Обновлено: 11.03.2023
Шогенцу́ков Али́ Асха́дович (28 октября 1900 — 29 ноября 1941) — кабардинский поэт, заслуженный деятель искусств Кабардино-Балкарской АССР (1939).
Содержание
Биография
По одной из версий родился в селе Кучмазукино, ныне Баксанского района Кабардино-Балкарии. [1] По другой — в селе Старая Крепость, также расположенном на территории Баксанского района. [2]
В 1919 году вернулся на родину. Многие годы отдал педагогической деятельности: работал учителем кабардинского языка, директором школы, инспектором районо и облоно. Писал статьи в газетах, в которых уделял внимание кабардинскому языку, образованию и воспитанию подрастающего поколения. Творчество 1920-х годов посвящено пропаганде культурного просвещения народа.
С 1934 года работал в Союзе писателей республики, занимаясь выявлением и продвижением молодых писателей. По совместительству работал научным сотрудником Института национальной культуры Кабардино-Балкарской АССР, участвуя в экспедициях по сбору и обработке фольклорных материалов. В своём творчестве он уделяет внимание истории и культуре кабардинцев, адыгейцев и черкесов. Работал литературным консультантом Кабардинского хора.
В 1930-х годах расширяется тематика творчества. В этот период поэт начинает писать в жанре сатиры, уделяет большое внимание коллективизации, международным политическим событиям.
Когда началась Великая Отечественная война, поэт написал стихи, в которых призвал сограждан к защите родине. Осенью 1941 года отправившийся на войну Шогенцуков попал в плен. Погиб в нацистском концлагере под Бобруйском.
Литературное наследие
Шогенцуков — поэт-новатор кабардинского стиха, основой которого стало новое стихосложение, созданное им в результате освоения народной поэзии и идейно-художественных традиций русской и советской классической литературы. Шогенцуков произвел коренные преобразования, переведя тонический стих в силлаботоническую систему, обогатившую его ритмическое и интонационное звучание. Отбирая и творчески развивая все ценное, образное в кабардинском языке, Шогенцуков существенно обогатил его, наметил пути дальнейшего развития и заложил прочные основы кабардинского литературного языка. Сохранив связь с устным народным творчеством и опираясь на опыт и традиции прошлого, он способствовал росту кабардинской национальной литературы. Для произведений Шогенцукова характерны эпический размах в сочетании с проникновенным лиризмом, красочность деталей, богатство ритмики, творческое использование лексических средств, правдивое воспроизведение действительности. Творчество Шогенцукова проникнуто пафосом любви к человеку-труженику. Созданные на основе глубокого знания истории своего народа, его произведения имеют большую художественную и идейную ценность. В своих ранних стихах, близких к народной поэтике, Шогенцуков не только широко использует лексику кабардинского языка, традиционные фразеологические сочетания, обороты, эпитеты и сравнения, но и создаёт авторские образы и афоризмы. [2]
Перевёл на кабардинский язык сочинения А. С. Пушкина, М. Ю. Лермонтова, Т. Г. Шевченко, М. Горького, К. Хетагурова. Произведения Шогенцукова переведены на многие языки народов бывшего СССР.
— ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэкIэ ягъуэта щIэныгъэр къэпщытэжын;
-я бзэм зегъэужьын.
Нэрылъагъу пособиехэр : ЩоджэнцIыкIу Алий и портретыр, тхылъхэм я выставкэ, плакатхэр.
Урокым и екIуэкIыкIэр.
I. Къызэзгъэпэщ дакъикъэ.
II. Урок блэкIам яджар къэпщытэжын.
1.Инд. опрос карточкэк1э гъэлэжьэн (нэрыбгитIым ЩоджэнцIыкIу Алий и биографиер ятхыж).
2. Фронтальнэ опрос .
-Сыт у/лэжь. фиIар?
-Хэт ЩоджэнцIыкIу Алий? Сыт а тхакIуэм хужыфIэфынур?
-( ЩоджэнцIыкIу Алий тхакIуэщ, усакIуэщ. Адыгэ литературэм зи ц1эр дыщэпск1э хэзытха усак1уэщ.)
— Сыт хуэдэ тхыгъэ хэр итхауэ фщ1эрэ фэ?
3.Егъэджак1уэм и псалъэхэр.
Пэжщ ЩоджэнцIыкIу Алий хэлъхьэныгъэшхуэ хуищ1ащ ди адыгэ литературэм зыригъэужьын папщ1эк1э. И тхыгъэхэм куэду феджэнущ ищхьэ классхэм.Абы и тхыгъэ налкъутхэр дунейм къызэрытехьэрэ зэманыф1 дэк1а щхьэк1э, я пщ1эр, я мыхьэнэр, лъэпкъ тхъылъеджэм хуи1э лъагъуныгъэр нэхъ лъагэ хъуа ф1эк1а, зык1и нэхъ къэлъэхъшакъым . Абыхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ адыгэ литературэр, абы и дэтхэнэ ехъул1эныгъэми на1уэу хыболъагъуэ, а усак1уэ псэемыблэжым и 1эрык1хэр, езы зэман дыдэр зыпэмылъэщыфар. Усак1уэм и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунущ зы адыгэ дунейм тетыху.
III.Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ.
Адрей урокым зи гугъ дымыщ1ыфауэ, нобэ зы хьэлэмэт вжес1энщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий 1936 гъэм ди лъахэм щы1ащ. Апщыгъуэм ар 1ущ1ащ ди тхак1уэ, усак1уэ гъуэзэджэ Уэхъутэ Абдулыхьи. Ди Хэкур ф1ыщэу зэрилъэгъуар къригъэлъагъуэу, Iэдииху чэщанэм и фэеплъу итхащ мы усэри фыкъеда1уэт.
1.Салам узохыжыр Инжыджым,
Л1эщ1ыгъэ усэхэр жызы1эм,
Ижь 1уэры1уэтахэр зезыхьэм.
2. А псы уэрышхуэр зи лъабжьэм,
Шыху лъагъуэм хуэдэу щолъагъуэ,
Гъэмахуэ дыгъэм пэлыду
Абджыфэм ещхьу къы1уедзэ.
3.Сэ а псы ябгэм и нэзу
Пшэр зи т1ысып1эм сытетщ.
Пшэ гуп хъар п1ащ1эхэр си щхьэгум
Къытелъ сф1эщ1ыжу гъунэгъущ.
IV. Темэщ1эм елэжьын.
Хэт дауэ къыгуры1уа мы псалъэхэр тхыгъэм фыщеджэм .
- Пут – 16 кг.
- Пщ1анэ — гъавэ къэк1агъэщ1э щхъуант1э
- Даущ ерухэр — губжь зыщ1эту 1эуэлъауэу ежэх псы
- Нэкъыф1эщ 1- нэм илъагъу псори
- Дестынэ — зы гектар
- Сарыкъ — хьэжы пы1э
- Ят1э щыкъыр — ят1э тыкъыр
- Къэлътмакъ зэпедзэк1 – къэп л1эужъыгъуэ, хъуржынит1 зэпыту
- Лэп1анк1э – шэмэдж зэрагъэжан
- Л1ыщ1э – бийм пщ1эк1э хуэлажьэ ц1ыху.
- Къулъшыкъу — пщэдджыжьым сыхьэтыр 9- хэм деж
- Дзэху удз – лъэдий захуэу дэжей удз.
V. Темэщ1эр гъэбыдэжын.
— Ат1э, псори феджауэ солъытэ, ауэ нэхъ къыхэгъэбелджылык1ауэ иныкъуэм загъэхьэзыращи девгъэдэ1ут. Иужьк1э мис мы упщ1э фхуэзгъэувхэм жэуап къефтыфын папщ1э.
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Федэ1уа иужьк1э хьэжым хар-кэ етын. Хьэсет хар-кэ етын.
2. Хьэмидрэ Хьэжымрэ я зэпсэлъэныгъэмэр инсценировать ящ1.
3. Еджак1уэхэм падзэ.
4. Мурат, Хьэсет Мусэ сымэ я зэпсэлъэныгъэр.
5. Пщы1эм хьэжыр къызэрытехьам щ1эдэ1ун.
4. Хьэжымрэ Хьэмидрэ я зэпсэлъэныгъэр инсц-ть щ1ын.
Упщ1э згъэувахэу щытахэм и жэуап ирегъэтыжын:
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Хьэжым хар-кэ ирегъэтын. Хьэсет хар-кэ ирегъэтын.
3.Псори хьэлэмэту къывгуры1уащ.
Ауэ сыхуейт къэвгъэлъэгъуэжыну тхак1уэм къигъэлъэгъуа худ.1эмалхэр?
— Сыт пейзажк1э зэджэр?
— Сыт олицетворенэк1э зэджэр?
— Сыт метафорэк1э зэджэр?
4. Оценкэ гъэувын.
Нэхъ уигу щ1ыхьа 1ыхьэм сурэт хуэщ1ын; тхыгъэм и щ1агъым щ1эт упщ1эхэм жэуап етын.
«Хьэжыгъэ пут закъуэ» ЩоджэнцӀыкӀу Алий Мы тхыгъэр ин дыдэу пхужыӀэнкъым, ауэ гурыщӀэу зыхигъащӀэм, гупсысэу уигу къигъэкӀыр куэдыщэ дыдэщ. Тхыгъэр зытепсэлъыхь зэманым лъандэрэ илъэсищэм щӀигъу дэкӀами, пщыхэмрэ пщылӀхэмрэ щымыӀэжми, тхыгъэм къыщыхъу Ӏуэхугъуэхэр ди нобэрей гъащӀэми щыхыболъагъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Тхыгъэр зытеухуар цӀыхум и гуауэм, и фэм дэкӀ бэлыхьым, ишэч хьэзабым, гущӀэгъуншэу, цӀыхугъэншэу зыр зым дызэрыхущытырщ. А псори тхакӀуэм ди нэгум къыщӀегъэувэр сабийм и гупсысэхэмкӀэ, и гурыгъу-гурыщӀэхэмкӀэ, и нэхэмкӀэ дырегъэплъ а къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм. Сабийм и гум мывэшхуэ хьэлъэу телъщ а хьэжыгъэ путым къахуихьа гуауэр, дунейм и дахагъэри къыфӀэмыӀэфӀыжу ещӀ. Хуэгъэвкъым а гузэвэгъуэр илъэсибгъу хъу сабийм и гум, и акъылым. Унагъуэр шхын щхьэ мылӀэн папщӀэ, Хьэмид и гъунэгъу Тембот хьэжыгъэ пут закъуэ щӀыхуэу, хуэлэжьэжыну къыриӀыхащ. Тембот хьэж щыӀащ, Тембот хьэжыкӀэ йоджэр, сарыкъыр щыгъщ, нэмэз щыгъэр ӀэщӀэлъщ. Ауэ сыт и пэрмэн теплъэкӀэ зыбгъэмуслъымэныныр, ауэ хьэл-щэнкӀэ, Ӏуэху щӀэнкӀэ умымуслъымэным, цӀыхухэм уазэрыхущытын хуейуэ диным фарз тщищӀ хьэлыфӀхэр пхэмылъмэ, Алыхьым хьэрэм ищӀа пагэныгъэр пхэлъмэ, динымкӀэ уи щхьэ Ӏуэхухэр дэбгъэкӀмэ!? Диным и дахагъэр, и къабзагъэр зэхащӀэфакъым апхуэдэ цӀыхухэм. ТхьэмыщкӀэхэщ дауи жыӀи. Иныкъуэ адыгэхэм я анэбзэм теухуауэ хуаӀэ бгъэдыхьэкӀэ, гупсысэкӀэ къуэнтӀа, зэблэша, мышухэри къыхощыр тхыгъэм. Адыгэ унэцӀэр, цӀэр зэрихьэу, теплъэкӀэ адыгэу, ауэ мыукӀытэу и лъэпкъым и псэр зыхэлъ бзэр Ӏумпэм ищӀу, «дызэрекэр урысыбзэс, ди бзэр сыту ссын…»,- жиӀэу. Ари мытхьэмыщкӀэу дауэ зэрыжыпӀэнур!? Тхыгъэм къыщыхъу псоми сытэпсэлъыхьынкъым. Феджэм фэ езым щыгъуазэ фыхъунщ Хьэсет цӀыкӀу и унагъуэм хьэжыгъэ пут закъуэм бэлыхьу къатрилъхьар. ЩоджэнцӀыкӀу Алий Ӏэзэу дегъэлъагъу цӀыху цӀыкӀум ди хьэл мыхъумыщӀэхэр, абы гуауэ къихьыр. Тхыгъэм дерс нэхъыщхьэу сэ къыхэсхар зыщ: » Адыгагъэм, муслъымэнагъэм дахэу утепсэлъыхькӀэ, фащэ дахэ зыщыптӀагъэкӀэ зэфӀэкӀкъым, ахэр уи хьэлыфӀхэмкӀэ, уи щэнымкӀэ, цӀыхухэм уцазэрыхущытымкӀэ, Ӏуэхум узэрыбгъэдыхьэмкӀэ къэбгъэлъагъуэн хуейщ, уи гъащӀэм къыхэщын хуейщ». Алыхьым апхуэдэхэм ящыщ дищӀ! Т. Тимур
Тимур Тимуров
Дарина Бифова
Помогите плиз мне нужно написать сочинение по каб лит на тему «Бзылъхугъэ шу щэху» до завтра помогите пожалуйста прям очень нужно😔
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
1. Къэрал псом е абы исхэм щыщ ц I ыху гуэрхэр зэуэну хуэмейуэ I эмалыншагъэк I э зауэм хэлъэфа щыхъу зэрыщы I эм щыгъэгъуазэн.
2. Зауэ зэманым ц I ыху гуэрхэр щ I эзэуэн хуейр къанэу, зыщ I эмызэупхъэм щхьэк I э зэуэну ехул I а щыхъум теухуауэ гуры I уэныгъэ ягъэгъуэтын.
3. Я бзэм зэрызиужьым хэгъэхъуэн.
Урокым къэгъэсэбэпыпхъэхэр:
Тхылъхэр,тхак I уэм и сурэт Щоджэнц I ык I у Алий ,презентацэ.
Урокым и ек I уэк I ык I эр.
I . Организационнэ дакъикъэ
II . Литературнэ дакъикъэ: Усэхэм гук I э къеджэн.
III . Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
1. Сыт унэ лэжьыгъэу ди I ар?
2. Упщ I эхэмк I э унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын:
1) Хъыбарым зи гугъу ищ I I уэхугъуэхэр къыщыхъуа зэманымрэ ахэр щек I уэк I а щ I ып I эмрэ къывгуры I уауэ п I эрэ?
2) Адыгэ лъэпкъым и хабзэ – нэмысыр, и ц I ыхугъэр, и I ущагъэр, и хьэл – щэныф I хэр ик I и къинэмыщ I I уэхугъуэхэри дауэ къыщыгъэлъэгъуа мы хъыбарым?
3) Адыгэхэм хьэщ I эм хуащ I пщ I эр, ц I ыхугъэ лъагэм, зэныбжьэгъуныгъэм, къуэшыгъэм хуа I э щытык I эр дауэ къыхэщрэ хъыбарым?
4) Лъэпкъ зэмыл I эужьыгъуэхэм яку дэлъыпхъэ зэныбжьэгъуныгъэр дауэ къыщыгъэлъэгъуа мы хъыбарым ик I и сыт хуэдэ I уэхугъуэхэм ягъэбелджылырэ ар?
5) Къэзэнокъуэ Жэбагъы и губзыгъэгъэр, и хьэл – щэн дахэхэр, и хабзэ – нэмысыр лъэпкъым къыдэгъуэгурык I уэ хьэл – щэн нэхъыф I хэм ящыщу зэрыщытым сыт хуэдэ I уэхугъуэхэр щыхьэт техъуэрэ?
6) Адыгэ джэгук I эхэм ящыщу сыт хуэдэхэр къыщыгъэлъэгъуа хъыбарым ик I и абыхэм сыт хуэдэ къалэн ягъэзащ I эрэ?
7) Сыт мы хъыбарыр зытеухуамрэ абы къи I уатэ гупсысэ нэхъыщхьэхэмрэ?

3. Упщ I эхэм жьэры I уатэу жэуап иратыху, адрейхэм жэуапыр тхылъым къыщагъуэт, къоджэж.
4. Хъыбарым зым адрей пищэурэ къоджэ.
5. Зым адрейм пищэурэ топсэлъыхьыж.
IV . Темэщ I эр джын
1. Щоджэнц I ык I у Алий и гъащ I эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуа I уэхугъуэ щхьэхуэхэм щыгъуазэ зыхуащ I ынущ.(презетацэ).
2. Еджак I уэхэр яджыну тхыгъэм ешэл I а хъун папщ I э, зыщыгъуэзапхъэхэм щагъэгъуэзэнущ еджак1уэхэмрэ егъэджак1уэмрэ псалъэмакъ здрагъэк1уэк1к1эрэ
Зауэхэр ц I ыхухэм яку къихъуэ нэхъ I ей дыдэхэм ящыщщ Зауэхэм псоми зэрызэщхь I уэхугъуэу яхэлъщ, абыхэм гуащ I эрыпсэу ц I ыхубэр гугъуехьым, тхьэмыщк I агъэм, мыгъуагъэм зэрыхадзэр. Ауэ а ц I ыхубэм я I уэхур дэтхэнэ зауэми щызэхуэдэкъым. Псалъэм папщ I э, зы къэрал гуэр адрейм теуащ. Зытеуам и ц I ыхубэр теуам и дзэм пэщ I оувэ, гугъуехь ешэч, куэд яук I , ныкъуэдыкъуи I эджэ мэхъу. Ауэ мыбы щыгъуэ псори гуры I уэгъуэщ. Зытеуахэр къатеуам пэщ I эмыувэу зрагъэубыдмэ, я хэкури езы ц I ыхухэри къатеуам и тепщэгъуэм щ I эхуэнурэ щхьэхуимыт хъунущ. Апхуэдэу мыхъун щхьэк I э I эм и гъунэщ жыхуа I эм хуэдэу, бийм пэщ I оувэ.
Къатеуам тек I уэмэ, къызытеуам я хэкури я щхьэхуитыныгъэри яхъумэж. А тек I уэныгъэр къыщахьым, ныкъуэдыкъуэ хэхъухьахэм хъумауэ къызэтена я хэкур къыдо I эпыкъу. Хэк I уэдахэм я фэеплъыр хэкум егъэлъап I э, къащ I эна я I ыхьлыхэм я хуитыныгъэр къахуонэ, ахэр хэкум егъэпажэ. Апхуэдэ щытык I эхэр зыбгъэдэлъыр зы зэуэк I э л I эужьыгъуэщ: мыбы щыгъуэ гуащ I эрыпсэу ц I ыхубэм я хэкур, я хуитыныгъэр, я I ыхьлыхэр, я щ I ыхьыр яхъумэжын щхьэк I э, зэуэн хуей хъууэ аращ.
Мы текстым псалъэ мытынш дыдэхэу куэд хэт пэтми, абыхэм щхьэк I э текст псом зэрыщыту къик I ыр еджак I уэхэм къагурымы I эу къэнэнукъым. Ауэ къыщеджэм деж, псалъэ гупыр зыры I ыгъыу хуэзэрэ зэпэщхьэхуэурэ къеджэмэ, е псалъэухам и мыхьэнэр занщ I эу къамыпхъуэтэфмэ, текстым зыхэщ I эгъуэу къеджэ хъунукъым, ауэ щыхъук I э, абы къик I ри зэрызыхащ I апхъэм хуэдизк I э еджак I уэхэм зыхащ I энукъым. Абы нэмыщ I ауэ, мы тхыгъэм езым къи I уатэр дызэрыт зэманым ди къэралым щы I э гъащ I эм пэжыжьэ I уэщи, еджак I уэхэм псынщ I эу къапхъуэтэнум щыщкъым. А псори I уэхум къыхэплъытэмэ, япэ къеджэгъуэм езы егъэджак I уэр къахуеджэныр нэхъыф I у арщ. Зэману ихьынури нэхъ мащ I эщ, апхуэдэу ящ I мэ.
3. б) Ет I уанэу къыщеджэм деж, еджак I ухэр къеджэну йозэгъ, къытеувы I эурэ мы къэк I уэну псалъэхэм елэжьу (ахэр къазэрыгуры I уэмк I э егъэджак I уэр еупщ I у, жэуапхэр игъэтэмэму ):
Уэсыжь укхъуэр жьы зы I этыр – уэсыжь укхъуэр зы I эт жьыр.
Щ I энэк I алъэу зубыдыф – зыубыду щ I энэк I эж.
Жэнэт псынэщ – псыхуэл I эр ф I ыуэ изыгъэк I , гумм жьы дезыгъэху псыщ жи I эу ещ I эф.
Ц I ыхухэм хуэдэу е къахьыф – I ей зыщ I э ц I ыхухэм хуэдэу абыи I ей ещ I эф.
Щхьэхуэф I зауэр – тепщэхэм езыхэм я щхьэ хуэф I ын къыхахын папщ I э, къагъэхъея зауэр.
I эшэу, лъашэу, миллионхэр бейхэм узыхь щащ I ыгъам – бейхэм къахуэзэ узыр – хьэлъэр, мыгъуагъэр – ц I ыхубэм щрагъэхьам.
Зыпегъаплъэ гугъэ гуэрым – зыгуэрым щогугъ.
Махуэл дэк I мэ – п I алъэ дэк I мэ.
Сэлэт хъыжьэм – сэлэт хахуэ дыдэм.
Пщ I ыхьу – пщ I ыхьэп I эу.
Пшэрыхь щ I ык I эу – псэущхьэ и нэмыс хуимыщ I у.
Фызабэр – л I ы зимы I эж фызыр.
Куэбжэм хьэлъкъыр ф I адзэжащ – ягъэбыдэжащ, зэхэзек I уэ щы I эжкъым.
Унэ пхашэм – тхьэмыщк I э унэм.
Я джэгуэну – ириджэгуу.
Жыхафэм – унэ лъэгум бжэм и гъунэгъуу.
I эщ I – I эджафэщ – зыри и I экъым, зыри I эщ I элъкъым.
Хунэмысхэм – хуэмыщ I ахэм, тхьэмыщк I эхэм.
Йопщэф I эк I – йол I ал I э, йоубзэ, зыхуей хуащ I э.
Блэгум щ I элъу – блэгущ I эм щ I элъу.
Хьэлу I ыхьэ зыкъуэмылъым – шхын, ерыскъы зимы I эм.
И жыхафэр зэзыпэсыр – и унэм къыщ I ыхьэну зыдэр.
Анэ нэщ I ым – анэ мышхам, зышхын зимы I э анэм.
Щыхьэр – къалэ, къалэ нэхъыщхьэ.
Даущыншэт – I эуэлъауэншэт .
Уэсым псори исеят – псоми уэс телът.
Уэнжакъыншэу и уэздыгъэр – фэтыджэн уэздыгъэм уэнжакъ ф I эмылъу.
Ещхьэпэплъу – и нэр теуназэу къытримыгъэк I ыу еплъу.
Абджыпс унэм и пшыналъэр – абджыпс унэм къыщ I э I ук I пшынауэ, джэгу макъыр.
Жьгъыру – уэзджынэ ц I ык I у.
Жэрдэм закъуи хуимыщ I ауэ – зыри хузэф I эмык I ауэ.
Нэ щахэр – нэ нэщхъейхэр, нэжэгужагъ зыщ I эмыт нэхэр.
I э хулахэр – уп I ышк I уа хъуа I э лалэхэр.
V . Темэщ I эр егъэбыдыл I эн.
1. а) Тхыгъэм къигъэлъагъуэ зэманым тхьэмыщк I агъэ зытелъыр мы зытепсэлъыхь фызабэ закъуэр ару зэрыщымытыр къагъэлъэгъуэнущ, абы щыхьэт техъуэу текстым хэт щ I ып I эхэр щапхъэу къытрахьэу.
Фызабэр зыщыпсэу къуажэ къудейр къапщтэми усак I уэм абы щхьэк I э же I э мыпхуэдэ псалъэхэр:
«Куэбжэм хьэлъкъыр ф I адзэжащ,
Нэпс щ I агъэжу анэ гъурхэр
б) Еджак I уэхэр к I эщ I дыдэу тегъэпсэлъыхьын унафэщ I хэмрэ ахэр зи тепщэ ц I ыхубэмрэ яку илъ зэхущытык I эм.
2. Тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа тхьэмыщк I агъэр къызыхэк I щхьэусыгъуэр къахутэнущ, мы къэк I уэнухэм хуэдэу упщ I эхэм жэуап иратурэ.
а) Сыт фызыр тхьэмыщк I э егъэлеяуэ псэуныр къызыхэк I ар?
б) Ар нэхъыф I у псэуным теухуа къэрал унафэ гуэр щы I эу къигъэлъагъуэрэ тхыгъэм? Хузэф I эк I игъэзащ I эу зыщ I ып I э щагъэлэжьэну, и сабийр ип I ынымк I э щ I эгъэкъуэн къыхуэхъуну I уэху щ I ап I э гуэр щы I эу къыжи I эрэ текстым?
в) И л I ыр зауэм зэрыхэк I уэдам щхьэк I э, къэралыр къыдэ I эпыкъурэ?
г) Тхыгъэр зытеухуа I уэхур къыщыхъуа къэралым и унафэр зи I эмыщ I э илъыр хэт, ар сытк I э къатщ I эрэ?
д) Сыт хуэдэ псалъэ хэт текстым ар къыдигъащ I эу?
е) Тхыгъэм и 57 сатырым деж жи I эм сытк I э фыкъигъэгъуазэрэ?
ж) Фызабэм и л I ыр зауэм к I уэн хуей зэрыхъур дауэ, сыт хуэдэ псалъэ хэт тхыгъэм абы теухуауэ?
з)Л I ыр зыхуэзар хэт, зыщ I эзэуар, зытек I уэдар сыт?
3. 1) Текстым къыхаубыдык I ауэ зыхэщ I эгъуэу къеджэнухэщ фызабэм и сабийр къызэтыригъэнэн щхьэк I э, зэрихьэ I уэхугъэхэмрэ абы телъ гугъуехьхэмрэ къэзы I уатэ щ I ып I эхэм. А къызэджэ псалъэхэр тэмэму къыхэхарэ мытэмэмрэ къагъэнэхунущ, щхьэусыгъэхэр къыжа I эу.
Тепсэлъыхьыныр зэф I эк I а нэужь, абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр к I эщ I у къыжа I эжын хуейщ:
Пащтыхь къэрал зауэм щрихъэк I уэк I ым деж, тепщэхэм ц I ыхубэр залымыгъэк I э ягъэзауэ, а ц I ыхубэм я сэбэпынагъ зыхэлъ зыгуэрым щ I эмызэуми, абы щхьэк I и къэмынэу.
3) Бейхэмрэ тхьэмыщк I эхэмрэ зауэм зэрехъул I эр зэралъытынущ.
Мы къалэнхэр ягъэзэщ I энущ.
а) Дунейм и къэхъукъащ I э шынагъуэхэр (уае, борэн, н.) ф I ымы I уэхуу, сыт хуэдэ зэманми дежи зи псэук I эр тыншу, нэгузыужьу псэухэм ятеухуауэ поэмэм хэт псалъэхэр къэвгъуэт. Хэт а псалъэхэмк I э усак I уэм зи гугъу ищ I ыр?
Бейхэм я I уэхур зауэм зэрехъул I эр к I эщ I у къэ I уэтэн хуейщ. Мис а къэ I уэтэныгъэр зыхуэк I уэн хуейм и щапхъэ:
Дунейм и къэхъукъащ I эхэр зэран къызэрыхуэмыхъум хуэдэу, бейхэм зауэри зэран къахуэхъуркъым. Езыхэр зэрыхуейм хуэдэу я нэгу зрагъэужьу зауэ зэманри ирахьэк I . Тхьэмыщк I эхэм бэлыхьрэ гузэвэгъуэу ятелъыр абыхэм зык I и зыхащ I эркъым, гущ I эгъу гуэри я I э хъуркъым. Аращ абыхэм фызабэ тхьэмыщк I эм зы мащ I эк I э нэхъ мыхъуми дэ I эпыкъун къащ I ыхэмык I ри.
в) Усак I уэр зыщыщымрэ зи телъхьэмрэ къагъэнэхуэнущ.
Усак I уэ зи телъхьэр къыуегъащ I э тхыгъэ псом зэрыщытуи, абы и I ыхьэ щхьэхуэхэм хэплъэныгъэмми. Ар еджак I уэхэм къыжа I эфынымк I э сэбэп хъунущ еджак I уэхэм я зыхуэгъэзэныр.
5. Фыхуэмыарэзыуэ, фигу зыхуэплъу хэтхэр дэтхэнэра? (Тхьэмыщк I агъэм зэрыхэтым щхьэк I э къэмынэу ефэ – ешхэм хэту езыхьэк I бейхэр.)
6. Егъэджак I уэм и къызэщ I эзубыдэ псалъэ:
Егъэджак I уэм яжри I э хъунущ мыпхуэдэу.
Аращи, мы тхыгъэм укъыщеджэк I э, ц I ыхубэм къалъыс лейм узэгуегъэп, тхьэмыщк I эхэм уигу ящ I огъу. Ахэращ ар апхуэдэ зыхэщ I э къишэу зытха усак I уэр зи телъхьэри, Щоджэнц I ык I у Алий ц I ыхубэм я телъхьэ, абы зи тхыгъэмк I э къащхьэщыж усак I уэщ.
VI . Унэ лэжьыгъэ:
б) Упщ I эхэм жэуап етын
VII . Урокым къыщащ I ар къызэщ1эк1уэжын.
Урокым къыщащ I ам къытеувы I эжын.Таблицэм урокым и 1ыхьэхэм зэрыхэлэжьыхьахэмк1э оценкэ зыхуагъэувыж
Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.
Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.
Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.
Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.
Сочинение Темирова Темирлана,
Пшеунова Т. А
Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.
Основные способы перевода пожертвований в Русфонд
1.Через банк
2. Через терминал QIWI (КИВИ)
3. Через банковскую карту
4. Другие способы
17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.
12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.
Читайте также:
- Почему люди становятся отшельниками сочинение
- Сочинение мое отношение к английскому языку
- Сочинение по картине поленова первый снег 4 класс
- Встреча с ветераном сочинение
- Сочинение про любимого героя 5 класс по английскому
«Хьэжыгъэ пут закъуэ» ЩоджэнцӀыкӀу Алий
Мы тхыгъэр ин дыдэу пхужыӀэнкъым, ауэ гурыщӀэу зыхигъащӀэм, гупсысэу уигу къигъэкӀыр куэдыщэ дыдэщ. Тхыгъэр зытепсэлъыхь зэманым лъандэрэ илъэсищэм щӀигъу дэкӀами, пщыхэмрэ пщылӀхэмрэ щымыӀэжми, тхыгъэм къыщыхъу Ӏуэхугъуэхэр ди нобэрей гъащӀэми щыхыболъагъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
Тхыгъэр зытеухуар цӀыхум и гуауэм, и фэм дэкӀ бэлыхьым, ишэч хьэзабым, гущӀэгъуншэу, цӀыхугъэншэу зыр зым дызэрыхущытырщ. А псори тхакӀуэм ди нэгум къыщӀегъэувэр сабийм и гупсысэхэмкӀэ, и гурыгъу-гурыщӀэхэмкӀэ, и нэхэмкӀэ дырегъэплъ а къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм.
Сабийм и гум мывэшхуэ хьэлъэу телъщ а хьэжыгъэ путым къахуихьа гуауэр, дунейм и дахагъэри къыфӀэмыӀэфӀыжу ещӀ. Хуэгъэвкъым а гузэвэгъуэр илъэсибгъу хъу сабийм и гум, и акъылым.
Унагъуэр шхын щхьэ мылӀэн папщӀэ, Хьэмид и гъунэгъу Тембот хьэжыгъэ пут закъуэ щӀыхуэу, хуэлэжьэжыну къыриӀыхащ. Тембот хьэж щыӀащ, Тембот хьэжыкӀэ йоджэр, сарыкъыр щыгъщ, нэмэз щыгъэр ӀэщӀэлъщ. Ауэ сыт и пэрмэн теплъэкӀэ зыбгъэмуслъымэныныр, ауэ хьэл-щэнкӀэ, Ӏуэху щӀэнкӀэ умымуслъымэным, цӀыхухэм уазэрыхущытын хуейуэ диным фарз тщищӀ хьэлыфӀхэр пхэмылъмэ, Алыхьым хьэрэм ищӀа пагэныгъэр пхэлъмэ, динымкӀэ уи щхьэ Ӏуэхухэр дэбгъэкӀмэ!? Диным и дахагъэр, и къабзагъэр зэхащӀэфакъым апхуэдэ цӀыхухэм. ТхьэмыщкӀэхэщ дауи жыӀи.
Иныкъуэ адыгэхэм я анэбзэм теухуауэ хуаӀэ бгъэдыхьэкӀэ, гупсысэкӀэ къуэнтӀа, зэблэша, мышухэри къыхощыр тхыгъэм. Адыгэ унэцӀэр, цӀэр зэрихьэу, теплъэкӀэ адыгэу, ауэ мыукӀытэу и лъэпкъым и псэр зыхэлъ бзэр Ӏумпэм ищӀу, «дызэрекэр урысыбзэс, ди бзэр сыту ссын…»,- жиӀэу. Ари мытхьэмыщкӀэу дауэ зэрыжыпӀэнур!?
Тхыгъэм къыщыхъу псоми сытэпсэлъыхьынкъым. Феджэм фэ езым щыгъуазэ фыхъунщ Хьэсет цӀыкӀу и унагъуэм хьэжыгъэ пут закъуэм бэлыхьу къатрилъхьар.
ЩоджэнцӀыкӀу Алий Ӏэзэу дегъэлъагъу цӀыху цӀыкӀум ди хьэл мыхъумыщӀэхэр, абы гуауэ къихьыр. Тхыгъэм дерс нэхъыщхьэу сэ къыхэсхар зыщ: » Адыгагъэм, муслъымэнагъэм дахэу утепсэлъыхькӀэ, фащэ дахэ зыщыптӀагъэкӀэ зэфӀэкӀкъым, ахэр уи хьэлыфӀхэмкӀэ, уи щэнымкӀэ, цӀыхухэм уцазэрыхущытымкӀэ, Ӏуэхум узэрыбгъэдыхьэмкӀэ къэбгъэлъагъуэн хуейщ, уи гъащӀэм къыхэщын хуейщ». Алыхьым апхуэдэхэм ящыщ дищӀ!
Т. Тимур
Урокыр: Адыгэ
литературэ
Темэр: ЩоджэнцIыкIу А.
«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр.
Мурадыр :
— ЩоджэнцIыкIу Алий и
гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэкIэ ягъуэта
щIэныгъэр къэпщытэжын;
— абы и тхыгъэ «Хьэжыгъэ пут закъуэм» къиIуатэ
зэманым цIыхухэм я псэукIам, яку
дэлъа зэхуэмыдэныгъэхэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэм нэIуасэ хуэщIын;
-я бзэм зегъэужьын.
Нэрылъагъу пособиехэр: ЩоджэнцIыкIу Алий и
портретыр, тхылъхэм я выставкэ, плакатхэр.
Урокым и
екIуэкIыкIэр.
I.
Къызэзгъэпэщ дакъикъэ.
II. Урок
блэкIам яджар къэпщытэжын.
1.Инд.
опрос карточкэк1э гъэлэжьэн (нэрыбгитIым
ЩоджэнцIыкIу Алий и
биографиер ятхыж).
2. Фронтальнэ
опрос.
-Сыт у/лэжь. фиIар?
-Хэт ЩоджэнцIыкIу Алий?
Сыт а тхакIуэм хужыфIэфынур?
-( ЩоджэнцIыкIу Алий
тхакIуэщ, усакIуэщ.
Адыгэ литературэм зи ц1эр дыщэпск1э хэзытха усак1уэщ.)
— Сыт хуэдэ тхыгъэ хэр итхауэ фщ1эрэ фэ?
— (ЩоджэнцIыкIу Алий
итхащ тхыгъэ зыбжанэ. П. папщ1э «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ»,
«Щ1ымахуэ жэщ», «Хьэжыгъэ пут закъуэ» зыфищахэр,
«Нанэ» усэр нэгъуэщ1хэри.)
3.Егъэджак1уэм
и псалъэхэр.
Пэжщ ЩоджэнцIыкIу Алий
хэлъхьэныгъэшхуэ хуищ1ащ ди адыгэ литературэм зыригъэужьын папщ1эк1э. И
тхыгъэхэм куэду феджэнущ ищхьэ классхэм.Абы и тхыгъэ налкъутхэр дунейм
къызэрытехьэрэ зэманыф1 дэк1а щхьэк1э, я пщ1эр, я мыхьэнэр, лъэпкъ тхъылъеджэм
хуи1э лъагъуныгъэр нэхъ лъагэ хъуа ф1эк1а, зык1и нэхъ къэлъэхъшакъым . Абыхэм
я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ адыгэ литературэр, абы и
дэтхэнэ ехъул1эныгъэми на1уэу хыболъагъуэ, а усак1уэ псэемыблэжым и 1эрык1хэр,
езы зэман дыдэр зыпэмылъэщыфар. Усак1уэм и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунущ зы адыгэ
дунейм тетыху.
III.Бзэм
зезыгъэужь лэжьыгъэ.
Адрей урокым зи гугъ дымыщ1ыфауэ, нобэ зы хьэлэмэт вжес1энщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий
1936 гъэм ди лъахэм щы1ащ. Апщыгъуэм ар 1ущ1ащ ди тхак1уэ, усак1уэ гъуэзэджэ
Уэхъутэ Абдулыхьи. Ди Хэкур ф1ыщэу зэрилъэгъуар къригъэлъагъуэу, Iэдииху
чэщанэм и фэеплъу итхащ мы усэри фыкъеда1уэт.
Iэдииху.
1.Салам узохыжыр Инжыджым,
Л1эщ1ыгъэ усэхэр жызы1эм,
Ижь 1уэры1уэтахэр зезыхьэм.
2. А псы уэрышхуэр зи лъабжьэм,
Шыху лъагъуэм хуэдэу щолъагъуэ,
Гъэмахуэ дыгъэм пэлыду
Абджыфэм ещхьу къы1уедзэ.
3.Сэ а псы ябгэм и нэзу
Пшэр зи т1ысып1эм сытетщ.
Пшэ гуп хъар п1ащ1эхэр си щхьэгум
Къытелъ сф1эщ1ыжу гъунэгъущ.
IV.
Темэщ1эм елэжьын.
1. Хэзышэ
псалъэ.
Нобэ дэ
дгъэбыдэжынущ ЩоджэнцIыкIу Алий и
рассказ «Хьэжыгъэ пут закъуэр» зытеухуар езы сабийхэм ди пащхьэ
къралъхьэк1эрэ.Фи деж феджауэ фыкъак1уэу нобэ щызэпкърытхыну ди къалэнщ урокым
и деж.
«Хьэжыгъэ
пут закъуэ» рассказыр нэхъыф1 дыдэхэм ящыщ зыщ. Мыбы къыщыгъэлъэгъуэщ
мэкъумэщыщ1эхэм мы ди л1эщ1ыгъуэм ипэ къихуэ илъэсхэм тхьэмыщк1эным зи псэр
ф1эмы1эф1ыж зыщ1а Хьэмид и бынунагъуэм, Хьэсет ц1ык1у и сабиигъуэ хьэлъэм,
ц1ыхум и фэр изых Хьэжы – ефэндым, мылъкум дихьэхыу ц1ыхугъэр зэрыф1эк1уэдам.
Ауэ а псоми къывгуры1уэу фыщ1эдэ1ун папщ1э словарнэ лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ын
хуейщ.
2. Словарнэ
лэжьыгъэ.
Хэт дауэ къыгуры1уа мы псалъэхэр
тхыгъэм фыщеджэм .
·
Пут – 16 кг.
·
Пщ1анэ— гъавэ къэк1агъэщ1э щхъуант1э
·
Даущ ерухэр— губжь зыщ1эту 1эуэлъауэу ежэх
псы
·
Нэкъыф1эщ1- нэм илъагъу псори
·
Дестынэ— зы гектар
·
Сарыкъ— хьэжы пы1э
·
Ят1э щыкъыр— ят1э тыкъыр
·
Къэлътмакъ зэпедзэк1 – къэп л1эужъыгъуэ, хъуржынит1
зэпыту
·
Лэп1анк1э – шэмэдж зэрагъэжан
·
Л1ыщ1э – бийм пщ1эк1э хуэлажьэ ц1ыху.
·
Къулъшыкъу — пщэдджыжьым сыхьэтыр 9- хэм деж
·
Дзэху удз – лъэдий захуэу дэжей удз.
V.
Темэщ1эр гъэбыдэжын.
— Ат1э, псори феджауэ солъытэ, ауэ нэхъ
къыхэгъэбелджылык1ауэ иныкъуэм загъэхьэзыращи девгъэдэ1ут. Иужьк1э мис мы
упщ1э фхуэзгъэувхэм жэуап къефтыфын папщ1э.
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм
имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Федэ1уа иужьк1э хьэжым хар-кэ етын. Хьэсет
хар-кэ етын.
Аращи феда1уэ.
1.Егъэджак1уэм къыщ1едзэ.
2. Хьэмидрэ Хьэжымрэ я
зэпсэлъэныгъэмэр инсценировать ящ1.
3. Еджак1уэхэм падзэ.
4. Мурат, Хьэсет Мусэ сымэ я
зэпсэлъэныгъэр.
5. Пщы1эм хьэжыр къызэрытехьам
щ1эдэ1ун.
4. Хьэжымрэ Хьэмидрэ я
зэпсэлъэныгъэр инсц-ть щ1ын.
VI.Урокыр гъэбыдэжын.
Упщ1э згъэувахэу щытахэм и жэуап ирегъэтыжын:
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм
имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Хьэжым хар-кэ ирегъэтын. Хьэсет хар-кэ
ирегъэтын.
3.Псори хьэлэмэту къывгуры1уащ.
Ауэ сыхуейт къэвгъэлъэгъуэжыну
тхак1уэм къигъэлъэгъуа худ.1эмалхэр?
— Сыт пейзажк1э зэджэр?
— Сыт олицетворенэк1э зэджэр?
— Сыт метафорэк1э зэджэр?
4. Оценкэ гъэувын.
VII. Ул ятын.
Нэхъ уигу щ1ыхьа 1ыхьэм сурэт хуэщ1ын; тхыгъэм и щ1агъым щ1эт
упщ1эхэм жэуап етын.
Вывод: Нобэрей
урокыр ик1эм нэсами, дэрк1э Алий л1акъым, Алий псэущ, ар сыт щыгъуи ди гъусэщ.
И тхыгъэхэм доджэ, ди усэхэр тыдоухуэ. Мис мы усэри ахэм ящыщ зыщи, феда1уэ. Ар
ди лъэпкъэгъу усак1уэ гъуэзэджэ Бемырзэ М. итхащ.
-« Алий» усэм къегъэджэн.
ЩоджэнцIыкIу Алий
«Хьэжыгъэ пут закъуэ»
Езыгъэк1уэк1ар:
адыгэбзэмк1э егъэджак1уэ
К1эдэк1уей Ларисэщ
Урокыр: Адыгэ литературэ
Темэр: ЩоджэнцIыкIу А. «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр.
Мурадыр :
— ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэкIэ ягъуэта щIэныгъэр къэпщытэжын;
— абы и тхыгъэ «Хьэжыгъэ пут закъуэм» къиIуатэ зэманым цIыхухэм я псэукIам, яку дэлъа зэхуэмыдэныгъэхэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэм нэIуасэ хуэщIын;
-я бзэм зегъэужьын.
Нэрылъагъу пособиехэр: ЩоджэнцIыкIу Алий и портретыр, тхылъхэм я выставкэ, плакатхэр.
Урокым и екIуэкIыкIэр.
I. Къызэзгъэпэщ дакъикъэ.
II. Урок блэкIам яджар къэпщытэжын.
1.Инд. опрос карточкэк1э гъэлэжьэн (нэрыбгитIым ЩоджэнцIыкIу Алий и биографиер ятхыж).
2. Фронтальнэ опрос.
-Сыт у/лэжь. фиIар?
-Хэт ЩоджэнцIыкIу Алий? Сыт а тхакIуэм хужыфIэфынур?
-( ЩоджэнцIыкIу Алий тхакIуэщ, усакIуэщ. Адыгэ литературэм зи ц1эр дыщэпск1э хэзытха усак1уэщ.)
— Сыт хуэдэ тхыгъэ хэр итхауэ фщ1эрэ фэ?
— (ЩоджэнцIыкIу Алий итхащ тхыгъэ зыбжанэ. П. папщ1э «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ»,
«Щ1ымахуэ жэщ», «Хьэжыгъэ пут закъуэ» зыфищахэр, «Нанэ» усэр нэгъуэщ1хэри.)
3.Егъэджак1уэм и псалъэхэр.
Пэжщ ЩоджэнцIыкIу Алий хэлъхьэныгъэшхуэ хуищ1ащ ди адыгэ литературэм зыригъэужьын папщ1эк1э. И тхыгъэхэм куэду феджэнущ ищхьэ классхэм.Абы и тхыгъэ налкъутхэр дунейм къызэрытехьэрэ зэманыф1 дэк1а щхьэк1э, я пщ1эр, я мыхьэнэр, лъэпкъ тхъылъеджэм хуи1э лъагъуныгъэр нэхъ лъагэ хъуа ф1эк1а, зык1и нэхъ къэлъэхъшакъым . Абыхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ адыгэ литературэр, абы и дэтхэнэ ехъул1эныгъэми на1уэу хыболъагъуэ, а усак1уэ псэемыблэжым и 1эрык1хэр, езы зэман дыдэр зыпэмылъэщыфар. Усак1уэм и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунущ зы адыгэ дунейм тетыху.
III.Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ.
Адрей урокым зи гугъ дымыщ1ыфауэ, нобэ зы хьэлэмэт вжес1энщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий 1936 гъэм ди лъахэм щы1ащ. Апщыгъуэм ар 1ущ1ащ ди тхак1уэ, усак1уэ гъуэзэджэ Уэхъутэ Абдулыхьи. Ди Хэкур ф1ыщэу зэрилъэгъуар къригъэлъагъуэу, Iэдииху чэщанэм и фэеплъу итхащ мы усэри фыкъеда1уэт.
Iэдииху.
1.Салам узохыжыр Инжыджым,
Л1эщ1ыгъэ усэхэр жызы1эм,
Ижь 1уэры1уэтахэр зезыхьэм.
2. А псы уэрышхуэр зи лъабжьэм,
Шыху лъагъуэм хуэдэу щолъагъуэ,
Гъэмахуэ дыгъэм пэлыду
Абджыфэм ещхьу къы1уедзэ.
3.Сэ а псы ябгэм и нэзу
Пшэр зи т1ысып1эм сытетщ.
Пшэ гуп хъар п1ащ1эхэр си щхьэгум
Къытелъ сф1эщ1ыжу гъунэгъущ.
IV. Темэщ1эм елэжьын.
- Хэзышэ псалъэ.
Нобэ дэ дгъэбыдэжынущ ЩоджэнцIыкIу Алий и рассказ «Хьэжыгъэ пут закъуэр» зытеухуар езы сабийхэм ди пащхьэ къралъхьэк1эрэ.Фи деж феджауэ фыкъак1уэу нобэ щызэпкърытхыну ди къалэнщ урокым и деж.
«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр нэхъыф1 дыдэхэм ящыщ зыщ. Мыбы къыщыгъэлъэгъуэщ мэкъумэщыщ1эхэм мы ди л1эщ1ыгъуэм ипэ къихуэ илъэсхэм тхьэмыщк1эным зи псэр ф1эмы1эф1ыж зыщ1а Хьэмид и бынунагъуэм, Хьэсет ц1ык1у и сабиигъуэ хьэлъэм, ц1ыхум и фэр изых Хьэжы – ефэндым, мылъкум дихьэхыу ц1ыхугъэр зэрыф1эк1уэдам. Ауэ а псоми къывгуры1уэу фыщ1эдэ1ун папщ1э словарнэ лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ын хуейщ.
- Словарнэ лэжьыгъэ.
Хэт дауэ къыгуры1уа мы псалъэхэр тхыгъэм фыщеджэм .
- Пут – 16 кг.
- Пщ1анэ— гъавэ къэк1агъэщ1э щхъуант1э
- Даущ ерухэр— губжь зыщ1эту 1эуэлъауэу ежэх псы
- Нэкъыф1эщ1- нэм илъагъу псори
- Дестынэ— зы гектар
- Сарыкъ— хьэжы пы1э
- Ят1э щыкъыр— ят1э тыкъыр
- Къэлътмакъ зэпедзэк1 – къэп л1эужъыгъуэ, хъуржынит1 зэпыту
- Лэп1анк1э – шэмэдж зэрагъэжан
- Л1ыщ1э – бийм пщ1эк1э хуэлажьэ ц1ыху.
- Къулъшыкъу — пщэдджыжьым сыхьэтыр 9- хэм деж
- Дзэху удз – лъэдий захуэу дэжей удз.
V. Темэщ1эр гъэбыдэжын.
— Ат1э, псори феджауэ солъытэ, ауэ нэхъ къыхэгъэбелджылык1ауэ иныкъуэм загъэхьэзыращи девгъэдэ1ут. Иужьк1э мис мы упщ1э фхуэзгъэувхэм жэуап къефтыфын папщ1э.
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Федэ1уа иужьк1э хьэжым хар-кэ етын. Хьэсет хар-кэ етын.
Аращи феда1уэ.
1.Егъэджак1уэм къыщ1едзэ.
2. Хьэмидрэ Хьэжымрэ я зэпсэлъэныгъэмэр инсценировать ящ1.
3. Еджак1уэхэм падзэ.
4. Мурат, Хьэсет Мусэ сымэ я зэпсэлъэныгъэр.
5. Пщы1эм хьэжыр къызэрытехьам щ1эдэ1ун.
4. Хьэжымрэ Хьэмидрэ я зэпсэлъэныгъэр инсц-ть щ1ын.
VI.Урокыр гъэбыдэжын.
Упщ1э згъэувахэу щытахэм и жэуап ирегъэтыжын:
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Хьэжым хар-кэ ирегъэтын. Хьэсет хар-кэ ирегъэтын.
3.Псори хьэлэмэту къывгуры1уащ.
Ауэ сыхуейт къэвгъэлъэгъуэжыну тхак1уэм къигъэлъэгъуа худ.1эмалхэр?
— Сыт пейзажк1э зэджэр?
— Сыт олицетворенэк1э зэджэр?
— Сыт метафорэк1э зэджэр?
4. Оценкэ гъэувын.
VII. Ул ятын.
Нэхъ уигу щ1ыхьа 1ыхьэм сурэт хуэщ1ын; тхыгъэм и щ1агъым щ1эт упщ1эхэм жэуап етын.
Вывод: Нобэрей урокыр ик1эм нэсами, дэрк1э Алий л1акъым, Алий псэущ, ар сыт щыгъуи ди гъусэщ. И тхыгъэхэм доджэ, ди усэхэр тыдоухуэ. Мис мы усэри ахэм ящыщ зыщи, феда1уэ. Ар ди лъэпкъэгъу усак1уэ гъуэзэджэ Бемырзэ М. итхащ. -« Алий» усэм къегъэджэн.
ЩоджэнцIыкIу А. «Хьэжыгъэ пут закъуэ».
Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-
ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ
дызытетыр.

Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
Налшык къалэ
31 – нэ курыт еджап1эм
адыгэбзэмрэ литературэмк1э
и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.
Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,
Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,
Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,
Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.
Щ. С.
Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.
Алий и тхыгъэхэмк1э къэбэрдей литературэр гъуэгушхуэ, гъуэгу тэмэм тригъэуващ. Щоджэнц1ык1ум и 1эдакъэщ1эк1хэр тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуныр къэзышар усак1уэм и талантырщ, къи1эта 1уэхугъуэхэм я инагъымрэ ахэр тэмэму зэрызэпкърихамрэщ, зыхэпсэухьа гъащ1эм зэрыдэушарщ, и тхыгъэ гъуэзэджэхэр зэрыкупщ1аф1эрщ. Щоджэнц1ык1ум и гупсысэмрэ и къалэнымрэ куэдым нэсащ. Алий ф1ыгъуэу илэжьахэм ящыщ зыщ и геройхэм я гумрэ я псэмрэ я щытык1эр, абыхэм я гуращэр, я гуапэр е я гуауэр къэбэрдей литературэм япэу зэрыщигъэлъэгъуар. Абы и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къегъэлъагъуэ патриорхальнэ – феодальнэ щытык1эм Къэбэрдейр щитам ди ц1ыхухэм я псэук1ар, пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр; «Мадинэ» поэмэр адыгэ унагъуэм, абы илъа хабзэм теухуащ; «Тембот и дыгъуасэхэм» къэбэрдей мэкъумэшыщ1эхэм Дзэлыкъуэ къыща1эта восстанэм щыгъуазэ дащ1; «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Партизан Жамбот» поэмэхэм ди хэкум граждан зауэр зэрыщек1уэк1ар, нэгъуэщ1хэри.
Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.
Щоджэнц1ык1у Алий и бзэр дахэщ, къулейщ. Сэ изогъэщхь ар макъамэ гуак1уэ зыщ1элъ уэрэдым. Щоджэнц1ык1ум щхьэк1э куэдрэ жа1эу зэхыбох : « усак1уэ 1эзэщ». Ауэ, сэ къызэрыслъытэмк1э, Алий дежк1э ар мащ1эщ. Ар псалъэм и художник 1эзэм къыщымынэу, гъащ1эм куууэ пхырыплъыф ц1ыху щыпкъэщ.
Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.
Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.
Нобэ Алий тхэмытыжми,
Псоми ди гум 1эф1у илъщ.
Къигъэнауэ и лэжьыгъэр
Усак1уэшхуэм и фэеплъщ.
Гъу. Хъу.
Щоджэнц1ык1у Алий хузоус.
Адыгэ хэкуу си лъахэм
Алий ц1эр лъагэу ща1этыр.
Усак1уэ иным уэ птхахэм
Кавказ щ1ыналъэр щолъап1эр.
Уи тхыгъэф1 куэдхэу къэнахэм
Псэщ1э ц1ыху псоми яхелъхьэр.
Уи усэ шэрыуэхэр зыджахэм
Сэри сащыщщи согуф1эр.
Уи повесть дахэхэм уеджамэ,
Мыбэяуж гу къеуэр щ1эх.
Гукъыдэж пщ1ыуэ, ут1ысамэ,
Узэ1эпешэ, удехьэх.
Уэ уэщхьу дахэу сытхэфамэ,
Ар насыпышхуэу сэ сыбжынт.
Уэ пхуэдэ тхак1уэ здэнт сыхъуамэ,
Сэ усэ тхынк1и с1уэтэжынт.
Мы гъащ1э 1эф1ым утемытми,
Сыт щыгъуи ди гум ущопсэу.
Мы ди зэманым ухэмытми,
Уи тхыгъэр куэдрэ тхурепсэу.
Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.
Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.
Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.
Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.
Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?
Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.
Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.
«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.
Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.
Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .
Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…
Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.
Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…
Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.
Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.
Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:
Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,
Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,
Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…
Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.
Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.
Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».
Адэк1и щ1оупщ1э:
«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?
Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,
Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»
Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.
Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.
Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:
Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!
Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!
Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.
1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.
Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.
Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:
Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!
Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.
Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей
Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.
Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,
Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.
Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.
Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.
Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!
Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.
Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.
Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.
1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.
Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу
«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э
Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.
Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!
Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.
Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э
Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.
Хэт зы1уагъэр тихэку ц1ык1оу,
Игубгъо бгъузэу, имэз п1уак1эу7
Хэта зы1уагъэр тыбзэ тхьамык1эу,
Тыгум ихъык1рэр фызэмыгъэк1оу7
1эшъынэ Хьазрэт.
Сэ адыгэ лъэпкъым сыщыщ, сич1ыгужъ сис, сыщап1у, сыщеджэ. Синыдэлъфыбзэ сырэгушхо, сэгъэлъап1э, зэсэгъаш1э. Ар сиш1улъэгъу, си Дунай. Жьы къэсэзгъащэрэр, сызыгъэпсэурэр, сызэрэгупшысэрэр къызэрис1отык1ырэр, лъэпкъэу сыкъызхэк1ыгъэм гъогу къинэу къык1у-
гъэр сэзыгъаш1эрэр сыбзэ лъап1эу адыгабзэр ары. Адыгэ лъэп-
къэу сызщыщым ишэн-хэбзэ дахэхэр къысфызэ1узыхырэр синыдэлъ-
фыбз. Жэбзэ чанэу адыгэ лъэпкъым 1улъыгъэр, къысфэзы1уатэ-
рэр синыдэлъфыбз, ар сэ спсэ, ситыгъ, ар к1оч1эшху.
Сидунай идэхагъи, сипсыхъо нашхъоу Лабэ и1ушъэшъэ макъи, сикъушъхьэ лъагэхэм язэпэш1эти, сигубгъомэ ягухахъуи, тихышхо шхъуант1э илъэшыгъи сиадыгабзэ зэхысегъаш1э.
Тыбзэ гущы1э щэрыохэмк1э бай, дахэ. Ащ ибайныгъэ къыз1эк1эхьа-щтыр зыбзэ 1оф дэзыш1эу, ш1у зылъэгъоу, уасэ зилъэпкъ фэзыш1ы-
рэр ары. Ащ пае синыдэлъфыбзэ дэгъоу зэрысш1эным сыфэбанэ. Бзэ къабзэу 1улъымк1э сэрк1э щысэтехып1 сик1элэегъаджэ. Ащ тиц1ыф гъэсагъэмэ, титхак1омэ яжэбзэ чан нафэ къытфеш1ы, тыбзэ идэ-
хагъэ ш1у тегъэлъэгъу.
«Жэр шъхьэм ил1ык1у» — а1о адыгэмэ. Ар къеушыхьаты тэ непэ культу-
рэу ти1эм. Бзэр щэ1эфэ, лъэпкъыр псэущт ык1и культурэр щы1эщт. Хэтрэ ц1ыф лъэпкъи ежь ыбзэрэ ихабзэрэ егъаш1ох, къеухъумэх, къегъэгъунэх. Ц1ыф лъэпкъыр зыгъэпсэурэр бзэр ары. Тыбзи т1улъын, тихабзи тхэлъын фае адыгэ лъэпкъыр псэуным пае.
Бзэм, гущы1эм к1уач1эу я1эр ины. Зэпыйхэр зэрагъэш1ух, зэш1ухэр зэпый аш1ых, заор къырагъажьэ, мамырныгъэр дунаим тырагъэлъы, зэкъошныгъэр агъэпытэ, сымаджэр ылъэ къытырагъэуцожьы. Ц1ыфым ш1ошъхъуныгъэ къыраты, неущрэ мафэр лъагъэк1уатэ.
Бзэ п1умылъэу угупшысэни плъэк1ыщтэп. Арышъ, бзэмрэ гупшысэмрэ пытэу зэпхыгъэх. Бзэк1э къэмы1огъэ гупшысэ зэрэщымы1эм фэд, гупшысэ хэмылъэуи бзэ щы1эп.
