэвыгъэу.

Фыздопсэу бзэ Iэджэ нобэ зэнэзэпсэу.

Сэри сегъэусэ пхэлъ уи шэрыуагъэм.

Си анэдэлъхубзэ, узианэщ — ушэ,-

Анэр зэи хъуркъым гущэ уэрэдыншэ.

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.

11. Бгы лъапэм къыщIэж нартсанэу къабзэ, анэ быдзышэу къэуат, хьэуа пэлъытэу узыпхыплъыф, налкъут – налмэсу гъэжа, дыщэ плъыжьым ефIэкI, Iущыгъэ инхэр къызэIузых, зи жылакIэр, кIуэдыж яфIэщIми, бэурэ къэкIыж, тенджызым имытхьэлэф, гурыщIэ куухэр зэрыIуах IункIыбзэ, бийм игу изых, анэ гущабэу къодэхэщIэф, пэж зэраIуатэ, лъагъуныгъэбзэкIэ дахащэ.

12. Уэ урибзэщ нарт Бэдынокъуэ, лIыгъэм сыт щыгъуи ухуэгъэпсащ, уэ урибзэщ Сэтэней гуащэ, хьэгъэщагъищи Iэзэу зыбохьэ, уэ урибзэщ ПащIэ Бэчмырзэ, Iущыгъэ инкIэ уэ упсыхьащ. УIурылъащ ЩоджэнцIыкIу Алий, уэрщ зэраIуэтар Лацэ, Мадинэ сымэ я лъагъуныгъэр!

13. Си адыгэбзэ, си адыгэпсэ, уэ усIурылъщи, сэ нэхъ бей щымыIэ, уэ узиIэщи, зеиншэ зыми сыхуэмыщIын, си лъахэм и гур уэращ, уэрщ и хъумакIуэр си лъэпкъым!

Сэ слъэкIыгъамэ, уи щIыхьыр уафэм нэсыхукIэ сIэтынт, илъэс мин къакIуэхэм упсэун хуэдэу, къулеигъэ псори уэстынт, ахэр уэ узэриIэр сымыщIэу щытамэ,Тхьэм сыпхуелъэIуурэ уэ къыпхуеIысхынт, си адыгэбзэ, си адыгэпсэ!

Си анэдэлъхубзэ, си лъэпкъыбзэ,

Анэбзэу си псэм къеубзэрабзэ,

Хэт и бзэ сэркIэ нэхъ щэбэн!?

Нэхъ къехуэбылIэ псэм згъуэтын!?

IущагъкIи хэт къыппэлъэщын!?

Хэт и бзэ упэсщIын слъэкIын!?

Уэрыншэу сыт схузэфIэкIын!?

Уэрыншэу сыпсэун слъэкIын!?

Си адыгэбзэ, си псэм и псэ,

Лъэпкъ гъащIэм лъыкIэ ухэпщащ.

Лъы защIэ лъэпкъыр куэдрэ хъурти,

УщIыгъуащ, хуэбусу гъыбзэ бын кIуэдахэм,

ДэпIэтащ бгъэпсалъэу пшынэр,

Уэращ ди лъэпкъым и нэ вагъуэр

Мэмхэгъ Рая.

15. Адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэ хьэлъэм и Iэужьщ ди лъэпкъэгъухэр дуней псом щикъухьа зэрыхъуар. Ауэ дэнэ щымыпсэуами ахэм я гур я хэкужьымкIэ щыIэщ, я бзэри, я хабзэри зыщагъэгъупщэркъым.

16. Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщ1ащ.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

Хипщэжар сыт хъужын.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ.

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ дахэм и макъ.

Бештокъуэ Хьэбас.

17. Лъэпкъыр узыншэу щытын папщ1э, ар япэк1э к1уэтэн щхьэк1э щ1эблэ узыншэ и1эн хуейщ. Сабийр дунейм къыщытехьа махуэм щыщ1эдзауэ анэдэлъхубзэр дахэу зэрыбзэрабзэр зыхегъэщ1эн хуейщ. Сыт хуэдэу гухэхъуэ зи анэбзэр зыгъэбзэрабзэ щ1эблэм уедэ1уэну!

И бзэр имыщ1эжым.

Бухъар пы1эр лъагэу

Жьым нэмыс хуимыщ1ым.

И пщ1эр ф1эмык1уэдым,

1уэхук1э щытхъу къихьамэ,

Мис аращ адыгэр.

И ф1ыщ1агъэр щ1эблэм

Мис аращ адыгэр!

И гур ныбжьэгъу куэщ1мэ –

Мис аращ адыгэр!

Щоджэнц1ык1у Нурий.

Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ,

Хэкум уэ уриуэздыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ дахэ,

Дунейм уэ уринэхугъэщ.

Адыгэбзэу си псэм и псэ,

Сэ узиIэщ гъащIэ Iэнэу.

Адыгэбзэу си нэм и нэ,

Сэ узобжыр узианэу.

Адыгэбзэу си бзэ пагэ,

Лъэпкъым уэ урикъэбзагъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ гуапэ,

Дунейм уэ урипэжыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ нахуэр,

Уэ ди лъэпкъым уридыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ хахуэр,

Си лъэпкъ уардэм уримазэщ.

Уэрщ си лъэпкъым и хъумакIуэр.

УщыIухукIэ уэ ди лъахэм,

Ибэ хъункъым си лъэпкъ мащIэр.

Хьэрэдурэ М.

20. Си адыгэ лъэпкъри, си анэдэлъхубзэри зэи уэрэдыншэ хъунукъым, бзэрэбзэнущ, зи цIэр жыжьэ Iуа, зи хэкур, лъэпкъыр, бзэр зыгъэбжьыфIа е иджыри зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр хэмыкIуэдэжу дунейм тетыху. Дэ дрогушхуэ ди лъэпкъ уардэм Редадэ, Инал, Идар Темрыкъуэ, Нэгумэ Шорэ, Къардэн Къубатий, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, тхакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, Пащты Гермэн, дирижер Темыркъан Юрэ, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI К1унэ, олимп чемпионхэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудран Беслъэн, Джэду Аниуар сымэ, нэгъуэщI куэдхэри къызэрытхэкIам. Мыбыхэм хуэдэ адыгэ дунейм тетыху, ди лъэпкъри псэунущ, ди адыгэбзэри бзэрэбзэнущ.

21. Адыгэбзэр убзэрабзэм,

Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри,

Бзум усэныр ягу къокIыжыр.

22. ЦIыхум и псэм пищIыфынур, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы и гъунэгъу дыдэращ, фIыуэ илъагъуращ, къыдалъхуаращ. Апхуэдэщ анэдэлъхубзэри цIыхуу дунейм тетым я дежкIэ, ар анэм къыдделъху. Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,

Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,

Хъуэхъум я нэхъыфIхэр зэхыуагъэхыу

Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр

Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,

Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу –

Мо 1уащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм

Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,

Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым

Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,

Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Хьэм уигу щIэгъуу –

Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,

ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

АфIэунэ Лиуан.

Читайте также:

      

  • Далекая и близкая сказка астафьев сочинение
  •   

  • Сочинение по картине кустодиева балаганы
  •   

  • Сочинение на тему игрушка будущего
  •   

  • Для чего нужны фильмы о войне сочинение
  •   

  • Философское сочинение аристотеля 10 букв

Понравилась статья? Поделить с друзьями:

Новое и интересное на сайте:

  • Сочинение бжьыхьэ мэзым
  • Сочинение без беды друга не узнаешь
  • Сочинение бешто на чеченском языке 9 класс бадуев саид
  • Сочинение бешеные деньги
  • Сочинение бедные люди 6 класс краткое содержание

  • 0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии