Сочинение си щ1ыналъэ

«Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъу»

« Си Хэку,

Ппэсщ1ыни сгъуэтынкъым,

Хэт къыптек1уэну дахагък1э?

Сыпхуэусэнуи сешынкъым,

Си адэжь Хэку, гъэ минк1э!»

( Гъуэщокъуэ Хъусин.)

Сыту мыхьэнэ куэд и1э Хэку псалъэм! Дунейм ц1ыхуу тетым хьэуа къабзэр яшэн зэрыхуейм хуэдэу , Хэкуи я1эн хуейуэ сэ къызолъытэ.

Хэкур- анэщ , псэщ, дыкъыздалъхуа щ1ыналъэщ. Сабийр дунейм къызэрытехъуэу и анэ быдзышэм хэту зыхешэ Хэкум и лъагъуныгъэр. Дыкъыздалъхуа щ1ыналъэм пэжыжьэ дызэрыхъуу, дыхуезэшу щ1ыдодзэ. Дыхуэзэш къуажэ уардэм, ди ц1ыху щыпкъэхэм, ди къэк1ыгъэ дахэхэм, ди псы жьгъырум. Дыхуозэш , сыту жып1эмэ дэ абы дыщыщ 1ыхьэщ. Сэ си Хэкуу собж сыкъыщалъхуауэ сызыщыпсэу си къуажэ дахэу –Куэш-Хьэблэ. Си щ1ыналъэ дахэ, сыт хуэдэ лъагъуныгъэ пхузи1э сэ уэ! Дунейм и щ1ып1э нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ ди щ1ыналъэр. Хэт и1э ди къурш дахэхэм хуэдэ, ди псы уэрхэм я къабзагъэм хуэдэ?

Сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э Хэкум ц1ыхум и гъащ1эм? Сытым ищ1ыс ц1ыхур Хэку имы1эмэ? Гъащ1эр мыхьэнэншэ мэхъу. Анэншэ гъащ1эр к1ыф1 зэрыхъум хуэдэщ, Хэкур пф1эк1уэда нэужь.

Хэкур ди гъащ1эм и зэманым и илъэс нэхъыф1хэр здек1уэк1а здек1уэк1а щ1ыналъэщ, ар ди щ1алэгъуэр здэдгъэк1уа щ1ып1эщ. Нэхъыжьхэм дэ зыхыдагъэубыдэ дысабий щ1ык1э ди адыгэ хабзэф1хэр, игъащ1эк1э адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уахэр.

Гъуэщокъуэ Хъусин жи1ауэ щытащ: « Хэкум худи1э лъагъуныгъэр къыщ1едзэр унагъуэм и деж». Унагъуэм зэгуры1уэныгъэ илъмэ, нэмыс, пщ1э я1эмэ, бынри гъэса мэхъу. Сэ хуабжьу срогушхуэ сыкъызыхэк1а лъэпкъымрэ унагъуэмрэ. Сэ ди унагъуэм ис нэхъыжьхэм ядэслъэгъуащ хабзэф1 куэд, зыхэзубыдэмэ къысщхьэпэжынк1э къэслъытэу. Ныбжьыщ1эм и унагъуэм щ1эсым пщ1э яхуищ1мэ, и лъэпкъми, и Хэкуми пщ1э хуищ1ынущ. Дэнэ къыздыщ1идзэр Хэкур? Сэ сыщыщщ адыгэ лъэпкъым. Си Хэкумрэ лъэпкъымрэ гугъуехь куэд зышэчам ящыщщ, ауэ лъэгуажьэмыщхьэу зэи ягъэувыфакъым. Икъухьащ иджыпсту си лъэпкъэгъу куэд дунеишхуэм, ик1и сэ ар хуабжьу сигу къоуэ. Ауэ дэ псори догугъэ лъэпкъыр зы дыхъужыну, ди хэкуэгъухэми къагъэзэжыну.

Дэ иджыри дысабийщ, ик1и дунейм псори тыншу тет къытщохъур. Псом япэрауэ, ди Хэкум пщ1э хуэтщ1ын хуейщ, деджэу, абы и щ1ыхьыр ину зэрыт1этыным дыхущ1экъун хуейщ. Щ1эблэм зэдгъэщ1эну ди пщэ илъщ лъэпкъым и къек1уэк1ык1ар,

и блэк1ар. Дунейм тету къыщ1эк1ынкъым зы лъэпкъ ди хабзэф1хэм хуэдэ зи1э. Л1эщ1ыгъуэ куэдк1э къыдогъуэгурык1уэ ахэр лъэпкъым. Ди щ1эблэ къытщ1эхъуэнум хуэтхъумэн хуейщ ди хабзэ дахэхэр. Илъэс бжыгъэ куэдк1э щ1эбэнащ адыгэр и щхьэхуитыныгъэм ик1и хуэмыфащэу ирагъэбгынащ и Хэкур.

Ауэ дэ иджыпсту ди щ1эблэр хуиту допсэу, доджэ, долажьэ. Гукъеуэншэу дызэрыпсэум я ф1ыщ1э хэлъщ Хэку зауэшхуэм зи щхьэ зыгъэт1ылъа ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм я псэр ятащ, дэ тыншыгъуэр къытхуалъэщу. Зауэ дыджым и гуауэр здынэмыса щ1ыналъи, унагъуи къэнакъым. Илъэс бжыгъэ тек1ыжами , дэ а л1ыхъужьхэр тщыгъупщэжынукъым зэи , сыт щыгъуи дигу илъынущ. Сыт дунеим дыщ1ытетыр? Сыт хуэдэ мыхьэнэ и1э ц1ыху гъащ1эм? Сыт хуэдэ лъэужь къэдгъэнэфыну? Дэ куэдрэ дызоупщ1ыж. Упщ1эхэм жэуап еттмэ, жы1эпхъэщ: ди унагъуэм , 1ыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм ядэ1эпыкъун хуейщ. Ди Хэкур, къуажэр, дунейр хъумэн хуейщ. Ди къэралым и мылъкум хэгъэхъуэн хуейщ. Дэращ, щ1эблэрщ , абы хуитыр.

Сэ сыхуейщ щ1алэгъуалэр къыхуезджэну ди Хэкур зэрытхъумэжын хуейм. Хьэуар къабзэу, дунейр нэхуу щытыным папщ1э, тлъэк1 къэдмыгъэнэну. Дызэкъуэтмэ — дэ дылъэщщ! Дызэкъуэту ялъагъумэ, зыри къыттегушхуэфынукъым ик1и ди гугъу ящ1ынукъым.Псоми тхузэф1эк1 гуэрк1э ди Хэкум и сэбэп къэтхьмэ,ар хэлъхьэныгъэшхуэ хъунущ. Согугъэ ди Хэкум зиужьыну махуэ къэс, нэхъ дахэ, нэхъ лъэщ хъуну. Дэрк1э нэхъапэр – еджэнращи, тлъэк1 къэдмыгъанэу деджэнщи ди лъэпкъым, Хэкум сэбэп къыхуэтхьынщ.

Насыпышхуэу солъытэ Хэкум ухуэфащэу упсэуныр.

Хэхъуэ, зыузэнщ1, си Хэку дыщэ!

Раздел Другое
Класс
Тип Другие методич. материалы
Автор
Дата 26.01.2016
Формат doc
Изображения Есть

Поделитесь с коллегами:

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

Cи хэкууэ дыщэ губгъуэ,

ГъащIэщIэм и епэр!

Кавказым и щIы фIыгъуэ,

Уи теплъэм IэфI ещI псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уэгум сихьамэ,

щIылъэр си плъапIэщ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Уи къалэ щхьиблым

Зыкърагъэщхьу,

Вагъуэзэщиблыр

жэщкIэ зэщIоблэ.

А блым еянэу,

Нэхъ ябжьэфIэкIыу

Си гурыфIыгъуэр

Адыгэ хэкукъэ.

Уи нэр зыдэплъэм

Уи лъэр лъоIэсыр.

Къырым илъ дани

УлъэIэсакъэ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и псэр — бзэрщ. Бзэр зэрызэпсалъэ, зэрызэгуры1уэ, дунеир къозыгъащ1э 1эмэпсымэщ. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы гъащ1и и1энукъым. Бзэр имы1эмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж.

Зэрыжа1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Пэжщ, ипжк1э зэрыжыс1ащи, къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.

Адыгэбзэр бгъэлъэп1эн, бгъэбэгъуэн, бгъэбзэрэбзэн папщ1э, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщ1эту ущытын хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зы1эщ1эдгъэк1, 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым. Ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ, бзэм зедгъэужьыну дэрэжэгъуэу ди1эу дыщытын хуейщ. «Бзэр зэм нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъэгъун, егъэджын, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэм ЮНЕСКО – м мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. 

Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ.

— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Сыхуейт Тхьэгъэзит Зубер и усэк1э сыухыну:

Анэдэлъхубзэр ущымыIатэм

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

  1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу   Кавказ къуршым къыщхьэщытщ   И дахагъэм уемыпъыфу   Жьыр къыппеубыд.   Дунейм теткъым зы щ1ыналъи   Къэбэрдейм къыпэувын!   И дахагък1и и къабзагък1и   Абы къытек1уэн.   Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ   Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож.   Езыр мэзым щ1игъэнащи   Жыг абрагъуэхэр къыщок1.   Удз гъэгъау абы къыщык1ым   Щ1эи гъуни имы1эж.   Сэ усак1уэу сыщытамэ   Уэрэд 1эджи пхуэзусынт   Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр   Семызэшуи згъэбжьыф1эн

(19 оценок)

  1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу   Кавказ къуршым къыщхьэщытщ   И дахагъэм уемыпъыфу   Жьыр къыппеубыд.   Дунейм теткъым зы щ1ыналъи   Къэбэрдейм къыпэувын!   И дахагък1и и къабзагък1и   Абы къытек1уэн.   Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ   Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож.   Езыр мэзым щ1игъэнащи   Жыг абрагъуэхэр къыщок1.   Удз гъэгъау абы къыщык1ым   Щ1эи гъуни имы1эж.   Сэ усак1уэу сыщытамэ   Уэрэд 1эджи пхуэзусынт   Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр   Семызэшуи згъэбжьыф1эн

Понравилась статья? Поделить с друзьями:

Новое и интересное на сайте:

  • Сочинение си хэку на кабардинском языке 8 класс
  • Сочинение си унагъуэ адыгэбзэк1э 2 класс
  • Сочинение си нанэ дыщэ
  • Сочинение си лъахэ 2 класс
  • Сочинение си бзэ си псэ

  • 0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии