Обновлено: 11.03.2023
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.
Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.
C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,
Гъащ I эщ I эм и епэр!
Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,
Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!
Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.
Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум
папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .
Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .
Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.
Адыгэ лъэпкъыр зэ шъукъэдаIо!
Ти АдыгабзэкIэ тыжьугъэгущыIэ
Ти бзэ нахь дахэ зэрэщымыIэ
Сабийхэр шъуиIэмэ агурыжьугъаIо!
Адыгэ лъэпкъоу зыбзэ зымышIэрэм
Мыри Адыг пIоу таущтэу уеджэщт?
Янэмэ-ятэмэ арымыгъэшIагъэмэ
Шэныхэр хабзэхэр таущтэу ашIэщт?
Адыгэ унагъом сабыир къихъуагъэмэ
ТинэдэлъфыбзэкIэ шъудэгущыIэ
ГущыIэ дахэ сабыим ебгъашIэмэ
ГущыIэ дахи уигъэшIэжьыщт.
Тибзэ тымышIэу тыкъэжьугъэтэджымэ
Уахътэу блэкIыгъэу шъукIэгъожьыщт
Тэщфэдэу Адыгэ цIыфмэ тахахьэмэ
Ти бзэ тымышIэмэ къытшIокъиныщт.
УАдыгэба, уибзэ умышIэ къытаIомэ
Ар гу къауэшхоба зэ шъуегупщыс
Тыгу кIодыгъоу унэм тыгъэзэжьымэ
Джэуап къэшъутыщтыри къэшъугупщыс.
Тилъэпкъ бае игъэкIодынэу
боу цIыф аджи таужь къихьагъ.
Хэкужьы чIыгум тыкъырыфыгъэми
Хымэжьы чIыгум тыщыбэгъуагъ.
Къухьам изыхэу цIыфхэр къыращызэ
Тянэжьхэр тятэжьхэр ащ щылIыхьагъ
Шхыни тэрэз ящамыгъотоу
Шырамыгъэтоу зэтелIыхьагъ.
Псаоу чIыгу хымэм къэсыгъэхэр
Зы чIыпIэ горэм щыратэкъохьыгъ
Коцыри былыми къыщымыхъунэу
ЧIыгу лIагъэр тэ къытатыгъ.
Тилъэпкъ къинэу тищэкIыгъэр
Сабийхэр жьугъэтIыси шъыпкъэр яшъуIуат
Тэ непэ азапэу тызхэтыр имышIэмэ
ШIу лъэгъуныгъэр фыримыIэщт.
Илъэпкъ ашIугъэр непэ имышIэмэ
Неущ Тыркум, Арапым дэкIони ар хэхьажьыщт
Илъэс пшIырэ пшIыкIутфырэ блэкIымэ
Ар Адыгагъэми шигъупшэжьыщт.
Тянэхэр тятэхэр тыкъэжьугъэтэджи
ЩыIэныгъоу тызфакIорэм тежьугъэгупщыс
Хымэжьы чIыгум тыщымыунэхъузэ
Тыкъэжьугъэтэджи тихэкум тэжьугъэзэжь.
* Мыр къэзытхыгъэр зы кIэлэ егъаджакIо шъуз горэм. Ежьыр зэгорэм Тыркум къэкIуагъэу ныбжьымэ АдыгабзэкIэ аригъэшIэным пылъыгъагъ. Зы кассет ежь имакъэкIэ еджагъэу седэIугъагъ мы поэмыр. ар сэрыкIэ ихэкум пае фэзаорэмэ, фэлажьрэмэ ащыщ.
Бзэм и махуэм ирихьэл1эу Хьэтуей къуажэм курыт еджап1эм _____ классым щек1уэк1а пшыхь.
— Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу
хъуным, хъумэным елэжьын.
— Я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.
Пшыхьым и ек1уэк1ык1эр
- Хэзыщэ псалъэмакъ. (Тхьэгъэлэдж Светэ и макъамэ «Бзэрабзэ си
хъыбар псоми фызогъащ1э.
Нобэ махуэ лъап1эщ,
Школым ящ1 унафэ:
Ди еджап1эм щ1эсхэр дэ къыдогъэблагъэ.
Нобэ икъук1э махуэ лъап1эу.
Дэ мы школым дашэ хьэщ1эу.
Езыгъ.: Фыкъеблагъэ, Фыкъеблагъэ!
— Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ кърихьэл1а псоми! Нобэрей ди пшыхьыр зытеухуар ди бзэ дахэ, ди бзэ 1эф1, ди бзэ шэрыуэращ.
Адыгэм и хабзэщ сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1идзэуи, дэри а хабзэм тету щ1эддзэнщ.
— Ат1э дапщэщ къежьауэ п1эрэ а хабзэ дахэр?
— Хъуэхъур ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадок1уэк1. Хъуэхъуэныр хабзэ дахэщ. Абы пыщ1ар угъурлыгъэрэ акъылыф1агъэрэщ. И ныбжьымрэ и акъылымрэ теухуауэ адыгэхэм мыхъуэхъуэф яхэткъым.
— Адыгэм хьэщ1э и1эмэ, япэ хъуэхъур абы тражы1ыхьу щытщи, девгъэхъуэхъут дэри ди хьэщ1эхэм.
-Ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Узыншагъэ быдэ фи1эну,
Фи лъэр здихьам насып здифхьэну.
Нобэ къэфк1уа гъуэгуанэм
Нэхъ гугъехь фымылъагъуу
Куэдрэ ц1ыхухэр вгъэгуф1эу
Усэ ц1ык1ухэр къоджэ
Зджащ нэмыцэр, зэи
Урысыбзэр хъуащ си 1эщэ лъэщ
Ауэ ф1ыуэ слъагъуу адыгэбзэ макъым
И дахагък1э зыри пэмылъэщ
Налкъут щыгъэу ар къызэролъэлъыр.
Жэнэт бзууэ къо1ущащэр зэм…
Си лъэпкъ уардэ – Нобэ ф1ыуэ слъытэм
И къежьап1эр ди уахътыншэ бзэрщ.
Езыгъ: Дэ си1эщ анэдэлъхубзэ дахэ, шэрыуэ, купщ1аф1э.Ар адыгэбзэщ. Ди адыгэбзэр бзэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ.
— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.
Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!
Езыгъ : Упсэу уэ куэдрэ!
Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр.
Упсэу уэ куэдрэ!
Уэ уди1эщ шабзэу
Упсэумэ, ди лъэпкъыр псэунщ.
(Мэзым и макъ къо1у)
Езыгъ.: Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.
Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ. Ахэр ди адыгэ 1уэры1уатэм хыхьэ псалъэжьхэмрэ, жы1эгъуэхэмрэщ . Псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэк1эр, и дуней еплъык1эр л1эщ1ыгъуэк1э щызэхуэхьэсащ. Псалъэжьхэр нобэми ди культурэм, ди гъащ1эм хэпщауэ, нэхъыщ1эр ягъэ1ущу, нэхъыжьыр яущийуэ щытщ. Дэри нобэ абы гъунэгъу зыхуэтщ1ынщ. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди еджак1уэ ц1ык1ухэр. (сабийхэм псынщ1эрыпсалъэ, псалъэжьхэр жа1э)
Ц1ык1ухэм псалъэжьхэр жа1э
— Бзэр джатэм нэхърэ нэхъ жанщ
— Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ
— Адыгагъэр – нэмысщ, нэмысыр – насыпщ.
— Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ
— Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.
— Адыгагъэ мыщ1э адыгэбзэ щ1экуъщ.
— Адыгагъэр къалэнщ, армыхъумэ 1уэхутхьэбзэкъым.
— Еблагъэ зи бэм и бын мэжал1экъым
— Псэм ф1э1эф1ыр, нэм ф1эдахэщ
— Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ
— 1ущыр щэ мэчэнджащэ
— Акъыл к1эщ1ыр бзэгу к1ыхьщ
— Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэныркъым.
— Пшынауэр бгъунлъэм, лъэпкъыр мэук1ытэ.
Ди анэбзэу-ди адыгэбзэр ф1ыуэ зэрытлъагъур, зэрыдгъэшэрыуэр къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр къута хъунымк1э сэбэпышхуэщ, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эщ. Девгъээда1уэт – т1э абыхэм.
— Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм л1ыжь жьак1эхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ
— Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
— Пыжь пызу пыту щыту жыг.
— Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.
— Щ1алэ щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.
— Гъук1эр бгъук1э къалъэри пк1элъейм дэлъеижащ
— Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ
Езыгъ.: 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу, зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ. Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и гулъытэмрэ здынэсыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ ц1ыхухэм пщыхьэщхьэрэк1э лэжьыгъэ нэужьым зыщагъэпсэхук1э къащ1эу щытащ а къуажэхьхэр. Ат1э къэфщ1эфыну п1эрэ фэри ахэр. Девгъэплъыт, ди хьэщ1э лъап1эхэ.
— Сэ сыхуейт зыхуэзгъэзэну ди хьэщ1эхэм. Класс къэсыхук1э ц1ыху т1урыт1 фыкъыдогъэблагъэ ди сценэм. Дызэпеуэнщ класск1эрэ, тек1уэм саугъэт къелэжь.
Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:
- Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. ( Набдзэ)
- Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1 . ( 1эпхъуамбитху, пэ)
- Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. ( Пхъэх)
- Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. ( Аслъэн)
- Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. ( Щ1акхъуэ)
- Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. ( Дзыгъуэ)
- Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. ( 1эжьэ)
- Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ. ( Нартыху)
- Банэ топу зи пэр т1ей (цыжьбанэ)
- Зи пэр папц1э, зи к1эр гъуанэ (мастэ)
- К1уэ пэтми бжьиз зымык1у (гущэ)
- Вагъуит1 яку 1уащхьэ (пэ)
- Ди гуэн ц1ык1у лы изщ (1эпхъуалъэ)
— Езыгъ : Фыпсэу, хъарзынэу фыкъыздэлэжьащ. Ик1и т1эк1у зыдывгъэпсэху. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди пэщ1эдзэ классым щеджэ ди еджак1уэ ц1ык1ухэм я къафэр. Къедывгъэблагъэ!
- Хэт, ц1ык1ухэ, фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?
Т1ум къебжэк1 жа1э:
- Си къаз пльэгъуа? — Вындыр-щэ?
- Слъэгъуащ. — Жыгым пысщ.
- Дэнэ к1уа? — Жыгыр-щэ?
- Абгъуэм исщ. — Уэщым иреупщ1э.
- Сыт къиук1эц1? — Уэщыр-щ1э?
- Джэдык1э. — Пщ1ащэм хэлъщ.
- Хэт ишх? — Пщ1ащэр-щэ?
- Мэлыхъуэм. — Лыгъэм ес.
- Сыт къыдит? — Лыгъэр-щэ?
- Хъурыфэ. — Псым егъэунк1ыф1.
- Хэт игъэтэдж? — Псыр-щэ?
- Тэджырей. — Хьэм иреф.
- Хэт ибз? — Хьэр-щэ?
- Бзэрей. — Л1ым щ1ыгъущ.
- Хэт ид? — Л1ыр-щэ?
- Дэрей. — Мэкъу йоуэ.
- Хэт щит1агъэ? — Мэкъур-щэ?
- Уи шыпхъум. — Шхалъэм дэлъщ.
- Дэнэ ук1уэ? — Шхалъэр-щэ?
- Хьэщ1ап1э. — Жэмыр бгъэдэтщ.
- Сыт къраугъэшх? — Жэмыр-щэ?
- Щыхь куц1рэ фо — П1ап1у къехь.
- Си 1ыхьэр-щэ? — Джэдум иреф.
- Гъуанэм илъщ. — Джэдур-щэ?
- Илъыжкъым. — Гъуанэм исщ.
- Дэнэ к1уа? — Гъуанэр-щэ?
- Вындым ишхащ. — Уэ уисыжщ.
- Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?
- -Адыгэ хъыджэбзырщ.
- -Абы нэхъ дахэжыр сыт?
- -Адыгэшу къабзэрщ.
- -Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
- -АдыгэлI губзыгъэращ.
- -Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
- -И бзэрщ- адыгэбзэрщ.
Езыгъ: Адыгагъэр дэни къыщыхощыр, ди адыгэ уэрэдхэми, ди усак1уэ, тхак1уэ 1эзэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэми. Девгъэда1уэт-т1э абыхэм.
(ц1ык1ухэр усэ къоджэ)
Адыгэбзэ – си анэбзэ
Си лъэпкъым и псэр
Сэри ди Тхьэшхуэм къыс1урилъхьащ.
А бзэм нэхъ лъап1э
Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм
Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,
И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.
Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,
Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?
Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат
Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,
Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.
Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,
Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.
Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи
Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.
Езыгъ: Адэк1э ди пшыхьым уэрэдк1э къыпащэнщ ди езанэ классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэм.
Езыгъ: Ди пшыхьым и пэм деж зэрыжыт1ащи, адыгэм и сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1едзэ,хъуэхъук1и еух. Дэри а хабзэм дытету дыхуейт ди пшыхьым ик1эм деж ди адыгэ лъэпкъым дынывэхъуэхъуну.
(ц1ык1ухэм хъуэхъу жа1э)
Ди гур хуабэ къысхуэфщ1ащ,
Псалъэ дахи зэхэтхащ,
Бзэми дэ зедгъэужьащ,
Ныбжьэгъу куэди къэдгъуэтащ.
Саугъэту дэ хъуэхъу дахи нывжет1ыну дыхуежьащ.
Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,
ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,
Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,
Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,
Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,
Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,
Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,
ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,
Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,
Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,
Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,
Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,
Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,
Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,
Ддэр цIыхугъэрэ напэу,
Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,
ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу
Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,
Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.
Езыгъ : Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!
Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!
Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!
Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!
Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ!
Мурадхэр: — ЦIыхум и анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр псэкIэ еджакIуэхэм зыхегъэщIэн;
— Я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу, ирипсалъэу, Iуэху иризэрахьэу, я гупсысэ хуиту къраIуатэу егъэсэн;
Адыгэ макъамэ дахэ къеуэу композицэр езыгъэкIуэкIынум къыщIедзэ.
Сэ соупщIыр, сэ соупщI дыгъуасэм,
Тхыдэм и дыгъуасэ гум и щIасэм:
— Яхъумахэр сыт ди адыгэлIхэм,
Я псэ IэфIыр мафIэм щыпэралъхьэм?
Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,
ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.
Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр
Си адыгэ, си адыгэ напэр.
Сэ соупщIыр, сэ соупщI си махуэм,
Си нобэрей махуэ гум и нэхум:
— Зыхуэлажьэр сыт си гуащIэ мащIэр,
СыщIэпагэ мы си лъэпкъ гумащIэр?
Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,
ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.
Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр
Си адыгэ, си адыгэ напэр.
Сэ соупщIыр, сэ соупщI си гъащIэм,
Си къэкIуэну гъащIэ нуру сфIэщIым:
— Къытезнэнур сыт си лъахэ дыщэм,
Сыпсэну сэ сащымыгъупщэу?
Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,
ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.
Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр
Си адыгэ, си адыгэ напэ!
Джэдгъэф Борис.
Езыгъэк1уэк1ым: 2. Къыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ ц1ыхум зэхехыр анэм, адэм, адэшхуэ – анэшхуэхэм я макъ. Псалъэхэр имыщ1э щ1ык1э сабийм макък1э къиц1ыхуу хуожьэ махуэ къэс илъагъу, игъунэгъу ц1ыхухэр. Ауэрэ псэлъэфу, къэзыухъуреихь дунейр зыхищ1эу щ1едзэ. Щ1эныгъэл1хэм къызэрахутамк1э, сабийм илъэсибл ныбжьым щитым псалъэу нэхъыбэ дыдэ зэрегъащ1э, игу иреубыдэ, адэк1э къигъэщ1эну и гъащ1э псом нэхърэ. Аращи, абы щыщ1эдзауэ, ц1ыхум и бзэм лъагъуныгъэ хуи1эу къэгъэтэджын хуейщ. Ауэ сытми жа1эркъым, щ1эныгъэ уимы1эу упсэуфынущ, ауэ бзэр умыщ1эу упсэуфынукъым. Пэжщ ар иджыи.
Езыгъэк1уэк1ым: 3. Къызэрахутамк1э, бзэуэ миних (6 тыс.) щы1эщ. Абы и ныкъуэр хэк1уэдэжыным нэсауэ щытщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху ирипсалъэкъым, нобэр къыздэсым тхыгъэ зимы1э лъэпкъи хэтщ, псалъэм папщ1э, Африкэм и ц1ыхухэм щыщу процент 80% -м иджыри я1экъым тхыгъэ. Илъэс къэс бзэуэ пщ1ы (10) хок1уэдык1, мэк1уэдыж. Гуры1уэгъуэщ, бзэр к1уэдыным нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэ зэрыщымы1эр, сыт щхьэк1э жып1эмэ абы и гъусэуи лъэпкъри мэк1уэд.
Езыгъэк1уэк1ым: 4. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъагъун, егъэджын, егъэщ1эн, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэ лъандэрэ ЮНЕСКО –м, мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. Дэри мы тхьэмахуэм абы теухуауэ едгъэк1уэк1ащ 1уэхугъуэ зыбжанэ , ик1и ахэр псори къызэщ1эткъуэжу нэбэ, бзэм и махуэм, литературно – макъамэ композицэри, зэрыжыт1ащи, абы тедухуащ.
5. Анэдэлъхубзэу бзэм я лей!
Ди гущэ къуапэм и уэрэд,
Укъыддалъхуащи ди псэм ухуэдэщ.
Ди адыгэбзэ, уей!
6. – Дунейм щынэхъ дахэр сыт?
— Абы нэхъ дахэжыр сыт?
— Адыгэ шу къабзэрщ!
— Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
— Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
— И бзэр – адыгэбзэрщ!
Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм
Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,
И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.
Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,
Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?
Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.
Си анэдэлъхубзэ, зэкъым уэ губгъэну
ЗэрыпхужаIахэр нэху къыптемыщхьэну,
ЖаIэрт убзэхыну, жьым зэрихьэ бгъэну,
КъалэкIыхьым адкIи сыфIумышыфыну.
Ауэ, зыпIэтащи, бгъэхэм уохьэуохуэ.
Тэрчым и псыпыхуу мыкIуэщIыжщ уи псалъэр.
Шууейр и уанэгум нобэ щогъэхахуэ,
Тхуожумарт сыт IуэхукIи уэ Iущыгъэу пхэлъыр.
ЗашэщIащ уи гъуэгухэм, къэрал Iэджэм нэсу.
НэгъуэщIыбзэ жылэхэр зыхэплъхьащ бэвыгъэу.
Фыздопсэу бзэ Iэджэ нобэ зэнэзэпсэу.
Сэри сегъэусэ пхэлъ уи шэрыуагъэм.
Си анэдэлъхубзэ, узианэщ — ушэ,-
Анэр зэи хъуркъым гущэ уэрэдыншэ.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.
11. Бгы лъапэм къыщIэж нартсанэу къабзэ, анэ быдзышэу къэуат, хьэуа пэлъытэу узыпхыплъыф, налкъут – налмэсу гъэжа, дыщэ плъыжьым ефIэкI, Iущыгъэ инхэр къызэIузых, зи жылакIэр, кIуэдыж яфIэщIми, бэурэ къэкIыж, тенджызым имытхьэлэф, гурыщIэ куухэр зэрыIуах IункIыбзэ, бийм игу изых, анэ гущабэу къодэхэщIэф, пэж зэраIуатэ, лъагъуныгъэбзэкIэ дахащэ.
12. Уэ урибзэщ нарт Бэдынокъуэ, лIыгъэм сыт щыгъуи ухуэгъэпсащ, уэ урибзэщ Сэтэней гуащэ, хьэгъэщагъищи Iэзэу зыбохьэ, уэ урибзэщ ПащIэ Бэчмырзэ, Iущыгъэ инкIэ уэ упсыхьащ. УIурылъащ ЩоджэнцIыкIу Алий, уэрщ зэраIуэтар Лацэ, Мадинэ сымэ я лъагъуныгъэр!
13. Си адыгэбзэ, си адыгэпсэ, уэ усIурылъщи, сэ нэхъ бей щымыIэ, уэ узиIэщи, зеиншэ зыми сыхуэмыщIын, си лъахэм и гур уэращ, уэрщ и хъумакIуэр си лъэпкъым!
Сэ слъэкIыгъамэ, уи щIыхьыр уафэм нэсыхукIэ сIэтынт, илъэс мин къакIуэхэм упсэун хуэдэу, къулеигъэ псори уэстынт, ахэр уэ узэриIэр сымыщIэу щытамэ,Тхьэм сыпхуелъэIуурэ уэ къыпхуеIысхынт, си адыгэбзэ, си адыгэпсэ!
Си анэдэлъхубзэ, си лъэпкъыбзэ,
Анэбзэу си псэм къеубзэрабзэ,
Хэт и бзэ сэркIэ нэхъ щэбэн!?
Нэхъ къехуэбылIэ псэм згъуэтын!?
IущагъкIи хэт къыппэлъэщын!?
Хэт и бзэ упэсщIын слъэкIын!?
Уэрыншэу сыт схузэфIэкIын!?
Уэрыншэу сыпсэун слъэкIын!?
Си адыгэбзэ, си псэм и псэ,
Лъэпкъ гъащIэм лъыкIэ ухэпщащ.
Лъы защIэ лъэпкъыр куэдрэ хъурти,
УщIыгъуащ, хуэбусу гъыбзэ бын кIуэдахэм,
ДэпIэтащ бгъэпсалъэу пшынэр,
Уэращ ди лъэпкъым и нэ вагъуэр
Мэмхэгъ Рая.
15. Адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэ хьэлъэм и Iэужьщ ди лъэпкъэгъухэр дуней псом щикъухьа зэрыхъуар. Ауэ дэнэ щымыпсэуами ахэм я гур я хэкужьымкIэ щыIэщ, я бзэри, я хабзэри зыщагъэгъупщэркъым.
16. Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.
Акъыл ин ухуэмей
Къыбгуры1уэу а т1эк1ур
Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,
Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.
Бзэр тхъумэну зымыдэр
Ди биям къагъэщ1ащ.
Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,
К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым
Хипщэжар сыт хъужын.
Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,
Лъы зыщ1этыр фысакъ.
Псы зыщ1этыр тек1уэту,
Вгъэ1у бзэ дахэм и макъ.
Бештокъуэ Хьэбас.
17. Лъэпкъыр узыншэу щытын папщ1э, ар япэк1э к1уэтэн щхьэк1э щ1эблэ узыншэ и1эн хуейщ. Сабийр дунейм къыщытехьа махуэм щыщ1эдзауэ анэдэлъхубзэр дахэу зэрыбзэрабзэр зыхегъэщ1эн хуейщ. Сыт хуэдэу гухэхъуэ зи анэбзэр зыгъэбзэрабзэ щ1эблэм уедэ1уэну!
И бзэр имыщ1эжым.
Бухъар пы1эр лъагэу
Жьым нэмыс хуимыщ1ым.
И пщ1эр ф1эмык1уэдым,
1уэхук1э щытхъу къихьамэ,
Мис аращ адыгэр.
И ф1ыщ1агъэр щ1эблэм
Мис аращ адыгэр!
И гур ныбжьэгъу куэщ1мэ –
Мис аращ адыгэр!
Щоджэнц1ык1у Нурий.
Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ,
Хэкум уэ уриуэздыгъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ дахэ,
Дунейм уэ уринэхугъэщ.
Адыгэбзэу си псэм и псэ,
Сэ узиIэщ гъащIэ Iэнэу.
Адыгэбзэу си нэм и нэ,
Сэ узобжыр узианэу.
Адыгэбзэу си бзэ пагэ,
Лъэпкъым уэ урикъэбзагъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ гуапэ,
Дунейм уэ урипэжыгъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ нахуэр,
Уэ ди лъэпкъым уридыгъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ хахуэр,
Си лъэпкъ уардэм уримазэщ.
Уэрщ си лъэпкъым и хъумакIуэр.
УщыIухукIэ уэ ди лъахэм,
Ибэ хъункъым си лъэпкъ мащIэр.
Хьэрэдурэ М.
20. Си адыгэ лъэпкъри, си анэдэлъхубзэри зэи уэрэдыншэ хъунукъым, бзэрэбзэнущ, зи цIэр жыжьэ Iуа, зи хэкур, лъэпкъыр, бзэр зыгъэбжьыфIа е иджыри зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр хэмыкIуэдэжу дунейм тетыху. Дэ дрогушхуэ ди лъэпкъ уардэм Редадэ, Инал, Идар Темрыкъуэ, Нэгумэ Шорэ, Къардэн Къубатий, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, тхакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, Пащты Гермэн, дирижер Темыркъан Юрэ, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI К1унэ, олимп чемпионхэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудран Беслъэн, Джэду Аниуар сымэ, нэгъуэщI куэдхэри къызэрытхэкIам. Мыбыхэм хуэдэ адыгэ дунейм тетыху, ди лъэпкъри псэунущ, ди адыгэбзэри бзэрэбзэнущ.
21. Адыгэбзэр убзэрабзэм,
Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,
Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри,
Бзум усэныр ягу къокIыжыр.
22. ЦIыхум и псэм пищIыфынур, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы и гъунэгъу дыдэращ, фIыуэ илъагъуращ, къыдалъхуаращ. Апхуэдэщ анэдэлъхубзэри цIыхуу дунейм тетым я дежкIэ, ар анэм къыдделъху. Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.
Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIхэр зэхыуагъэхыу
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр
Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,
Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу –
Мо 1уащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм
Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,
Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым
Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,
Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Хьэм уигу щIэгъуу –
Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,
ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
АфIэунэ Лиуан.
Читайте также:
- Далекая и близкая сказка астафьев сочинение
- Сочинение по картине кустодиева балаганы
- Сочинение на тему игрушка будущего
- Для чего нужны фильмы о войне сочинение
- Философское сочинение аристотеля 10 букв
1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ И дахагъэм уемыпъыфу Жьыр къыппеубыд. Дунейм теткъым зы щ1ыналъи Къэбэрдейм къыпэувын! И дахагък1и и къабзагък1и Абы къытек1уэн. Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож. Езыр мэзым щ1игъэнащи Жыг абрагъуэхэр къыщок1. Удз гъэгъау абы къыщык1ым Щ1эи гъуни имы1эж. Сэ усак1уэу сыщытамэ Уэрэд 1эджи пхуэзусынт Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр Семызэшуи згъэбжьыф1эн
(19 оценок)
Ликусик25042006
1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ И дахагъэм уемыпъыфу Жьыр къыппеубыд. Дунейм теткъым зы щ1ыналъи Къэбэрдейм къыпэувын! И дахагък1и и къабзагък1и Абы къытек1уэн. Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож. Езыр мэзым щ1игъэнащи Жыг абрагъуэхэр къыщок1. Удз гъэгъау абы къыщык1ым Щ1эи гъуни имы1эж. Сэ усак1уэу сыщытамэ Уэрэд 1эджи пхуэзусынт Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр Семызэшуи згъэбжьыф1эн
25 votes
Thanks 52
метки: Срибийщ, Срителъхьэщ, Мамырыгъэм, Хуемыiэ, Цiыхухэм, Куэдым, Гъащiэ, Ситмэ
Поделитесь с коллегами:
Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.
Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.
Cи хэкууэ дыщэ губгъуэ,
ГъащIэщIэм и епэр!
Кавказым и щIы фIыгъуэ,
Уи теплъэм IэфI ещI псэр!
Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.
Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цiыхухэм я гъащiэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум
22 стр., 10815 слов
КЪЭЖЭР ХЬЭМИД УЭРЭД ЩIАУСЫР Литературэ портретхэр НАЛШЫК «ЭЛЬБРУС» …
… нэхърэ нэхъ Iэзэу абы тетхыхьар игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Сокъур Мусэрбийщ. Тхьэгъэзит Зубер и творчствэр ди Хэкум щызэлъащIысам, … щытхъу псалъэ гуапэхэр. Тхьэгъэзит Зубер и творчествэр ди лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэрыхыхьэрэ куэд щIащ. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр хрестоматием … Иджырейри, КъэкIуэнури зыуэ щызэхэжабзэж Зэманыр, – а псори щызэхэхуэж «тенджызыр» дахэ къудейтэкъым. Ар икIи абрагъуэт. …
папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.
Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.
Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.
Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уэгум сихьамэ,
щIылъэр си плъапIэщ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
Уи къалэ щхьиблым
Зыкърагъэщхьу,
Вагъуэзэщиблыр
жэщкIэ зэщIоблэ.
А блым еянэу,
Нэхъ ябжьэфIэкIыу
Си гурыфIыгъуэр
Адыгэ хэкукъэ.
Уи нэр зыдэплъэм
Уи лъэр лъоIэсыр.
Къырым илъ дани
УлъэIэсакъэ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.


1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ И дахагъэм уемыпъыфу Жьыр къыппеубыд. Дунейм теткъым зы щ1ыналъи Къэбэрдейм къыпэувын! И дахагък1и и къабзагък1и Абы къытек1уэн. Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож. Езыр мэзым щ1игъэнащи Жыг абрагъуэхэр къыщок1. Удз гъэгъау абы къыщык1ым Щ1эи гъуни имы1эж. Сэ усак1уэу сыщытамэ Уэрэд 1эджи пхуэзусынт Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр Семызэшуи згъэбжьыф1эн
(19 оценок)
1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ И дахагъэм уемыпъыфу Жьыр къыппеубыд. Дунейм теткъым зы щ1ыналъи Къэбэрдейм къыпэувын! И дахагък1и и къабзагък1и Абы къытек1уэн. Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож. Езыр мэзым щ1игъэнащи Жыг абрагъуэхэр къыщок1. Удз гъэгъау абы къыщык1ым Щ1эи гъуни имы1эж. Сэ усак1уэу сыщытамэ Уэрэд 1эджи пхуэзусынт Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр Семызэшуи згъэбжьыф1эн
1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ И дахагъэм уемыпъыфу Жьыр къыппеубыд. Дунейм теткъым зы щ1ыналъи Къэбэрдейм къыпэувын! И дахагък1и и къабзагък1и Абы къытек1уэн. Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож. Езыр мэзым щ1игъэнащи Жыг абрагъуэхэр къыщок1. Удз гъэгъау абы къыщык1ым Щ1эи гъуни имы1эж. Сэ усак1уэу сыщытамэ Уэрэд 1эджи пхуэзусынт Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр Семызэшуи згъэбжьыф1эн


